ЗэгурыIуэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. 
КъБР-м и Правительствэмрэ Дин IуэхущIапIэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр нэхъ егъэфIэкIуэнырщ зэIущIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытар. ЩIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тешэн, лъэпкъ хабзэхэр хъумэн, мылъкукIэ хуэмыщIахэм ядэIэпыкъун, цIыхухэр псэукIэ узыншэм тегъэгушхуэн, дин гъащIэр щIэпхъаджагъэм ирапхыну Iэмал ямыгъуэтын папщIэ, щIэныгъэм зегъэубгъун – апхуэдэ Iуэхухэрщ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м и муфтиймрэ зытепсэлъыхьахэр. 
 «Гу лъытапхъэщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, - мы зи гугъу тщIы лъэныкъуэхэр дин псоми къафIэIуэхуу зэрыщытым, фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ къудамэ псори а мурадхэм зэрытелажьэм. Дэ муслъымэн жэмыхьэтхэм фIыщIэшхуэ яхудощI ди цIыхубэм я зэхуаку зэхэтыкIэ узыншэ щыдухуэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIым щхьэкIэ. Зэкъым, тIэукъым а Iуэхур ди Президент Путин Владимир къызэрыхигъэщар». 
ЗэIущIэм кърихьэлIа IэщагъэлIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ тепсэлъыхьащ 2023 гъэм зи лъабжьэр ягъэтIылъыну зыхуамурад, Налшык и «Восточный» щIыпIэм щаухуэну мэжджытым. ЗэIущIэм проект зыбжанэм щеплъащ. Ухуэныгъэм и теплъэр зыхуэдэнур мазитIым къриубыдэу эскизу ящIыну зэгурыIуахэщ. Мэжджытыр хуагъэзэнущ зи гугъу ящI микрорайоным и парк Iыхьэм, текIуэдэнур цIыхубэм зэхуахьэса мылъкущ. 
Республикэм и УнафэщIым Дзасэжь Хьэзрэталий фIыщIэ хуищIащ цIыхубэ гъащIэм жыджэру зэрыхэлэжьыхьым, щIыналъэм зэгурыIуэныгъэр тепщэ щыхъун щхьэкIэ лъэкI къызэримыгъанэм папщIэ, езыми и нэIэ щIэт IуэхущIапIэми я мурадыфI псоми узыншагъэрэ фIыгъуэрэ къахудэкIуэну ехъуэхъуащ. 

 

Поделиться: