ЛIыгъэм щIапIыкIЗвёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулыкъур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм. ХьэщIэхэр кадетхэм яхутепсэлъыхьащ хамэ щIыпIэм зи къалэныр щызыгъэзэщIа я лэжьэгъухэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, апхуэдэуи документальнэ фильм ирагъэплъащ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|