Сетхэ я Iуащхьищ

Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм хиубыдэ Еджэрыкъуей жылагъуэм и Iэхэлъахэм итщ Сет Iуащхьищыр. Ахэр къызэрыунэхуам теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къокIуэкI. Абыхэм ящыщ зым къызэриIуэтэжымкIэ, Iуащхьэхэр щытащ иджыри нартхэр щыпсэуа лъэхъэнэжьым.
Нартхэ зэшищ яIэт, Сетхэ ящыщу. Ахэр гъукIэ лъэпкът, я IэщIагъэм цIэрыIуэ ирихъуауэ, езыхэр лIыхъужь хахуэу, жылэм фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу апхуэдэт. Зэшищым яIэт гъэфIэну зы шыпхъу закъуэ, ДэнэкуэкI и цIэу. ЩIалэхэм я шыпхъур апхуэдизкIэ фIыуэ ялъагъурт, ялъытэрти, зэи цIыхум имылъэгъуауэ, дыщэм къыхэщIыкIауэ хьэкуэстэгу (колесница) хуащIат.
Зэгуэр щIалэхэр зекIуэ щыIэу къаукIауэ, нартыдзэри къыхагъэщIэу къагъэIуащ. ДэнэкуэкIым а хъыбар гуауэ къыщыIэрыхьэм, дэщI екIукIэ зыкъихуапэщ, IэщэкIэ зиузэдри, зауэм кIуащ. И анэкъилъхухэм ялъ ищIэжыну зауэ губгъуэм ихьа пщащэр нартыдзэм и гъуазэ хъуат, зигу къызэрыгъуэтыжа зауэлIхэми заIэтри, биидзэр зэтракъутащ. ДэнэкуэкI зэхэуэм щигъуэта уIэгъэхэм илIыкIауэ жаIэ, текIуэныгъэр къизэуами. Нэху къызэрекIыу Сетхэ я щIалищымрэ япхъу закъуэмрэ щIалъхьэжащ. ЗэраIуэтэжымкIэ, пщащэр и дыщэ хьэкуэстэгум илъу щIалъхьащ.
Абыхэм я кхъащхьэм тращIыхьыжа Iуащхьэхэм тхьэлъэIухэр иращIэкIыу къэгъуэгурыкIуащ 1940 гъэ пщIондэ.
А зауэ гуащIэм апхуэдизкIэ цIыхухъу куэд хэкIуэдати, лъэпкъыр къызэтенэн папщIэ, цIыхубзхэр зэкъуэувэри, нэжьгъущIыдзэр къызэрагъэпэщащ – цIыхухъу фащэкIэ хуэпа бзылъхугъэ шуудзэр. Арауэ жаIэ, нэрыбгей цIэрыIуэхэу Сэтэней, Лашын, Хурсанэ, Дахэзилэ, Ныуэжь, Бэдынэ сымэ, нэгъуэщIхэми лъабжьэ яхуэхъуар.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: