Гъуэмылэ

(гушыIэ хъыбар)

Колхозхэтхэр губгъуэм дэзыш шыгур Данэхэ я куэбжэпэм нэсри, къыщызэтеувыIащ. Модрейми куэдрэ зыпигъэплъакъым и гъусэхэр: къыдэувыкIащ, хепIытIэ иджы жыпIэу, сумкIэ хьэлъэшхуэ иIыгъыу. ШыгупкIэмкIэ исхэр зэуэ къэIэбэри Данэр драIэтеящ и сумкIэри зэриIыгъыу. Данэ цIыху лъахъшэ IэмащIэлъэмащIэт, нащхъуэ цIыкIу хъужауэ. Щыгужь гъуэгум теувауэ кIыхьу здэкIуэм, щIэчэ имыIэу жеIэ:

- Фызгъэтхъэжынущ сэ фэ нобэ… фызгъэтхъэжынущ, тхьэ… Модрейхэри апщIондэху сумкIэшхуэм хуоплъэкI, сыту пIэрэ мы Данэ апхуэдизу къытхуихьыр, жаIэу. Зэманыр гугъут, гъуэмылэшхуэ зыIыгъи яхэтт сытми: хьэлу тыкъыррэ къуей Iыхьэрэ, шхупс тIэкIу къыздащтэфмэ гуфIэрт. Уафэм къехуэхам хуэдэу нобэ абыхэм къахэхутат Данэ и сумкIэр. Зыми ищIэртэкъым абы илъри-исри. СумкIэр щыIэти, ар псом ящхьэт. Гугъэм я лъэр щIигъэкIыу, кIэи-пэи зимыIэ нартыхупкъэр кърапщIыкIащ абыхэм. Дыгъэр щхьэщыгум къыщиувэм, фIанэхэр ягъэтIылъащ.

- Фызгъэтхъэжынущ сэ фэ нобэ,- къехыркъым аргуэру Данэм и жьафэр. Псоми я Iэхэр патхьэщIыкIри, хъурейуэ хьэсэпэ удзыпцIэм щотIысэкI. Ланэ гуфIэжу чэтэн сумкIэшхуэр утыкум кърилъхьэри, хуэлалэу зэрыпха къэпщхьэпс тIэкIур щхьэщитIэтыкIыу хуежьащ.

- Фызгъэтхъэжынущ… фызгъэтхъэжынущ…а жиIэр жиIэурэ и Iэпэ цIыкIухэр сумкIэм ирегъэлъадэ, илъыр кърихыну. Мо махуэ псом хугу зи джийм емыха гупым я гурыIупсыр иракъух, хэти къыздищта мащIэ тIэкIум едзэпыIэ зещI…Зы зэман зэ сумкIащхьэр зэIукIащ. Данэ цIыкIу, тхьэмыщкIэ, апхуэдизу мэгуфIэри, здэпхъуэнур ищIэжыркъым. Дыгъуэпшыхь лъандэрэ къыздрихьэкI гуфIэгъуэт ар; лэжьакIуэ зэрикIыжарауэ, и нысэр къыпежьэри щэхуу къыжриIат, пщэдджыжь гъуэмылэу джэдым я нэхъ иныр зэрыхуипщэфIынур. Нышэдибэ шыгур къыщыIухьэм, а зэрыжиIам тету, упщIыIуну хунэмыса джэд гъэва хуабэр зэрылъ сумкIэр къыIэщIигъэуват. Арат иджы псори зыпэплъэр.

СумкIащхьэр хуиту щызэIуихым, Iэнэм щысхэр къащтэри, зэрыгъэкIийуэ къыщылъэтащ, езы Дани яхэту. СумкIэр езыр-езырурэ зэи-тIэуи ублэрэкIащ. ИтIанэ, абы щхьэр щхьэхыпэурэ къригъэжащ, мэз джэдуми унэ джэдуми къыпхуэмыщIэну ис джэдуужьым. ЖейкIэ иримыкъуарэт - къахэплъэщ, щIэхущхьыкIыжри, тешхыкIыну яубгъуа щэкI кIапэм зыщигъэукIуриижащ.

Гупыр хьэсэм хэтыху, зимэр къыщIихьа джэдыр къигъуэтщ, сумкIэм ипщхьэри ар иришхыхьщ, ижеихьыжри, къинауэ арат джэдуужьыр щагъэпIейтеям. Абы лъандэрэ куэд дэкIащ, ауэ ноби хьэблэм къыщокIуэкI «Данэ и джэду фызгъэтхъэжынкъэ» псэлъафэр.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: