Гуауэм зэкъуигъэуващ

Иужьрей махуэхэм дуней псор зыгъэгумэщIыр Тыркумрэ Сириемрэ щIыр шынагъуэу зэрыщыхъеярщ, абы кърикIуа насыпыншагъэхэрщ. Тыркум щIыр щыхъеям хиубыдащ Мараш къалэм къегъэщIылIа адыгэ къуажэ 40-м нэблагъэ. Кахраманмараш къегъэщIылIа Къаншыуей, Инаркъуей, Ендэрей, Анзорей, Маргъущей, Къамшыкъей адыгэ жылэхэм, нэгъуэщIхэми лъапсэхэр щызэтекъутащ, унэ куэд щIым щыщ хъужащ. НобэкIэ къызэрабжам тепщIыхьмэ, унэ къэуахэм щIипIытIауэ къагъуэтыжащ адыгэу I50-м щхьэдэх. Абыхэм яхэтщ зэрыунагъуэу хэкIуэдахэр. И щхьэр ерагъыу зыхъумэж адыгэ лъэпкъым аргуэру хэщIыныгъэшхуэ къылъыкъуэкIащ. Зыщыпсэу къэралым и деж пщIэ щызыгъуэта къулыкъущIэхэм, мурад дахэхэр зыгъэтIыгъуэ ныбжьыщIэхэм, гъащIэм и IэфIыпIэ дыдэм хэт сабийхэм я гъащIэр къызэтекъутащ.
Гузэвэгъуэ къыщыхъукIэ и деж лъэпкъыр зэрызэкъуэувэм елъытащ ахэр гуауэм зэрыпэлъэщынур. Адыгэхэр аргуэру гуауэм гъунэгъу зэхуищIащ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, къэрал IуэхущIапIэхэр, адыгэ Iуэхум игъэпIейтей цIыхухэр Тыркум щыпсэу адыгэхэм якъуэуващ. Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм Iэмалу щыIэр къагъэсэбэп ди лъэпкъэгъухэм сэбэп яхуэхъун папщIэ: унэншэу къэнахэр щIыпIэ зэхэкъутахэм къраш, фэбжь зиIэхэм йоIэзэ, мэжэщIалIэхэм ерыскъырэ псырэ, IэпцIэлъапцIэхэм – щыгъын хуабэ Iэрагъэхьэ.
«Мыпхуэдэ махуэхэм деж къыдгуроIуэ узэкъуэувэным къару къузэритыр. Кахраманмараш, Хатай къалэхэр зэтрикъутащ щIыр хъейри. Къэралри цIыхубэри и ужь итщ унэ къызэтещэхахэм щIиубыдахэр къызэрыщIахыжыным. Iуэхур зэрымытыншыр жыIэн хуейщ. Ауэ дигу зэтрегъэуIэфIэ дэнэкIэ щыIэ адыгэхэми зыкъызэрытхуагъазэм, къызэрытщIэупщIэм. «Сыт фхуэтщIэн? СыткIэ дывдэIэпыкъун?» - къыджаIэ. Хэкум, Европэм, Америкэм, Канадэм, Иорданием, Израилым, нэгъуэщI къэралхэми щыIэ ди къуэшхэр къыткъуэуващ», - жеIэ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Щоджэн Умит.
Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетыр, Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр, республикэм щыIэ нэгъуэщI жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр пэджэжащ ди лъэпкъэгъухэм къатепсыха гуауэм. Сэбэп хъуну хуейхэм папщIи абыхэм счёт къызэIуахащ (ди газетми теддзащ а счётыр).
Къайсэр къалэм къыщызэIуахащ Кахраманмараш, Хатай, Къайсэр, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыщ адыгэхэм щадэIэпыкъу IуэхущIапIэ.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: