ЦIыхухэм гунэс ящыхъуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа

ТхакIуэ цIэрыIуэ Ахъмэт Мухьэдин Хьуд и къуэр къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу. 
Мухьэдин къыщалъхуащ КъШР-м хыхьэ Зеикъуэ къуажэм (ХьэтIохъущыкъуей), ауэ и сабиигъуэр щигъэкIуар Куэш-Хьэблэ жылэращ. Ар къыщыхъуа щIыпIэ дахэхэм куэдкIэ я фIыгъэу къалъытэ тхакIуэ зэрыхъуар.
 Мухьэдин и тхыгъэхэр гъэнщIащ адыгэбзэ къабзагъэкIэ, шэрыуэкIэ, удэзыхьэх, узыIэпызышэ гупсысэкIэ. ЩыIэкъэ зэ къэщтэгъуэкIэ щIэбджыкI тхыгъэхэр?! Апхуэдэщ Ахъмэтым и IэдакъэщIэкIхэр.
Хэт зымыщIэр абы и «Шэрэджокъуэ», «Мэз гуащэ» хъыбархэр? Ахэри адрей и тхыгъэхэри лъэпкъым и литературэ гъэтIылъыгъэхэм щыщщ.
И щIалэгъуэм Мухьэдин щIэсащ колхоз щIалэгъуалэ еджапIэм, иужьыIуэкIэ педагогикэ техникумым. Тхэн щыщIидзар «Черкес плъыжь» газетым и редакцэм щылэжьэну щыщIидзарщ. А зэманращ къалэмым зезыпщыта Ахъмэтым и япэ усэхэр дунейм къыщытригъэхьэр.
ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр («Бэвыгъэ», «Гъатхэ», «Кавказ», «Зауэр къэхъеймэ») адыгэ щIалэхэм я усэхэр щызэхуэхьэсауэ 1939 гъэм къыдагъэкIа тхылъми йохуэ. ЦIэрыIуэ хъуну щIалэм ахэр и япэ лъэбакъуэт. 
А илъэс дыдэм дзэм къулыкъу щищIэну Ахъмэтыр дашащ. Абы ирихьэлIэу Хэку зауэшхуэр къэхъеири, адрейхэми хуэдэу, ихъумащ фIыуэ илъагъу и щIыналъэр. Бийм пэщIэту зэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ орден, медаль зыбжанэ. Зауэ нэужьми иухакъым Мухьэдин и къулыкъур - ар дзэм хэтащ илъэс 15-кIэ.
Щалъхуа щIыпIэм къэзыгъэзэжа щIалэр япэщIыкIэ Къэрэшей-Шэрджэс тхылъ тедзапIэм и редактору, итIанэ КПСС-м и Къэрэшей-Шэрджэс обкомым и инструктору, «Черкес пэж» газетым и къудамэм и унафэщIу, областым и радиокомитетым и редактор нэхъыщхьэу, РСФСР-м и Литфондым и Къэрэшей-Шэрджэс къудамэм и унафэщIу лэжьащ.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, зэрыхузэфIэкIкIэ и гуащIэ хилъхьащ Ахъмэтым. Ауэ Мухьэдин цIэрыIуэ зэрыхъуари, цIыхухэм ягум зэрыдыхьари и тхыгъэхэращ. Апхуэдэщ: «Гъагъэ, си Хэку», «Алий гъэлъхуэщым» (1959), «ЩIыналъэ берычэт» (1960), «ЩIымахуэмрэ тхьэкIумэкIыхьымрэ» (1961), «Щынэ IэрыпI» (1962), «Джэдэхъу шу» (1963), «Хьэсин» (1965), «Ди къуажэм» (1967), «Куэш-Хьэблэ» (1969), «Къамылыкъуэ» (1970) тхылъхэр. Абыхэм псалъэ гуапэ хужаIащ критик, тхакIуэ цIэрыIуэхэу Бэчыжь Лейлэ, Хъупсырокъуэ Хъызыр, БакIуу Хъанджэрий сымэ, нэгъуэщIхэми.
СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым 1968 гъэ лъандэрэ хэт Ахъмэт Мухьэдин къыфIащащ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр.
1977 гъэм къыдэкIащ абы и повестхэмрэ Iуэтэжхэмрэ щызэхуэхьэса «Ди къуажэм» тхылъышхуэр. Мухьэдин и дэтхэнэ тхыгъэри и Хэкум хуиуса уэрэдщ. УмыгъэщIагъуэу къанэркъым, абы цIыхухэм я хьэл-щэн дэтхэнэми гу лъитэу ар и тхыгъэхэм Iэзэу къызэрыщигъэлъэгъуэжар.
Ахъмэтым и IэдакъэщIэкIхэр къуажэм, унагъуэхэм, цIыхухэм я гъащIэ Iыхьэм и гъуджэщ, теплъэгъуэщ, джэрпэджэжщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэралми ди хэку цIыкIуми сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуами.
Зэзэмызэ къыпщохъу тхакIуэр и тхыгъэм хэт лIыхъужьхэм я гъащIэмкIэ псэууэ, я бзэкIэ псалъэу, и хьэл-щэнкIэ ядэгуашэу. Арагъэнщ нэгъэсауэ къалэмыр зыгъэIэрыхуэ, тхакIуэ зэчиифIэр къызэрыпщIэну нэщэнэ нэхъыщхьэр.
2013 гъэм и ныбжьыр илъэс 96-м иту Ахъмэт Мухьэдин дунейм ехыжащ, ауэ абы лъэпкъым къыхуигъэнащ дяпэкIэ куэдрэ и цIэр фIыкIэ къыщIраIуэн Iэужь дахэ.
 

«Уэращ сыкъыщIэкIуар»
Iуэтэж 
(ГъэкIэщIауэ)

Хьэсинхэрэ Фаризэтхэрэ зэгъунэгъут. А тIур къыздэхъуащ, щыцIыкIухэм зэщIыгъу, зэдэджэгуу къекIуэкIащ. Зэкъым, тIэукъым Хьэсин Фаризэт зэригъэгъар икIи зэригъэудэIужар. Ауэ зэи мыувыIэу къыщхьэщыжырт, зыми абы и гур хригъэгъэщIыртэкъым. ТIум язми ящIэжыркъым ахэр зы сыхьэткIэ зэбияуэ. 
Хьэсин и нэгум жэщи махуи щIэмыкIыр хъыджэбзым и нэ хъурей фIыцIэшхуэхэрат. Япэм ар щилъагъукIэ, абы щыдэджэгукIэ, нэжэгужэ хъурт, гушхуэрт. Иджы щилъагъукIэ жьыр хурикъуртэкъым, бампIэрт, жиIэнури ищIэнури имыщIэжу, игури и псэри Фаризэт хуэпабгъэрт.
Хьэсин колхоз правленэм щынэсым, и гур нэхъри къилъэту щIидзащ. Ар еплъэкIырт Фаризэт илъагъун фIэщIу, ауэ пщIантIэм зы цIыхуи дэттэкъым. Уэрамым зэпрыкIыжрэ пэт Фаризэт Iууащ.
- Уи лъагъуж фIыуэ, Хьэсин, дунейм утетыжкъыми, сымыгъуэ, - жиIэри, Фаризэт и Iэ цIыкIур къыхуишиящ.
Хьэсин зэуэ къызэщIэплъащ, и гур гуфIакIэм къыдолъэткъэ жыхуаIэм хуэдэу уэрт, зэрызищIынури жиIэнури имыщIэжу, ерагъыу къыдришейуэрэ жэуап иритащ.
- НасыпыфIэ ухъу, Фаризэт, лэжьэным дыкъыдэхуэркъым, жэщым довэ, махуэм допхъэ, «Бжьыхьэм хыумылъхьэ гъатхэм бгъуэтыжыркъым» жыхуаIэращ. Къеблагъэ, Фаризэт, дэнэ уежьа мыпхуэдэу жэщ хъупауэ?
- Фи еблагъэ куэд ухъу, Хьэсин, пщэдей пшыхь ди гъунэгъум я нысэр ирашыжри зыгуэрхэр къэсщэхуну сокIуэ. Сэ абы сыщыIэнущ, Iэмал иIэххэмэ, уэри къакIуэ, сыножьэнущ.
- ФIэкIыпIэ имыIэу сынэкIуэнщ, - жиIащ Хьэсин, ауэ асыхьэтым уафэхъуэпскIым хуэдэу и гум къридзэжащ пщэдей пшыхь ар лэжьэн зэрыхуейр икIи и нэгум зэуэ зызэрихъуэкIри, и фэр пыкIащ. Насып иIэти, Фаризэт абы гу лъитакъым.
 Ар я унэ кIуэжри, и анэми жриIэ щымыIэу, гъуэлъыжащ.
Гугъэ IэфIым хэтурэ, Хьэсин жеижащ, ауэ абы нэху зэригъэщам ущIэмыупщIэ. И анэм къыхутригъэува лыбжьэм зэрыхэIэбаи щымыIэу, шху шынакъыр ирифри ар щIыбым щIэкIащ…
 Уэрамыр цIыхуншэт. Хьэсин тыкуэнымкIэ иунэтIри фадэ литр ныкъуэ къищтащ. 
Бащырбэр и жыпым иригъэувэщ, кIагуэр зрикъузэкIри, ар тыкуэным къыщIэкIыжащ. Хьэсин и лэжьыгъэ щIэдзэгъуэм Iэджи иIэу пщыIэм нэсащ. Радиоприёмникым ину лъагъуныгъэ уэрэд гуакIуэ къришырт. Абы Хьэсин и гур нэхъеижу Фаризэт деж игъэпхъэращ. Уэрэдыр щиухым, щIыбкIэ нарым зытриукъуэдиери, щIэх дыдэу Iурихащ. Пщыхьэщхьэм лэжьэн щIэзыдзэну щIалэхэр шхапIэм деж щызэхуэсауэ гушыIэу зэхэст. Ахэр пэплъэрт Хъаджэт игъэхьэзырыр Iэнэм къытригъэувэным.
 Шхэн яухауэ къыщытэджыжым, Хьэсин Исхьэкъ зыбгъэдигъахуэри елъэIуащ:
- Уэ Исхьэкъ, ныщхьэбэ Iэмал иIэххэмэ, сутIыпщ, си ныбжьэгъу Ахьмэд и фызыр ирашыжри лIыжь-фызыжьыр къызэлъэIуащ садэIэпыкъуну.
- АтIэ, щхьэ нэхъ пасэу къызжумыIарэ? Тракторист лей щыIэкъым. Нобэрей махуэм лэжьар дауэ ныжэби згъэлэжьэн?
- ДэIэпыкъуэгъур вэмэ, сыт хъунур ныщхьэбэризэм? - жиIащ Хьэсин, иджыри Iэнэм пэрыс Мухьэжыр дежкIэ еплъэкIри, ауэ бригадирым жэуап къритын нэмыс щIыкIэ, езы Мухьэжыр къэгуоуащ:
 - Хьэуэ, ныбжьэгъу, ар хъунукъым! Уэ жэщым махуэр къыпыбдзэжу уи нэпIащхьэхэр къэбэгыху ужеяуэ, иджы ефакIуэ узэрыкIуэн щхьэусыгъуэ умылъыхъуэ. Уэрыншэуи а нысэр ирашыжыфынщ.
- Хъунщ, кIуэ, сэ сывэнщ уи пIэкIэ, - жиIащ Исхьэкъ, щэхуу щыт щIалэм худэплъейри.
Ар хуабжьу и гуапэ хъуащ Хьэсин, ауэ и напэ къригъэкIуакъым бригадирыр игъавэу езыр джэгум кIуэн. ИкIи зызэпигъазэри и тракторыр здэвэ лъэныкъуэмкIэ иукъуэдиящ. Пшапэр зэхэуэу вагъэмбэкъур имылъагъуж щыхъум, Хьэсин, уэздыгъэхэр щIигъанэри, псынщIагъэм кIэримыгъэхуу, жасы нэгъунэ къикIухьащ.
Абы гу лъитэртэкъым вагъэмбэкъуитIыр псынщIэу гъунэгъу зэрыхъум, пщэдджыжьым нэгъунэ хурикъун хуея щIыгур сыхьэтитI нэхъ пымылъу зэриухынум. Хьэсин рулыр нэхъри екъуз, ипэкIэ плъэ мыхъумэ, и щIыбкIэ къеплъэкIыркъым, и прицепщик Алий пхъэIэщэм темысыжми ищIэркъым. Алий гуфIэрт, гъунэ илъа щIыр нэхъ пасэу яухыу, ныжэбэ фIыуэ зэрыжеинум щхьэкIэ. ПсынщIэу зэгъунэгъу хъу вагъэмбэкъухэрат плъапIэу иIэр. «Щэ-плIэ къэткIухьыжмэ дыухынщ» жиIэу егупсыса къудейуэ, аргуэру тракторыр къэувыIащ. Сыту пIэрэ къэхъуар, жиIэу щыплъэм, Хьэсин тракторыр зэуэ щIигъэпхъуащ икIи вагъэ губгъуэшхуэм кIуэцIрихури, къуажэм кIуэ гъуэгум теуващ. Абы тракторыр ихурт нэхъ псынщIагъ ин дыдэу иIэмкIэ. Хьэсин и нэгум щIэкIыртэкъым нысэишыж джэгум щыIэ Мухьэжыр и нэхэр тримыгъэкIыу Фаризэт зэреплъыр.
Хьэсин нысэ изышыж унагъуэр зытес уэрамым щынэсым, занщIэу триубыдэри, я куэбжэм дэлъэдащ, джэгуу дэт щIалэгъуалэ гупышхуэр зэбгрихуу. Абы тракторыр пщIантIэкум щигъэувыIащ икIи плъэри илъэгъуащ нысэм и лэгъунэм къыщыуджхэу. Пэшым щIэмыхьэф бзылъхугъэхэр щхьэгъубжэмкIэ дэплъхэрт. Хьэсин и гур нэхъри хуабжьу къилъэт хъуащ. ПщIэнтIэпсыр и натIэм къежэхырт. Абы ищIэртэкъым Мухьэжыррэ Фаризэтрэ здэщыIэр, ауэ хьэкъыпIэкIэ и фIэщ хъурт а тIум я Iэхэр зэрыIыгъыу къызэрыуджыр. Ар къыщылъэтащ тракторым къелъэн и гугъэу, ауэ и кIэжыпым ит бащырбэр рулым щеуалIэм, къищIэжащ фадэ зэриIэр икIи ар кърипхъуэтри и щхьэр Iуиудащ, итIанэ дригъэзейри зыкъом ирикъухащ, щIалэ цIыкIу зэрыгъэгуохэм жаIэр хъымпIар имыщIу. Хьэсин фIыуэ илъагъуртэкъым аркъэр икIи, куэдыщэ ирифа фIэщIри, макъышхуэ иригъэщIу бащырбэр къызыIуричыжащ. Абы и Iупэр, натIэ пщIэнтIар дэкIуэу, и Iэгъуапэ дагъэмкIэ ирилъэщIэкIащ. Бащырбэм къина аркъэр зэриту, и пщэ псыгъуэр иубыдри, вууэ хадэм ириутIыпщхьащ, итIанэ, моторыр игъэувыIэри, удж здащI пэшымкIэ иунэтIащ. Хьэсин зэуэ пщащэхэм яхэплъэри, Фаризэт къилъэгъуащ. ИтIанэ Мухьэжыр лъыхъуэу щIалэхэм яхэплъащ, арщхьэкIэ, апхуэдизу зыщIиукIыжа Мухьэжыри яхэттэкъым. 
 Хьэсин и гур зэрыубыдыжу Фаризэт и дежкIэ щыплъэм, абы и Iупэ кIэрэпщ цIыкIухэр къэгуфIащ икIи щхьэкIэ сэлам кърихри, и нэхэр иридзыхащ. ИтIанэ уэим имыщIу къыбгъэдыхьэри:
- Хьэсин, Жамбот ныщхьэбэ къыплъыхъуати, плъэгъуа? - жиIащ Фаризэт, Хьэсин и Iэгъуапэр иубыдри.
- Слъэгъуакъым, сыту пIэрэ зыхуейр? - жиIэри зэуэ зыкъызэпигъэзащ Жамбот деж кIуэну, ауэ абы Фаризэт кIэщIу къыкIэлъыщIэкIри къигъэувыIащ:
- Ауэ жызоIэ, Хьэсин, Жамботи къыпхуеижкъым, - жиIащ Фаризэт и щхьэр имыIэту.
 Хьэсин и жыпым иIэбащ, тутын кърихыну. Фаризэт макъ щэхукIэ жиIащ:
- Щхьэ иджыри къэс укъэмыкIуарэ, Хьэсин? СыкъэбгъэпцIа сфIэщIри, си жагъуэ хъуат.
- СыкъэкIуа щхьэкIэ, иджыпсту сымыкIуэжу хъунукъым. Iуэху сыкъыщIэкIуар зэфIэкIащ, си тракторыр мылажьэу согъэхьэулей.
- ЗгъэщIэгъуати, сэр щхьэкIэ укъэкIуа сфIэщIри, фIыщIэшхуэ пхуэсщIат… - жиIащ Фаризэт, и туфлъэ лъапэр щIыгум щызэригъажэурэ. Хьэсин къыгурыIуащ абы гукъанэ къызэрыхуищIар. Ар Iэбэри Фаризэт и Iэ пщтыр цIыкIур къиубыдащ, быдэу икъузри, асыхьэтым иутIыпщыжащ, итIанэ къэгушхуэри, «Уэр дыдэращ сыкъыщIэкIуар», - жиIэри зэуэ къыбгъэдэжыжащ.
 Ахъмэт Мухьэдин,
Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ.

Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: