Онлайн сатур гъавэхэкIым

 ФIагъ лъагэ зиIэ ерыскъыхэкIхэр цIыхухэм зыIэрагъэхьэн папщIэ, абыхэм фермерхэр яIугъэщIэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ. гъавэхэкI е IэщхэкI ирехъу, дапхуэдизу ахэр мыгурыхьми, здэщыIэр зымыщIэм дауэ ахэр зэрызыIэригъэхьэнур?
А къалэным зэрыпэлъэщ щIыкIэм топсэлъыхь Урысей мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.

«Фермерхэм я IэдакъэщIэкIхэр зыхуейм лъэгъэIэсынымкIэ нэхъ гъуэгу кIэщIу къэтлъытахэм ящыщщ Интернетым и Iэмалхэр къэгъэсэбэпыныр. Абыхэм зэману ирагъэхьри мащIэщ, щIыналъэм щыпсэухэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ зэпыщIэнымкIи мылъкушхуэ зытемыкIуадэщ, - жеIэр Сокъурым. - Иужьрей зэманым куэдым къагъэсэбэп хъуащ ахъшэ хъумапIэм «Своё Родное» зифIыща и маркетплейсыр. Ар, къэплъытэ зэрыхъунумкIи, фермерхэм къыщIагъэкI шхыныгъуэхэр гъэлъэгъуэнымкIэ цIэрыIуэ хъуа «утыкущ», узыхуейр пщIэ лей щIомыту зыIэрыбгъэхьэнымкIи IэмалыфIщ. Абы щхьэкIэ лъэбакъуэу пчын хуейри мащIэ гуэрщ: Интернетым уихьэу, зи цIэ къитIуа маркетплейсым и напэкIуэцIыр (приложенэр) къыщызэIупхыу, абы зыщебгъэтхынырщ».
Сокъурым зэрыжиIэмкIэ, хьэрычэтыщIэхэм нэхъ зэгъэкIуауэ къагъэсэбэпхэм ящыщщ жылэхэр, щIыгъэпшэрхэр, техникэр, къинэмыщIхэри къэщэхунымкIэ хуабжьу къахуэщхьэпэ «Свое Фермерство» зыфIаща Iуэхутхьэбзэри.
Мы зэманым зи гугъу тщIы Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпу ди республикэм ит IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр 77-м нэсащ. Абыхэм ящыщщ „АЛБИР“ СПК-р, „Нальчикский консервный завод»“, „Фрукт-Трейд»“, „Сельхоз-Комфорт“ ООО-хэр, нэгъуэщIхэри.

Урысей мэкъумэш банк акционер зэгухьэныгъэр 2000 гъэм къызэрагъэпэщащ. Ар, шэч хэмылъу, ящыщщ мы зэманым къэралым зэфIэкI нэхъ щызиIэ, лъэ быдэкIэ щыува, уи дзыхь нэхъ зэбгъэз хъуну ахъшэ хъумапIэ нэхъ ин дыдэхэм.
Зи гугъу тщIы банкым мэкъумэш IэнатIэм пыщIахэм ахъшэкIэ зэрызащIигъакъуэр сэбэпышхуэщ, къэралыр губгъуэ лэжьыгъэхэм щехъулIэнымкIэ, Iэщым къит хъерым щыхэхъуэнымкIэ, ерыскъы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэригъэпэщыжынымкIэ.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: