Ди цIыхухэр

«Прокопьевск сыкъыщалъхуами, си хэкуу сыбжыр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ» зэрыжиIэ къудеймкIэ пщIэ зыхууегъэщI кинорежиссер Гуэбэшы Амурбэч. 
Ар и анэмрэ и анэшхуэмрэ (и адэмкIэ) япIащ, «лъэпкъым и бий» зыфIащу лей зытехьа унагъуэхэм ящыщым къыщыхъуащ. Амурбэч и анэр ХьэтIохъущокъуэхэ япхъут, Налшык дэта еджапIэ къалэ цIыкIум дзэIуч IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ щызэригъэгъуэтат. И адэ ГъущIынэ Исмэхьил абы зэи илъэгъуакъым. Исмэхьил Грознэ къалэм дэта лъэсыдзэ училищэм щеджат, лейтенант цIэр иIэу 1943 гъэм зауэм дэкIри, къигъэзэжакъым…
«Ди унэцIэр гъащIэм зэран къыщытхуэмыхъун щхьэкIэ, ар зэтхъуэкIын хуей хъуащ. Си унагъуэцIэ пэжыр къэсщтэжыну сыхуейми, ар балигъ сыхъухункIэ къысхуагъэдэхакъым си анэмрэ анэшхуэмрэ. Иужьым абы мыхьэнэ иIэжтэкъым. АрщхьэкIэ сипхъу нэхъыщIэм зэрехьэ ГъущIынэ унэцIэр», - жеIэ Гуэбэшы Амурбэч.
Хэкум ирагъэкIахэр щхьэхуит щащIыжым, Амурбэч и унагъуэр Къэзахъстаным, адыгэ, шэшэн, ингуш лъэпкъхэр щыкуэд щIыпIэм, Iэпхъуащ. Абы икIри, Азербайджаным кIуащ. Амурбэч зэрыжиIэжымкIэ, ахэр шынэрт я лъахэм къагъэзэжыну. 
Илъэси 6-м иту школым кIуэн щIидзэри, классиплI абы щеджат, егъэлеяуэ фIыуэ азербайджаныбзэр зригъэщIат. Урысыбзэр тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ зэ закъуэ ирагъэджу арат, хамэ къэралыбзэм хуэдэу. Ауэ, Амурбэч унэм къекIуэлIэжамэ, нэхъыбэу зэрыпсалъэр а бзэрт. «Си анэшхуэм къыстрикъузэрт псысэхэм ину макъкIэ сыкъыхуеджэн хуейуэ. Абы и фIыгъэкIи фIыуэ урысыбзэр, адрейхэм елъытауэ, зэзгъэщIат», - жеIэ кинорежиссерым.
Унагъуэ щхьэегъэзыпIэншэр ауэрэ Осетием къэIэпхъуащ, абы Гуэбэшым 9-нэ классыр къыщиухащ. «Абы щыгъуэщ си анэмрэ анэшхуэмрэ Налшык къагъэзэжыну щытегушхуар», - жеIэ Амурбэч. 
Гуэбэшым 10 - 11-нэ классхэр къалэм и е 4-нэ курыт еджапIэм къыщиухыжри, КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым щIэтIысхьащ. Абы Амурбэч гъащIэ гъусэ къыщыхихащ икIи цIыхубзыр Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэм щылэжьэну ягъакIуэрти, езыри и гъусэу кIуащ. «Абы урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ класс нэхъыжьхэм щригъэджырт, сэ 4-нэ классым щIэс, зыми яхуэмыгъэбэяу гупыр, къызатащ, - пещэ и гукъэкIыжхэм Гуэбэшым. - Япэ махуэм къалэн нэхъыщхьэу сиIар ахэр згъэсабырынырт. Iэмал куэдым сыхуекIуэрт. Нэхъ къуейщIей дыдэу сабииплI къыхэсшри, партэ икIэ дыдэхэм дэзгъэтIысхьат, зыгуэр зэранIамэ, къахэуэну хуит сщIауэ. МахуитIкIэ апхуэдэу дызэрызехьа нэужь, псори и пIэм иувэжащ, мамыру жысIэм едаIуэ хъуахэщ».
Гуэбэшыр сабийхэм гурэ псэкIэ яхэтт, футбол щыджэгукIэ топыр къадрихуэкIырт, сабий спектаклхэри ядигъэувырт. Класс нэхъыжьхэм щIэсхэм абы яригъэхьэзырат Акъсырэ Залымхъан «Дыгъэр къыщыкъуэкIым» и пьесэм къытращIыкIа спектаклыр. «Абы щыджэгут Хьэтыхъу Славэ, Жэмыхъуэ Славэ, Бэлэтокъуэ Мишэ, МэшылI Руслан, Хъыдзэдж Борис сымэ. А спектаклыр къуажэ клубым, иужькIэ Тэрч районым щагъэлъэгъуат», - жеIэ Амурбэч.
Налшык къэIэпхъуа нэужь, Гуэбэшыр илъэскIэ щылэжьащ профсоюзхэм я щIыпIэ советым. А зэманым ар фIыуэ егупсысащ режиссурэ IэщIагъэм хуеджэну зэрыхуейм. Москва кIуащ, ГИТИС-м щIэтIысхьащ. Абдеж абы Дзудтагов Къазбэч къыщицIыхуащ икIи зэныбжьэгъу хъуахэщ. «Налшык къэIэпхъуа нэужь, Къазбэч щылэжьащ Къэбэрдей, Балъкъэр, Урыс драмэ театрхэм. Илъэси 8-кIэ игъэлэжьащ «Коврик» зыфIища и театр цIэрыIуэри. И иужьрей илъэситIым абы спектаклхэр щигъэуват езыр зыщыщ Осетие Ищхъэрэм», - жеIэ Амурбэч.
1975 гъэм Гуэбэшыр Горькэм и цIэр зезыхьэ киностудием лэжьэн щыщIидзащ. И япэ лэжьыгъэр «Весенний призыв» зыфIища фильмырщ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Школьный вальс» кинор. Комсомолым и ЦК-м а лэжьыгъэм гъуэгу иримыту зыкъомрэ иIыгъат - абы къыхэщт зэклассэгъу ныбжьыщIитIым яку лъагъуныгъэ къыдэхъуэу. Ауэ щыхъукIи, зыри егъэлеяуэ хэлътэкъым. ИтIани, мазищ дэкIа нэужьщ ар цIыхухэм щалъэгъуар. Ещанэу Гуэбэшыр зэлэжьар «Русь изначальная» фильмырщ. Абы щыджэгуащ Невзоров Дмитрий, Чурсинэ Людмилэ сымэ.
Гуэбэшым и актёр зэфIэкIхэри игъэлъэгъуащ. Ар хэтащ «Безбилетная пассажирка» кином. Хухим Зарий зи режиссер «Это я - дурочка» фильмым и зы Iыхьэми Амурбэч щыджэгуащ (дохутыр-психиатырт). Апхуэдэуи илъэс зыбжанэкIэ «Час Волкова» сериалым ар хэтащ.
Гуэбэшым Къэбэрдей-Балъкъэрым фильм гъэщIэгъуэнхэр щытрихащ. Абы и лэжьыгъэхэр ди телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэ. Куэдым ягу ирихьауэ абы нэтын хъарзынэ хуищIащ Новэ-Хьэмидей жылэм щыщ уэрэджыIакIуэ Абазэ Владимир, балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын сымэ.

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: