Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм щылажьэхэм я улахуэхэмкIэ фондыр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъум и IуэхукIэ» 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №8I-РЗ-м и 2I-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм тету унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм щылажьэхэм я улахуэхэмкIэ фондыр къызэрызэрагъэпэщ Хабзэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм щылажьэхэм я улахуэхэмкIэ фондыр къызэрызэрагъэпэщ хабзэр, мы Указым ипкъ иткIэ къащтар, къагъэсэбэп 2023 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
3. Мы Указыр гъэзэщIэным текIуэдэну финансхэр къызэрагъэпэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм щылажьэхэм иратын папщIэ зыхуэфащэ финанс илъэсымрэ лъэхъэнэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым щыхухах бюджет ахъшэм и хьэкъкIэ.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм я улахуэр иратын папщIэ хухах бюджет ахъшэр ягъэмащIэркъым мы Указым ипкъ иткIэ къащта Хабзэм тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм я улахуэхэмкIэ фондыр зэраубзыхуам пыщIауэ.
5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я IуэхухэмкIэ Управленэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и аппаратым я къэрал граждан къулыкъущIэхэм я улахуэхэмкIэ фондыр къызэрагъэпэщ хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и указ щхьэхуэхэм япкъ иткIэ.
6.Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м
№148-УГ

Поделиться: