ГукIи псэкIи дызэпэгъунэгъут, дызэрылъагъурт

ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэм дащегупсыскIэ, гу лъыдмытэу къанэркъым абыхэм адрейхэм тфIефIэкI, ди псэм нэхъ пэгъунэгъу зэрахэтым. Апхуэдэу си шыпхъум и къуэ Жэрыкъуэ Борис хэт нэхъри нэхъыфIу слъагъурт сэ. Езыми гурэ псэкIэ сызыхищIэрт, «гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ» зэрыжаIэм ещхьу… Дызэгъунэгъут, дызэрылъагъурт… Уи дзыхь зэбгъэз хъу, уи гумрэ уи псэмрэ зыхузэIупхыф цIыхут си шыпхъум и къуэр. 

Сыкъыщалъхуа махуэр къыщыздимыгъэлъэпIа е къыщIызэхъуэхъун щхьэусыгъуэ игъуэту Борис ар щыблигъэкIа зэи къэхъуакъым. Си нэгу къыщохьэж иджы апхуэдэ махуэхэр. Нэжэгужэу, гуфIэгъуэр и нэгум кърихыу, и щхьэгъусэфIымрэ я бынхэмрэ щигъусэр нэхъыбэу, Борис къытхуеблагъэрт, сигъэгушхуэну, сигъэлъэпIэну. А унагъуэ дахэм яхузэфIэкIырт къыпщагъэхъун къызытекIухьа Iуэхур езыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ махуэу. Апхуэдэу фIыуэ сыкъызэралъагъур зыхызагъащIэрт, гурэ псэкIэ спэгъунэгъу Iыхьлы сызэриIэр къызагъэщIэжырт.
ЦIыхум и гъащIэм куэд щелъытащ езым и Iыхьлы дыдэхэм, и унагъуэм, къыдалъхуахэм зэрахущытым. Борис абыхэм ящыщ дэтхэнэми лъагъукIэ хэха яхуиIэт. Зыми и жагъуэ ищIынутэкъым, псоми яхуэгумащIэу, псэкIэ фIыуэ зэрилъагъур захригъащIэу. Абы къыхэкIкIи зы махуэ цIыхуншэ хъуртэкъым а унагъуэр. Борис хэмыIэбауэ зэфIэмыкIын Iуэху псоми яIэу къызэращыхъум и мызакъуэу, а цIыху угъурлым и чэнджэщи абы хэлъын хуейуэ ябжырт. Ар Iыхьлы гъунэгъу дыдэу къалъытэрти, зым и дзи шыртэкъым абы елъэIуну. «Абы щхьэкIэ умыгузавэ, ар сэ пхузэфIэзгъэкIынщ», - арат Борис жэуапу иритыжыр апхуэдэхэм икIи, гъэщIэгъуэныратэкъэ, къыщIигъэгугъар игъэтэмэмырт. «Дауэ къехъулIэрэт си шыпхъум и къуэм а къомыр?» - згъэщIагъуэрт сэ. Алыхьыр къыдэIэпыкъурт а цIыху псэ къабзэу зи гур псоми яхузэIухам. 
И унагъуэм щIэсхэми гуапэ дыдэу яхущытащ Борис. Щхьэгъусэм худичыхырт, бынхэм ящысхьырт. ЯхуэткIийтэкъым икIи яхуэпхъашэтэкъым, фIы псори абыхэм ялъигъэсыну щIэхъуэпсырт. Борис и щхьэгъусэ Оксанэ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ докторщ, ПотребкооперацэмкIэ Белгород университетым Налшык щиIэ къудамэм и профессорщ. Сабий дыгъищ зэдагъуэтащ, зэдапIащ абыхэм. Быным я нэхъыжьщ Аллэ, абы къыкIэлъокIуэ Алим, щIалэ нэхъыщIэщ Чэлимэт. Зыдэс хьэблэм дэзагъэу, пщIэ щаIэу, гъунэгъуэхэм яхуэфIу икIи къахуэфIу апхуэдэщ а унагъуэ дахэр. 
Егъэлеяуэ хуэщабэт, хуэгумащIэт Борис и анэм. Къэхъуакъым абы и псалъэр тIу щищIа. Зэгуэрым анэр къуэм еупщIат: «НэщI мазэр къэсащ, си щIалэ. УнэщIыфыну пIэрэ?» - «СынэщIын дэнэ къэна, си анэ, уэ уи гуапэ хъуну, укъысхуэарэзыну сщIэмэ, къурIэныбзэри зэзгъэщIэнущ», - зишийри анэм IэплIэ иришэкIат. «Сыпхуэарэзыщ. Къанэ щымыIэу сыпхуэарэзыщ», - и жэуапт анэм… Апхуэдэт ар: гуапэт икIи щабэт. 
Дэтхэнэ лъэпкъми къыхокI зэунэкъуэщхэм я тхыдэм дихьэхрэ ар къихутэу лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр къэзыIуатэ къэхъукъащIэхэр зэхуихьэсыжыныр къалэн зыхуэзыщIыж цIыху. Борис апхуэдэт. Абы фIыуэ хищIыкIырт Жэрыкъуэхэ я лъэпкъ тхыдэм, лъыкIэ къыгухьэ псори ицIыхуну, игъэблэгъэну, игъэIыхьлыну хущIэкъурт. А и хьэл дахэм щхьэкIэ абы «благъэ мыгъэкIуэдкIэ» деджэрт. Апхуэдэу си анэр и пхъурылъхум зэрыцIыкIурэ МухьэмэдкIэ еджэрт, зи цIэр дахэ, зи пщIэр лъагэ Бегъымбарым иригъэщхьу. 
Жэрыкъуэ Борис бгъэдэлъ щIэныгъэ куум, ар УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я щIэныгъэлIу зэрыщытам куэд тепсэлъыхьащ. Илъэс 20-м нэскIэ ар щылэжьащ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэм. Абы щыщу илъэс 12-кIэ абы и унафэщIу щытащ. Абы къыдэлэжьахэм ящыщ куэд щыхьэт тохъуэ Борис цIыху гуапэу, вэгъзэгъыу, зыхэт гупыр къигъэдэIуэфу, езыри чэнджэщэфу зэрыщытам. Политикэми экономикэми хуабжьу дахьэхырт Борис. КъищынэмыщIауэ, бгъэдэлъ философие гупсысэ куухэмкIэ куэдым ядэгуэшэфырт. А унэтIыныгъэхэм ятеухуа и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт газетхэм, журналхэм. ЩIэныгъэлIым и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэмкIэ йоджэ УФ-м мэкъумэш щIэныгъэ щрагъуэт еджапIэ зыбжанэм я студентхэр. 
А псоми зыкъыдигъахуэурэ, абы зэман къигъуэтырт адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ зыхуищIыну. Борис фIэфIт ЩоджэнцIыкIу Алий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, IутIыж Борис сымэ я усэхэр. Абыхэм ящыщ куэди гукIэ ищIэрт, жиIэни фIэфIт. Литературэм къыхыхьэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм нэгъунэ я творчествэм щыгъуазэ зэрызищIыным пылът Борис. Ахэр абы къриджыкIырт «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Адыгэ псалъэ» газетым. Абыхэм Iэ щытрадзэ зэманыр къэса нэужь, абы мэкъумэш университетым щылажьэхэм абыкIэ защIигъакъуэрт. Усэ тхыным дихьэх и лэжьэгъухэм, студентхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр зэрыт «Япэ лъэбакъуэ» зыфIаща тхылъи Жэрыкъуэм къахудигъэкIауэ щытащ. 
 

ЖЫЛЭТЕЖ Сэлэдин. 2013 гъэ.
Поделиться:

Читать также: