Дуней псор зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр къеIэт

УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэры­зы­хуигъазэр гъэ блэкIахэм куэд­­кIэ къащхьэщыкIыу щытащ. Сыт щыгъуи къэрал уна­фэщIыр нэхъыбэу зытеп­сэ­лъы­хьыр ди хэкум и зыу­жьы­ныгъэрт, къыпэщыт къалэнхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэрт, Правительствэмрэ Парламентым­рэ зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэрт. Мы гъэми къигъэлъэгъуащ экономикэмрэ псэу­кIэр егъэ­фIэкIуэнымрэ теу­хуа и еплъы­кIэхэр, ауэ Зэ­рызыхуагъазэр нэхъыбэу зы­теухуауэ щытар иджыпсту дуней псор зыгъэпIейтей зэпэ­щIэувэныгъэрт - Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарт. 

ЗэIущIэ убгъуам депутатхэмрэ сенаторхэмрэ нэмыщI ­кърихьэлIащ Правительствэм щыщхэр, Конституцэ судым, Суд Нэхъыщхьэм, Арбитраж судым я унафэщIхэр, прокурор нэхъыщхьэр, ХэхакIуэ комис­сэм, Къэзыбж палатэм я уна­фэщIхэр, Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, Къэрал Советым хэтхэр, хэгъэгу Iэтащхьэхэмрэ хабзэубзыху органхэм я унафэщIхэмрэ, политикэ, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. Мы гъэм хамэ къэрал хьэщIэхэр щIэсакъым зэIущIэм. Къеблэгъахэм куэду яхэтт дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэри. 
Путин Владимир и псалъэм и пэщIэдзэм занщIэу къыхигъэщащ иджырей Зэрызыхуа­гъазэр ди къэралым дежкIэ зэхъуэкIыныгъэ инхэр щыщыIэ, дуней псом и зэхэлъыкIэм зыщихъуэж, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр къыщыхъу, ди цIыхубэм я псэукIэм нэхъыфIкIэ зегъэхъуэжын папщIэ тщыщ дэтхэнэ зыми жэуаплыныгъэ­шхуэ и пщэ къыщыдэхуэ зэманым зэрытехуар. 
- Илъэс ипэ дзэ Iуэху хэхар едгъэжьащ зи тхыдэ щIыналъэхэм ис ди цIыхухэр тхъумэн, къэралым и шынагъуэншагъэр къы­зэдгъэпэщын, Украинэм хабзэм тету хаха и унафэщIхэр 2014 гъэм традза иужькIэ къэунэхуа неонацистхэм къытхуагъэдалъэ «IэштIымыр» дгъэкIуэдын папщIэ. 2014 гъэм щыщIэдзауэ Донбассым щыпсэухэм я щIыр ­яхъумэжын, я анэдэлъхубзэр яIу­рылъын папщIэ бэнэныгъэ ирагъэкIуэкI, махуэ къэс къауэ лагъымхэм я щхьэр халъхьэу. Апхуэдиз илъэскIэ ахэр пэп­лъащ Урысейр къыщхьэщыжыну къыщыкIуэну махуэм. Фэ фощIэ мы Iуэхур мамыру зэ­фIэтхын папщIэ Iэмал куэдым дызэрыхуекIуар, зэпсэлъэныгъэ бжыгъэншэхэр зэредгъэ­кIуэкIар. Ауэ ди щIыбагъкIэ щызэрахьэ Iуэхур дэ ди гугъэм щыщыIэтэкъым. 
КъухьэпIэм мурадышхуэхэр ищIауэ ар игъэзэщIэным иужь итт. Дэ Iуэхум дыпэрымыхьэ щIыкIэ, абыхэм Украинэм Iэщэ­хэр, техникэ хьэлъэхэр, къухь­лъатэхэр, ПВО-хэр кърагъашэрт, лIыукIхэр ягъэхьэзырырт. США-мрэ НАТО-мрэ ди къэ­ралым и гъунапкъэхэм базэ хэхахэмрэ биолабораторэхэм­-   рэ къы­щагъэувырт, Украинэр зауэшхуэм хуагъэхьэзырырт. Ар езыхэми жаIэ нобэ, - гу лъаригъэтащ Урысейм и Iэтащ­хьэм. 
Президентым къыхигъэщащ иджыпсту дзэ Iуэху хэхар ягъэува жыпхъэм тету зэрекIуэкIыр, къэралым иригъэжьа Iуэхур зыхуей хуэ­зэу къызэгъэпэща зэрыхъур. «Сропагэ ди цIыхубэм дзэ Iуэху хэ­хам и мыхьэнэр къагурыIуэу зэрызэкъуэувам. Ар ­хэкупсэу узэры­щытыным и щапхъэщ. Ди сэлэтхэмрэ езыхэм яфIэфIу зэуапIэм Iухьахэмрэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ я лIыгъэмрэ хахуа­гъэмрэ папщIэ. Апхуэдэ дыдэу фIыщIэ яхуэфащэщ дзэлIхэм я адэ-анэхэм, щхьэгъусэхэм, унагъуэхэм. Абы­хэм я лэжьыгъэр пэжу дуней псом езыгъэлъагъу журналистхэм, зыхэт Iуэху гу­гъур пIалъэ мащIэкIэ щагъэ­гъупщэу я нэгу зрагъэужьыну яхыхьэ артистхэм, волонтерхэм», - жиIащ Путиным.

Пэшым къыщызэхуэсахэр къэ­тэджри, Iэгуауэшхуэ яIэтащ къэрал унафэщIым Донбас­сым и цIыхухэм защыхуигъэзам. Абы жиIащ: Донбассым щыпсэу псоми псалъэ гуапэкIэ зыфхузогъазэ. Фэ езым къы­хэфхыжащ фи къэкIуэнур зыхуэдэнур. Урысейм, фи Хэкум, фригъусэну къызэрыхэфхам нэхърэ нэхъ пэж фщIэнтэкъым!». 

Зэрызыхуагъазэм теухуа зэ­хыхьэм хэтхэр зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ дзэ Iуэхум хэкIуэда ди сэлэтхэм. 
Къэрал унафэщIым зэрыжиIамкIэ, Украинэм щыIэ щIалэхэм я унагъуэхэр къэралым и нэIэ щIэтын хуейщ зыхуигъэныкъуэ щымыIэу. Абы ипкъ иткIэ, къыхилъхьащ СВО-м хэкIуэдахэмрэ абы и ветеранхэмрэ защIэзыгъакъуэ Къэрал фонд къызэрагъэпэщыну.
Къэрал псор лъэ быдэкIэ щытын зэрыхуейри къыхигъэщащ Путин Владимир къы­щыпсалъэм. «Ар улахуэм, псэукIэр егъэфIэкIуэным теу­хуауэ цIыхухэм дазэрыдэIэпы­къум ехьэлIащ. Фигу къэзгъэ­кIыжынщи, КъухьэпIэм къыдищIылIа хъыбарегъащIэ «зауэм» нэмыщI, экономикэ лъакъуэпIэщIэдзи къытхуищIыну иужь итщ. Ауэ зы лъэныкъуэкIи зыхуей къехъулIакъым икIи ­къехъулIэнукъым. Езыхэр я санкцэхэмкIэ зэран зыхуэхъужауэ, урысхэр ягъэкъуаншэ. Ягугъащ Урысейр бэлыхь ха­дзэну, ауэ дэ а «удыным» дыпэщIэтыфащ, ди лэжьыгъэ IэнатIэхэри тхъумащ, ди экономикэри лъэныкъуабэ хъуа­къым. Экономикэр тIэкIу ехуэхауэ гу щылъыттар нэгъабэ мазих нэужьращ. Ауэ илъэсым и Iыхьэ щанэм дэкIуеижащ, IэмалыщIэхэр къытхукъуэкIащ. 
Урысей хьэрычэт Iуэхум занщIэу Iухур зытетыр къыгурыIуэри, дзыхь зыхуэпщI ­хъуну лэжьэгъухэм зыпащIащ. Ахэр дуней псом щыкуэдщ, къытпэщIэувахэратэкъым ди Iуэхур зэлъытауэ щытыр. Ар псоми нэрылъагъу ­ящыхъуащ», - къыхигъэщащ Президен­-  тым.
БлэкIа илъэсым мэкъумэш IэнатIэм гъавэ тонн мелуани 150-рэ къыщрахьэлIэжащ, абы щыщщ гуэдз тонн мелуани ­100-р. 2023 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 30 пщIондэ ди хэкум ­хамэ къэралхэм иригъашэ гъавэр тонн мелуан 55 - 60-рэ хъунущ. Ар илъэсипщI ипэ хъыбару къыпщыхъункIэ хъунут, ауэ яхузэфIэкIащ, нэгъуэщI унэтIы­ныгъэхэмкIи апхуэдэ ехъулIэ­ныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. 
Къэрал унафэщIым дяпэкIэ хэкум и зыужьыныгъэр зыхуэ­дэнур, здэунэтIын хуей лъэныкъуэхэр къыхигъэщащ. Апхуэ­дэщ, псалъэм папщIэ, хамэ къэрал экономикэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри егъэфIэкIуэн зэрыхуейр, хы, гъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэхэм зэрызра­гъэу­бгъунур, нэгъуэщIхэри. 
ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм теухуа программэ ин мы гъэм ирагъажьэ. ЩIыналъэхэм щекIуэкI псэукIэхэр нэхъри зэрырагъэфIэкIуэн программэ­хэр щыIэщ. Экономикэм и технологие къарур ирагъэфIэкIуэн щхьэкIэ Iэмал гъуэзэджэ куэд къагупсысащ. Апхуэдэуи, инвестицэхэр къыхегъэлъхьэ­нымкIэ IэмалыщIэ хъуауэ жыпIэ хъунущ урысей банкхэм хьэрычэтыщIэхэм ахъшэ нэхъыбэ ират зэрыхъуар, абыхэм а щIыхуэм щхьэщатыкIыр ­езэгърабгъу зэращIынур. 
Путиным хьэрычэтыщIэхэр къыхуриджащ я мылъкур Урысейм и зыужьыныгъэм халъхьэу, абыкIэ езыхэми ахъшэ къалэжьыну. ИтIанэщ УФ-р и щхьэр зыхуей хуигъэзэжыфу, цIыхухэр тыншу игъэпсэуфу щыхъунур. 
- Ди лъэпкъ зэхэщIыкIыр дгъэбыдэн папщIэ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэу­жьыныр Iэмал зимыIэщ. Щэнхабзэращ гуапагъэр, дахагъэр, зэгурыIуэр, цIыхум хьэл нэхъыфIу хэлъыр къэзыгъэщIыр. Донбассми Урысейми зэхуэдэу зыщиужьын хуейщ зи гугъу тщIы Iуэхум. Дэ хуабжьу акъылыфIэ, зэчиифIэ щIэблэ къытщIохъуэ, я хэкум псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьэну хьэзыру. А псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэредгъэгъуэтыныр, зэманым декIу, зыхуэныкъуэ IэщIагъэ едгъэгъуэтыным дыпылъын ­хуейщ. ЦIыхубэ фронтым и нэIэ щIигъэувэн хуейщ щIалэгъуа­лэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтыным, бгъэдэлъ зэчийм зегъэужьыным теухуауэ дэIэ­пыкъуныр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр къэралым и щхьэ­хуитыныгъэр зыгъэбыдэфын щIа­лэгъуалэ дгъэхьэзырын, едгъэджэн зэрыхуейрщ. 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я илъэсу дгъэуващ. ЕгъэджакIуэм ди гъащIэм щигъэзащIэ къалэныр зэрыиныр зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым», - жиIащ къэрал Iэтащхьэм. 
Президентыр щхьэхуэу къы­теувыIащ унагъуэмрэ сабийхэмрэ къэралым зэрызащIи­гъакъуэм. А Iуэхум хухэха ­бюджетыр нэхъыбэ дыдэу ха­гъахъуэхэм зэрыщыщыр жи­Iащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, мазаем и 1-м щегъэжьауэ Анэхэм ират ахъшэр хэхъуащ. Iэтащхьэм къыхилъхьащ Анэхэм ират ахъшэр дяпэкIэ, Урысейм щIэуэ къыхагъэхьэжа хэгъэгуиплIым щату зэтраублэну, 2007 гъэм щегъэжьауэ къалъхуа сабий зыщIэс унагъуэхэм иратыну. 
Нэгъабэ МРОТ-р тIэу хэ­хъуащ, зэхэту - процент 20-кIэ. Президентым жиIащ мы гъэм зэрыхагъэхъуэнум нэмыщI, 2024 гъэм щIышылэм и 1-м ­щегъэжьауэ иджыри проценти 10-кIэ нэхъыбэ зэращIынур. Псори зэхэту къапщтэмэ, процент 18,5-кIэ хэхъуэнурэ, сом мин 19242-рэ хъунущ. 
ЦIыхухэм я псэукIэм нэры­лъагъуу зыщихъуэжынур социальнэ IэнатIэр зыхуей хуа­гъазэмэщ, псом хуэмыдэу ­медицинэ дэIэпыкъуныгъэр япэ игъэщын хуейщ. 
Къэралым ит курыт еджапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа программэ ин щагъэзащIэ ди Хэкум. Абы ипкъ иткIэ, школ мини 3,5-рэ зэрагъэпэщыж. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI ДНР, ЛНР, Запорожье, Херсон областхэми. Школ 1200-рэ яу­хуэну яубзыхуати, абы щыщу 800-м и бжэхэр къызэIуахауэ мэлажьэ. 
УФ-м и Президентыр адэкIэ тепсэлъыхьащ туризмэм зэ­рыз­рагъэужьыну щIыкIэм, США-мрэ НАТО-мрэ ящIа мурадыр къазэремыхъулIэнум, Урысейм дунейпсо утыкум щригъэкIуэкI Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми. 
«ПщIэ зыхуэсщI лэжьэгъухэ. Нобэ гугъуехь куэд дыхэтщ. Ауэ дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ ди цIыхубэр зылI и быну зэрызэкъуэувар долъагъу. Ди къэралым и хэгъэгу зэмылIэужьы­гъуэхэм щыщхэр зэкъуэш хуэдэу итщ зауэ губгъуэм. Абы­хэм защIэзыгъакъуэ цIыху­хэр куэдщ, уеблэмэ сабийхэм хурагъэхь письмохэм нэпсыр кърегъакIуэ. 
Урысейр пэлъэщынущ сыт хуэдэ къалэнми. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ дызыкъэралщ, дызылъэпкъщ, ди щхьэ, ди ­къару дзыхь тетщIэжу. Пэжыр зи телъхьэр дэращ!», - жиIащ Путин Владимир и къэпсэлъэ­ныгъэр щиухым. 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: