Напэм къыщыщIэдзауэ кIапэм нэс ящэ

Куэбжэм укъызэрыдэбэкъукIыу, занщIэу узыкIэрыхьэ Iуащхьэ хъуреишхуэр щхъуантIэ дахэу щытащ, укIэрыплъэн къудейр гухэхъуэу. Унагъуэхэм къыдаутIыпщыкIа шкIащIэ, танэ къэжэпхъахэм я хъупIэр бэгъуат. Удзымэр къыпIурыуэрт зыщумыгъэнщIу... Иджы нэгъуэщIу зихъуэжащ а щIыпIэ дахащэр къыумыцIыхужыну, дыгъэм илыпщIа къум нэщIым ещхьу, плъыжьыфэ хъуащ.
Дунейм и дахэгъуэ, и фIыгъуэм къэIэпхъуауэ щытауэ лъапэ дыдэм унагъуэхэр зэкIэлъыкIуэу кIэщIэсщ. Аддэ, пасэу абыхэм я адэхэм, я адэшхуэхэм ар псэупIэ ящIат, хьэуа къабзэкIэ щыбэуэн щIыпIэти. Жыг хадэ щагъэкIат, пхъэщхьэмыщхьэм къыпах хъерым ирипсэуну. ХьэуакIи хъупIэкIи а щIыпIэр жэнэт щIыналъэт.
Арати, зэ къос цIыхур щхьэзыфIэфI щыхъуну зэман. Ямыщэрэ къамыщэхурэ щыIэкъым Iэ къыпекIуэкIыну. Напэм къыщыщIэдзауэ кIапэм нэс ящэ. Ящэ щIыуэпсри щхьэхуещэхэм. Мылъку къыпэкIуэну ящIэмэ, цIыхупсэми щымысхьхэр къоунэху.
 НтIэ, щIы дыщыпсэур, дызыгъэпсэур, дызытелэжьыхьыр вулкан мафIэу къэлыдам къуакIэбгыкIэу къыщыхэупщIыIукIыжа зэман жыжьэм лъандэрэ щIы щхьэфэ трищIэжам щIихъумауэ щытащ а мывэ сахуэр.
«ЩIым щIэлъыр ещIэ», - жаIэ хабзэщ цIыху Iущым щхьэкIэ. Дыщэм къыщыщIэдзауэ щIым къыщIамых щыIэкъым. Вакъапхъэ жыхуаIэм хуэдэу, Iыхьэ-Iыхьэу гуэшащ щIыр, абы къыщIаххэр.
 Арати, «цIыху Iущхэм» я щхьэ ягъэпсэужын, «мылъку иращIын» щхьэкIэ, мо зи гугъу тщIы хьэуа къабзэм и хьэтыркIэ бгы лъапэм щытIыса цIыхухэм я гуфIэгъуэр къытракъутэж. ЦIыхум зэран зэрахуэхъур ящIэрт, дауи. Я щхьэ Iуэхут зэрахуэр. Дауэ ягу къэмыкIынрэт, гъунэгъуу щысхэр сабэм зэрыщIигъэнам и щIыIужкIэ, машинэ хьэлъэхэм къуажэ гъуэгур зэракъутэнур, къуажэ хъупIэр зэраутэнур, бгы дахэшхуэр фаджэу зэрафыщIынур? ЩIым къыщIахыну мылъкурат ахэр зэгупсысар.
Феплъыт абы иужькIэ къэхъум. Сабэм щIигъэнауэ, иджы а щIыпIэм иIэпхъукIыну зыхузэфIэмыкI гуэр, щIэгъэкъуэн е теувапIэ ищIынут, сытми, сыхьэт гъуэгукIэ къуажэм пэIэщIэу, мэзым щыпиупщIа щиху жыг лъэдий закъуэ къишэу яубыдащ. Зыгуэрым бзэгу ихьри, Iуэху къащIащ.
 Бзэгу зыхьари куэдрэ цIыхум зэран яхуэхъу гуэрт. БзэгукIэ щытхъу къихьыну фIэфIт. Мэзри абы щIэт жыгхэри щIыщыIэр, щIахъумэр щIыуэпсыр, дызэрыбауэ дунейр игъэкъэбзэну аракъэ?.. НтIэ, апхуэдизкIэ къуажэм пыIукIуэту, мэзым щиху закъуэ къыщIэзыша цIыхур ахъшэшхуэкIэ ягъэпшынащ, илъэс бжыгъэ хъуауэ къуажэ гупэ Iуащхьэр зэхэзытIыхьу къуажэдэсыр сабэм хэзыгъэс адрейхэр зэрыхуитщи, матIэ иджыри. Къащэхуащ щIы яфыщIыр, мылъку абы къыщIах. Иджы цIыхухэр йогупсысри, къахуэщIэркъым къуажэм зэран хуэхъур хэт – зэрыбауэ хьэуамрэ Iэщ хъупIэмрэ мыбэлэрыгъыу зэхэзыутэра хьэмэрэ мэзым кIуэуэ щиху закъуэ къэзышара? ЦIыхухэр гупсысэри къащIар зыщ – пхузэфIэкIмэ, узыхуимыт щыIэкъым, пхузэфIэмыкIмэ – къыпхуэгъунур пщIэжын хуейщ.

Нэхущ Хьэжпагуэ.
Поделиться: