Адыгэгу зиIэр и адыгэпсэм къишэжынущ

Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэр илъэс 40-м нэблэгъауэ а къэралым щыпсэу, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затийщ. Ар Тыркум и Къайсэр къалэм къедза Узун-Яйла щIыналъэм ит Мударей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 22-рэ хъуху абы дэсащ, итIанэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Германием кIуащ. 
Затий Iурылъ адыгэбзэм и къабзагъымкIэ къыбощIэ ар Узун-Яйла къызэрыщалъхуар. Абы щыщхэращ адыгэбзэр фIыуэ зыщIэр. Тыркум щыпсэухэми куэдрэ жаIэу зэхэсхащ: «Узун-Яйла щыщмэ, ар адыгэ нэсщ». Затии апхуэдэщ, къэбэрдей къуажэщ къыщалъхуари, бзэри ещIэ, хабзэри зэрехьэ. «Ди къуажэ апхуэдизкIэ хабзэр щызэрахьэрти, дыщыцIыкIум хамэ щIыпIэ дису ди пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым, - игу къегъэкIыж Затий. - Абы адыгагъэшхуэ къыщытхалъхьащ. ДэнэкIэ дыщыIэми, дызэрыадыгэр зэи тщыгъупщэркъым, ди лъэпкъ Iуэхур зэрыдгъэкIуэтэнум иужь дитщ. 
Мударей сыщыцIыкIум щыслъэгъуа адыгэ зэхэтыкIэр, ди нэхъыжьхэм я ущиекIэр, анэдэлъхубзэр зыIурылъ бзылъхугъэхэр IэфIу сигу къинэжауэ екIуэкIыурэ, мыбы сыкъэкIуэжри, пщIыхьэпIэм хуэдэ а си гукъэкIыжхэр нэрылъагъуу щыслъэгъуащ, хуэдищэкIэ нэхъ дахэу, нэхъ IэфIу, нэхъ хуабэу зыхэсщIащ Хэкум и фIагъыр. А къуажэр иджыпсту щыIэжкъым, щыIэр си Хэкужьырщ. Мыр жэнэт щIыпIэщ, мыбы адыгэхэр щопсэу, уи щхьэр лъагэу пIэту «Сыадыгэщ!» щыжыпIэ мэхъу. 
Хэхэс адыгэм Хэкужьым щыщыIэ щытыкIэр и нэгу къызэрыщIигъэхьэфыр проценти 5 къудейкIэ къыщIэкIынщ. НэгъуэщI къэрал къыщалъхуам хуигъэфащэ къудейуэ аращ адэжь лъахэм и IэфIагъыр. Нэхъыбэу хэхэсхэм Урысейм гужьгъэжьгъ къыхуаIэу, адыгэхэр дакъузэ къафIэщIу, хуитыныгъэ ямыIэу къащыхъуу апхуэдэщ. Мыбы зэ къэмыкIуэжам хъыбаркIэ гурыбгъэIуэфынукъым фи псэукIэр. Ар фIыуэ сощIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си къуэшхэмрэ си шыпхъухэмрэ зэи щыIакъым, абыхэм Хэкур къызэрызыфIагъэщIымрэ сэ щызыхэсщIэмрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ», - къыддогуашэ Затий.
Лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэнымкIэ унагъуэм мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. ЩIалэгъуалэм адыгэ къашэн, дэкIуэн зэрыхуейр хэхэсхэр хуабжьу зытепсэлъыхь Iуэхущ. «Нэхъыжьхэр куэдрэ иропсалъэ мыбы, ауэ жаIэм езыхэр едэIуэжу аращ. Сэ сытым дежи жысIэр зыщ: ди щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэрышэн щхьэкIэ, цIыкIу щIыкIэ гъэIущын хуейщ - адыгэ унагъуэ хъун папщIэ и лъэпкъэгъу къишэмэ, дэкIуэмэ зэрынэхъыфIыр. Армыхъумэ, апхуэдэ гупсысэ щIумыпIыкIауэ, адыгагъэм къызэщIиубыдэ а Iыхьэр зэи гуромыгъэIуауэ, балигъ хъурэ нэмыцэ пщащэ къишэну мурад ищIа нэужь, упэувыжкIэ зыри къикIкъым. Абы зэгурымыIуэныгъэ къишэу аращ. Зэрыадыгэр къыгурыIуэжу къэвгъэхъуи, насыпыр къэса нэужь, фыпэрымыуэ жызоIэ», - къыхигъэщащ Затий.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм куэдрэ щытопсэлъыхь, жылагъуэми щIэх-щIэхыурэ къаIэт хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр хэкум къешэлIэжа хъун папщIэ, къэрал хабзэхэр, дэфтэр Iуэхухэр нэхъ тынш щIын зэрыхуейр. Нобэ а Iуэхур къызэрыгуэкI дыдэ хъуауэ, гугъуехь хэмылъу хэкум укъитIысхьэж хъуну хуит ящIауэ къызыщыдгъэхъуми, куэд къэIэпхъуэжыну фэщщIыгъуейщ. 
Затий зэрыжиIэм тепщIыхьмэ, къагъэзэжынукъым. Мыбы щыпсэури, Америкэм исри, Европэм щыIэхэри зэгупсысыр я щхьэщ. Ар псэукIэм, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, лэжьыгъэм тещIыхьащ. Гугъуехь куэд пылъми, иджыпсту хуейр къэмыIэпхъуэжыфыну щыткъым мыбы. Хуэмейуэ аращ. Я Iуэхур нэгъуэщI щIыпIэ щыдокI. Урысейм щыщыIэ экономикэ, псэукIэ щытыкIэр нэхъ зэгъэпэща хъумэ, мис итIанэ нэхъ къэкIуэжыну тегушхуэнущ. 
НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Хэкум укъыдехьэх. Затий къызэрилъытэмкIэ, хэхэсымрэ Хэкумрэ нэхъ зэпыщIа хъунут, нэхъ щIэх-щIэхыурэ къэкIуэжу щытамэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къыдихьэхыжынут. Адыгэгу зиIэ дэтхэнэ зыри а и адыгэпсэм къишэжынут. 
«Къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэр кIуэдыжыну, хамэхэм яхэшыпсыхьыжыну зигугъэхэм сащыщкъым. Мы дунейр гъэщIэгъуэнурэ къокIэрэхъуэкI. Нобэ дызэрыщIэнымкIэ Iэмалу диIэ хъуам еплъ, мис апхуэдэу къекIэрэхъуэкIынурэ куэдкIэ нэхъ зэгъунэгъу дыхъужынущ. 
СызэреплъымкIэ, иджыри къыздэсым я щхьэ Iуэху, я псэукIэ зэгъэпэщыным нэхъ телажьэурэ екIуэкIащ. Иджы лъэ быдэкIэ къыщалъхуа къэралым щытеува хъуащи, дяпэкIэ лъэпкъ зыхэщIыкIыр нэхъ къэушыжу, кърахьэжьэжу хэкум нэхъ къыхуэпабгъэ хъуну пIэрэ жызоIэ. ЩIэныгъи, зэфIэкIи, Iэмали яIэ хъуащи, абы фIым сыщегъэгугъ», - жеIэ ди лъэпкъэгъум.
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: