Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъум химыубыдэ IэнатIэхэр зыIыгъхэм я лэжьапщIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдигъэкIа Указ №55-УП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
1.  «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъум химыубыдэ IэнатIэхэр зыIыгъхэм я лэжьапщIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдигъэкIа Указ №55-УП-м  мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) 7-нэ пунктыр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу зэхъуэкIын:
«7. ЛэжьакIуэхэм я улахуэхэмкIэ фондхэр къызэрагъэпэщ «Урысей Федерацэм и къэрал граждан къулыкъум и IуэхукIэ» 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м къащта Федеральнэ закон №79-ФЗ-м и 5I-нэ статьям и 6-нэ Iыхьэм тету Урысей Федерацэм и Правительствэм къищта хабзэ мардэхэр къэлъытауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм зэригъэув щIыкIэм тету»;
б) 8-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн.
2. Мы Указым къару егъуэт 2023 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык  къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м
№150-УГ

Поделиться: