УхуэныгъэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и унэ яухуэнум и лъабжьэр щагъэтIылъым. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я къалэнхэр тэмэму ягъэзэщIэнымкIэ, я Iэзагъэм хагъэхъуэным-кIэ, зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Республикэм и Iэтащхьэм УФ-м и МВД-м и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ апхуэдэ Iуэхухэм сытым дежи гулъытэ зэрыхуищIым папщIэ. КIуэкIуэ Казбек Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр къалэн нэхъыщхьэу къыхуэзыгъэув я къулыкъур пщIэрэ щIыхьрэ яIэу ирахьэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|