Кавказым и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ

Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар 19-нэ лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм ис гуп щхьэхуэхэр зэкъуэувэу зыхэта зауэ лъыгъажэрщ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, лъэпкъ щхьэхуитыныгъэр яхъумэн папщIэ зи щхьэ емыблэжу зэуахэм я Iэтащхьэу щыта, лIыхъужьу ябж, I834 гъэм Дагъыстэным и КъухьэпIэ лъэныкъуэмрэ Шэшэнымрэ я бгырысхэм езыр-езыру къызэрагъэпэщыжа, ауэ къамылъыта къэралыгъуэм и Iимаму хаха Щамилщ.
Тхыдэтххэм иджыри зэхагъэкIыфакъым щIыхьышхуэ зыхуащIу щыта, лIыгъэшхуэ зыхэлъа, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я дзыхь зрагъэза Щамил зыщыщ лъэпкъыр. Авархэм къыхэкIауэ жызыIэ щыIэщ, 19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа урыс тхыдэтххэм къагъэна къэхутэныгъэхэм ар къумыкъуу къыхощ. Уеблэмэ езы дзэ Iэтащхьэу щытам «сытэтэрщ» жиIэу щытауэ зытхыжа щыIэщ. Ауэ, гу зэрылъытапхъэщи, урыс, къэжэр, европей щIэныгъэлI куэдым я тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, къумыкъухэми, Тэрч Iуфэ Iусхэми, Кавказым ис нэгъуэщI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэми «тэтэр» лъэпкъ фIэщыгъэцIэр зэрахьэу щытащ икIи урысхэм епсэлъэн хуей хъумэ абы я бзэрат тэрмэшым къигъэсэбэпыр.
Гъатхэпэм, 1841 гъэм, Псыжь адрыщI щыпсэу адыгэхэм я деж Щамил къыбгъэдэкIыу лIыкIуэ щыIащ. КъэзыгъэкIуам адыгэхэр къыхуриджэрт зэкъуэту Урысей пащтыхьыдзэм пэщIэувэну. Уэсмэн империер хуейт ар и жьауэм щIэту Урысейм къригъэзэуэну,уеблэмэ фIыгъуэ куэд къыхуигъэлъагъуэрт и лъэныкъуэ ищIыну, ауэ КъэбэрдеймкIэ кIуэуэ адыгэхэм гъусэ зыхуащIам нэхъ тэмэму къалъытэрт Щамили абы лIыкIуэ къищIа Мухьэмэд-Алии. 
ЕпщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм икIэм Кавказ Ищхъэрэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, нэхъыбэу исар адыгэщ. Процент 40 хъууэ щытауэ къалъытэ. 1835 гъэм ар проценти 10-кIэ, 1858 - пщыкIутхукIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Абы къикIращи, Щамил зыщыгугъа къарум хуэдэ Къэбэрдейм иIэжтэкъым.
 Щамил бийм щаIэрыхьам, и лIыгъэмрэ и акъылымрэ пщIэ къыхуащIу, Урыс пащтыхь Александр 2-м Бытырбыху щригъэблэгъащ икIи 1860 гъэм щIышылэм и 5-м унафэ ищIащ Калугэ унэлъапсэ къыщрату, и унагъуэмрэ езымрэ пенсэу дыжьын сом минипщI иратыну. 
Илъэсихрэ ныкъуэрэ дэкIыу и щIалэхэу Къазий-Мухьэмэдрэ Мухьэмэд Шапийрэ балигъыпIэ иува иужь, Урысей къэралыгъуэм хуэпэжу къулыкъу хуащIэну псалъэ ятащ. 
Зэадэ-зэкъуэхэр зэгъусэу Калугэ куэдрэ щыпсэуауэ, дунейм и щытыкIэр къазэремызэгъым къыхэкIыу, Щамил щIыпIэр ихъуэжын хуей хъуащ. Ар Киев щыпсэуащ 1868-69 гъэхэм. ИтIанэ Истамбыл иригъэблэгъащ Урысейм и лIыкIуэу абы щыIэм. ХьэжыщI кIуэну гъуэгу техьауэ 1871 гъэм дунейм ехыжащ. 
Имам цIэрыIуэм, абы и къуэхэм я гъащIэм теухуауэ художественнэ, документальнэ фильм куэд щыIэщ.Зэман Iейм халъхуам и гъащIэщ ди нэгу щIэкIыр. Къапщтэмэ, зауэм лIыгъэ щIапIэ иригъэувахэм ящыщ зыуэ аращ ар. Ауэ унагъуэхэри лъэпкъхэри «зэхэзэхьэжа» а залымыгъэшхуэр къэзыгъэувыIэфын лIыгъэ щыIэкъым, къикIуэтыну хуэмейм и щхьэ хилъхьэну фIэкIа. Зауэр сыт зэмани гущIэгъуншэщ. 

 

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: