МыIэрысэм и хъыбар

ЦIыкIухэм папщIэ

Псыежэх къабзэ цIыкIум и Iуфэм Iут мыIэрысейр зылъагъум и гур хохъуэ - узэхъуэпсэнщ сыт и лъэныкъуэкIи: псыр пэрыхьэту егъуэт, жьы къабзэр гуапэу къыщIеху, езым и зэманыгъуэ-щIэрэщIэгъуэ дахэщ. Илъэс ещанэ мэхъу къыпыкIэн зэрыщIидзэрэ, и пхъэщхьэмыщхьэхэр яхузэрымыгъэгъуэту зэрапхъуэ. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым: и къуэпс къарууфIэ къомымкIэ мыувыIэу щIым и IэфIыр, и къэуатыр къыщIефыкIри, и мыIэрысэхэм хуэдэ щыIэкъым. Фоупсщ, тхъуэплъышхуэ хъужахэу. Бжьыхьэ зэрыхъуу, цIыкIури инри къожэ. Псом япэ къос зэрызехьэрэ бжьэм хуэдэу зэщIэвууэ цIыкIу къомыр. Я ныби, я жыпи, я гуфIакIи якъуа нэужь, ахэр зы дыхьэшхэн гуэру зэкIэщIэпIиеу IуокIыжри, тхъэгъуэщ. Апхуэдэхэм деж мыIэрысейм и гур хэхъуэу куэдрэ якIэлъоплъ, сабийгъэгуфIэ сыхъуащ жеIэри.

Мы гъэми аращ - бэгъуащ мыIэрысэр. ФIэхуэр фIэлъщ, жыгыр кърищIыкIэхыным хуэдэу. А мыIэрысэ къомым щыщ зы щIоупщIэ я Iуэху зэрыхъунум: дыкъыпыкIащ, зыкъыдоужь, нос ди хъугъуэри, дохъу. АдэкIэ-щэ?

АдэкIэ къэхъунур къыщыжраIэм, игу ирихьакъым:

- Мис иджы сыхъуащ щыжысIэм, зыри сымылъэгъуарэ мынэгъуэщIу сыкIуэдыжыну… Сыхуейкъым сэ апхуэдэ гъащIэ!

- Уа, ар щхьэ жыпIэххэрэ, - къыхуадэркъым адрей и мыIэрысэгъухэм, - IэфIу дашхмэ, аракъэ дэркIэ насыпыр? Зыми ди гугъу къимыщIу, дэр-дэру дыфыжрэ дыкIуэдыжмэ, абы щыгъуэ дыунэхъуауэ аракъэ?!

- Сэри сыхуейщ зыгуэрым сэбэп сыхуэхъуну, я гур хэхъуэу IэфIу сашхыну. Ауэ абы фIэкIа зыри сымылъэгъуауэ, дауэ сызэрыкIуэдыжынур? Щхьэи сыкъытехьэхха итIанэ сэ мы дунейм?! - жи мыдрейм.

Ар жеIэри, дунеяплъэ ежьэну мурад ещI мыIэрысэм. ЗиIуантIэм-зишантIэурэ зыкъыпегъэху. А ищIэр зэрыделагъэр къыжраIэ пэтми, едаIуэркъым: къыфIэщIырт адрейхэр псори делэу, езым и закъуэ губзыгъэу.

Арати, зыкъыпегъэхури, тIэу-щэ хуэдизрэ щIым лъэIэсурэ къегъэлъеиж, псым хокIэрахъуэри, епхъуатэ. Здахьри щIахьри къыгурымыIуэурэ, мывэ зэжьэхэуэхэми зэхаубэрэжьауэ, етIуанэ махуэм ныджэм къытредзэ ар.

Къуаргъыр нэ жанкъэ-тIэ, аращ псом япэ гу къылъызытар мыIэрысэм. Зыкърегъэхуэх, къепхъуатэри, зеIэтыж. АрщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу абы и нэм къыфIонэ зы дзыгъуэ быртIымышхуэ. И жьэм жьэдэлъыр къызыжьэдегъэхури, абы зыкIэлъыредзых. Дунеяплъэ ежьа мыIэрысэр иджы мэз куум къыщыщIедзыж. Насып иIэти, удз щабэм хэхуэри, зыри къыщыщIатэкъым. Ауэ хэт абы и бгъум зыщызыгъэхъейр, цы щабэ IэшкIэшхуэ хуэдэу? УэI, тхьэкIумэкIыхь! Тхъэжыгъуэшхуэ къехъулIауэ и гугъэжу, и нэр къыщипхъуауэ зредз абы мыIэрысэм. АрщхьэкIэ…

АрщхьэкIэ, дэнэт тхьэкIумэкIыхь назэжь цIыкIум апхуэдэ насып щылъагъэсыр? Абы нэхъ мыкIуэмытэ щIэст мэз псом, итIани зы цыжьбанэшхуэжь гуэрым къещтэ. ТхьэкIумэкIыхь пэ щабэ цIыкIур йоплъри щытщ абы, ищIэнур имыщIэу. ЕIусэнущи, банэр къыхэуэнущ, пэплъэнущи - узэгуэудынумэ, узэгуигъэудынщ!

Арати, цыжьбанэм тхьэкIумэкIыхьыр зыщхьэщегъэкI, мыIэрысэр я унэ ехьри, пхъэщхьэмыщхьэхэр здэщылъ къуэгъэнапIэм щегъэтIылъ. ХуегъэтIылъ щIымахуэм.

Аращи, щылъщи, щылъщ мыIэрысэр, зыми и гугъу къищIыркъым. Щымыхъужыххэм, щIоупщIэ:

- Уа, щIэх дашхыну пIэрэ?

Зи гъусэу щылъхэр къыщодыхьэшх:

- Уэ пщIэуэ пIэрэ дэ дызэрыхъур зыхуэдизыр? Уи деж къэмысурэ щIымахуэри икIыу гъэмахуэ хуабэри къихьэу, уфыжынкIэ хъунущ!

МыIэрысэ тхьэмыщкIэр магъ-мэгуIэ, и Iэпэм йодзэкъэж:

- Сыту сынасыпыншэт! Си дунеяплъи, си нэгу зегъэужь мыгъуи кIуэдат, адрей мыIэрысэхэм срагъусэу жыгым сыпытыжамэ аратэкъэ. Адрейхэм хуэдэу, сэри зыгуэрым сыпичынти, сишхынт - псапэт, гуапэт.

Аратэкъэ дэ дунейм дыкъыщIытехьар?

Иджы сыт?

Къыдыщылъхэм зэрыжаIа дыдэм хуэдэу хъуащ: щылъащ мыIэрысэр щIымахуэ псом, дунейм тетми темытми къэзыщIи и Iуэху къызезыхуи щымыIэу. Гъатхэр къыщысым, ину бжэр Iуихри, цыжьбанэр къыщIыхьащ. И пхъэщхьэмыщхьэ гъэтIылъыгъэхэр зэхидзурэ, ди мыIэрысэм щынэсым, и джабэр гуэфыкIауэ къыщIэкIри, бжэмкIэ щIиутIыпщыкIащ.

И нэм нэху къыщIидзэжат иджы, ауэ… АдэкIэ дауэ зэрыхъунур? ЕрагъмыгъуейкIэ зигъэджэрэзурэ, псыежэх хуэзэри, хэпкIащ. Уэрти, игъэкIэрахъуэм зэридзэурэ, и щхьэр егъэуназэри, зимыщIэжу ехь. ЗыкъыщищIэжар зыгуэр къеIущащэу къыщыфIэщIарщ. И нэр къызэтрехри, щIыпIэ къыщыхутар ицIыхуу къыщохъу. Мы псы Iуфэри, мы жыгри… Уарэ, мыр сыкъыщыхъуараи! КъызэрыщIэкIымкIэ, псыри езыр езыхьэжьаращ. Къуаргъым и деж къыщыщIэдзауэ, зыхьа псоми ипщэкIэ драхьеяти, псым кърихьэхыжащ. Ауэ гуфIа мыIэрысэр, ауэ гуфIа!

Ауэ, зыщIэгупсысыжри - нэщхъей къэхъужащ: псори сытым и мыхьэнэ, зыми Iумыхуэу кIуэдыжмэ?!

Асыхьэтым зы мэлыхъуэ щIалэ лъагъугъуафIэ дыдэ цIыкIу къыщхьэщохьэ. ЙоIэбыхри, къещтэ мыIэрысэр. И сэ жанымкIэ дахэу гуегъэж фа щIылъэныкъуэри, мыдрейр ешх - къехъулIащ дунейр къэзыкIухьа мыIэрысэм и хъуэпсапIэр.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: