Щэху

Гупсысэр-псалъэкIэ

Макъамэ гуапэм ещхьщ уэ тпеухуа гупсысэр. А макъамэр зэхэсхыху, дунейр нэхъ дахэ хъууэ къысщохъу. Гум ущотIыгъуэ. Удзыр бдогъагъэ, псынэпсыр уогъэуэршэр, уафэ лъащIэм сыбогъаплъэ. Апхуэдиз дахагъэ къызэрыщыр уи нэгу зэлъыIухарщ. Хьэуэ, уэ езым уи нэгу дыдэм апхуэдэу хуиту сиплъэфын насыпри тIэкIу спэжыжьэIуэщ. Зи гугъу сщIыр уи сурэтырщ. Аращ гукъэкIыжым сыхэзышэжыр.
ГукъэкIыж… ГурыщIэм зыкъыхиукъуэдият си гъащIэм. Си Iуэху лъэпкъ хэмылъу ар си гум уэ пхухиха гурыщIэт. Къысщыхьапэри, си гупсысэр зэрыхуейуэ уэ птриухуат. Гур нысфIэкIуасэрти, куэд дыди зыхимыщIыкI уи гъащIэм зыхигъэфIыхьырт. Ирикъуртэкъым зыгъэфIэнкIи. Пщэдджыжь хьэуа къабзэкIэ ирикъу зэрыщымыIэм хуэдэт. Си Iэр ныпхуэсшиямэ, си Iэпэр бубыду уи лъахэм сипшэну къысщыхъурт. Iэджэуи дахэу къыщIэкIынщ а лъахэр… дыгъэпсыр удз гъэгъахэм яхуэгуапэу, псынэпсыр зэнзэныпсу къабзэрэ-къабзэу, уафэр бзыгъэу, бзум я уэрэдым а псор нэхъри гуакIуэ щIэхъукIыу. Си фIэщ хъуркъым уи лъахэм уафэр щыгъуагъуэуи щыхъуэпскIыуи. Псэ къабзэм и лъахэм ахэр щыхабзэкъым. Абы сипшамэ, сигу пэщыху уи нитIым сыщIэплъэнт, си гур уи Iэгум нислъхьэнт, си гъащIэр уэстынт. Уэри абы ущыгуфIыкIыну хъунт. Ауэ… А гур уэ тыгъэ пхуэсщIын щхьэкIэ, зыгуэрым къытесхын хуей хъунут. СыткIэ ухуейт уэ зыгуэрым и насып зыгъэлъэпэрэпа, и гъащIэр зэхэзыуIухьа гу?! Ар си щIыбагъкIэ къыщынэ гъащIэ Iыхьэт. СиутIыпщыртэкъым, зы лъэбакъуэ закъуэкIи сынигъэкIуатэртэкъым. МащIэуи сыхузэгуэпырт уи деж сынэзышэну гъуэгур зэрыIуищIэм щхьэкIэ. Ауэ, ари сэрат зи гъащIэр, сэ езым сухуэжат. Налъэ-налъэу, ткIуэпс-ткIуэпсу, сыхуэсакъыу, сегугъуу. Иджы дэнэ схьыжынт?! КъэзгъэIэса, зэзгъэса гъащIэр хыфIэздзэу дакъикъэм схуэгъэщэщэжынутэкъым.
ГъащIитIыр зэдекIуэкIыфынутэкъым, апхуэдиз нурыгъэм нэр щигъэункIыфIыкIынут. Абы насыпыншагъэ къыхэкIынри зыхуэIуа щыIэтэкъым…  
КъыскIэлъыхъуапсэу си щIыбагъ къыдэзна гъащIэм згъэзэжри, мыдрейм си гур къыхэзнащ. ТIури Iыхьэншэ хъуакъым. Ауэ, гур зейм дэнэ щищIэн абы тыгъэ хуащIауэ… Апхуэдэ мылъку иIэу и пщIыхьэпIи къыхэхуэу къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, гур насыпыфIэщ. ИIэщ зыми зэхимыха, нэбгъузкIи зыIумыплъа щэху. Лъагъуныгъэ щэху.

Гу щIыIэ

Гупсысэр-псалъэкIэ

Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкъырыкI хуабэм зебгъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым, сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт…
    Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэр къибдзэртэкъым. Зызэхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкъырыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар буухыху. ИтIанэ - щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIым и деж щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла, гъуэгур къэбгъуэтыжри укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ бжэIупэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт, укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ укъэспхъуэтэжын къыпфIэщIу къыщIэкIынут.
    Ауэ сэ иджы сы гу щIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ, мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн.
    Си бжэIупэм IуищIа мылым ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури утехуащ. УкъызэфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым. Жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри укъыIузгъэхьакъым. Сылеймыгъэгъут. Сы гу щIыIэт. УэркIэ сы гу щIыIэт.

Гугъэ

Гупсысэр-псалъэкIэ

Сызэпеплъыхь. КъызодэхащIэ. СегъэIущ. Гур егъэгуфIэ, егъэхъуапсэ, егъэпсэу. Псэм хегуашэ гурыфIыгъуэ щэхухэр. Щэху дыдэу, зибзыщIыпэу къызопсалъэ. ТхьэкIумэм итщ, си нитIым щIэтщ, гум илъщ.
Ар си хъумакIуэщ. ГъащIэм и тыгъэшхуэщ, и налкъут-налмэсщ. ИIэкъым упщIэ мыфэмыци, жэуапи къыспихыну хэткъым.
Мэпсэу… Гум жьэгу дищIыхьауэ… Ужьыхыу хуежьэмэ, щIэрыщIэу къигъэблэжу… Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту игъэхуабэу… Къысхуэгуапэу. СызэхищIыкIыу, скIэрымыкIыу. Сыкъимыгъанэу.
Илъагъукъым пцIыи, фыгъуэижи, зэрымыщIи. Ихъуреягъыр гуапагъэрэ къабзагъэрэщ. КъигъэщIыр дахэщ. ГъащIэщ. ГъащIэ псощ.
    И дунейр гъатхэщи, мэгъагъэ, мэгуфIэ, мэуэршэр. Макъамэм хошэпсыхьри, егъэгуфIэ псэр.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: