ЩIалэгъуалэм гъуэгу яхухеш

КъэкIуэнур зейр щIалэгъуалэр зэрыарар, ахэр лъэпкъым и гъащIэм къыпызыщэ къарууэ зэрыщытыр, еджэну, лэжьэну гукъыдэж зиIэм узэрыдэIэпыкъур псыхэкIуадэ зэрымыхъур и фIэщ хъууэ, абы папщIэ лъэкIи къимыгъанэу мэпсэу ЩIДАА-м и тхьэмадэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен. Абы и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ мы интервьюм щыжиIахэри. 
- Адыгэ къуажэм укъыдэкIауэ нобэ уздынэса лъагапIэр инщ. Сыт хуэдэ мыхьэнэ щигъэзэщIа а къуажэм уи гъащIэм? Курыт еджапIэм ущезыгъэджахэр уигу къэбгъэкIыжмэ, уи гъэсэныгъэм, дуней тетыкIэм сыт хуэдэ хэлъхьэныгъэ хуащIа?
- Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, цIыхум къищIыкIынур зыхуэдэнур унагъуэмрэ курыт еджапIэмрэ къыбгъэдалъхьаращ. Псом япэр, дауи, унагъуэращ. Дэри ди дуней тетыкIэм, ди хьэл-щэным и нэхъыбэр къызыпкърыкIар ди адэ-анэрщ. ЕтIуанэ увыпIэр курыт еджапIэм иIыгъщ. ЕгъэджакIуэхэм къыббгъэдалъхьэ щIэныгъэмрэ узэраунэтI щIыкIэмрэ куэд елъытащ. Сэ сезыгъэджахэри, сызыхуагъэсахэри фIыуэ сощIэж. 
- Нобэ щIалэгъуалэм жаIэу зэхэпхынущ адыгэ къуажэм къыщалъхуам зиужьыну Iэмал куэд имыIэу, къалэдэсым и Iуэху нэхъ дэкIыу. Уэ уи щапхъэм еплъытмэ, ар пэжкъым. Уэ сыт хуэдэ еплъыкIэ уиIэ? 
- Уеджэну, щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыну ухуеймэ, дэнэ ущыпсэуми мыхьэнэ иIэкъым. Нобэрей зэманыр къапщтэмэ, иджы къежьа технологие къомыр здынэмыса щыIэкъым, уэ жэрдэм уиIэ къудеймэ, ущыпсэу щIыпIэм елъытауэ схужыIэнукъым. Пэжщ, къалэм удэсмэ, спорт IуэхущIапIэхэр, библиотекэхэр, нэгъуэщIхэр нэхъ гъунэгъущ. Ауэ иджыпсту къалэмрэ къуажэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэкъыми, ар щхьэусыгъуэкъым уемыджэнымкIэ. 
Дэ школым дыщыщIэсым икIи деджэрт, хадэми дилэжьыхьырт, ди адэ-анэм дадэIэпыкъурт, гъэмахуэм хадэ Iуэху фIэкIа диIэтэкъым. ЦIыхур нэхъ гугъу ехьыху гъащIэм нэхъ хуэхьэзыр хъууэ аращ. Гугъуехьыр зымыщIэ цIыхур ебгъэджэнуи, бгъэлэжьэнуи нэхъ хьэлъэщ. Къуажэдэсращ псэукIэ зыщIэр. СщIэркъым къуажэм сыкъызэрыщыхъуам щхьэкIэ апхуэдэу сегупсысу арами, ауэ аращ си еплъыкIэр.
- Япэрей зэманымрэ иджыреймрэ зэбгъапщэмэ…
- Ар зэбгъэпщэни хуейкъым. «Зэманым декIур лIыфIщ», - жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Дунейм, гъащIэм, къэралым зихъуэжурэ макIуэ. «Дэ ди зэманым мыпхуэдэу щытат, иджы зэрыхъуар…» жыпIэу уи щхьэр фIэбудыжу ущыскIэ, Iуэхур зэфIэкIынукъым, уэри гъащIэм ухэзэгъэнукъым. АтIэ нобэм зыдебгъэкIуу упсэун хуейщ. Къежьа технологиехэм ятепщIыхьмэ, дэри зыдогъащIэ, хыдощIыкI, ауэ а зэманыр зей щIалэгъуалэр абы хуебгъаджэмэ, куэдкIэ дэ нэхърэ нэхъыфIу къагъэIэрыхуэнущ икIи гъащIэм нэхъ къыщагъэсэбэпынущ. СызыхапIыкIа зэманым хэлъа щхьэхуэныгъэ куэд сигу илъщ, сфIэфIщ. Ауэ нобэрейми зытезгъэгусэркъым икIи Iумпэм сщIыркъым. 
- Дэ сытым дежи зэхыдох уэ адыгэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ щIэныгъэфI ябгъэдэлъыным гулъытэ хэха зэрыхуэпщIыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу ущылэжьа зэманым ныбжьыщIэ 300 хамэ къэралхэм щыIэ еджапIэ нэхъыфIхэм бгъакIуэурэ щебгъэджащ. Иджыри а лэжьыгъэм пыбощэ, ЩIДАА-м и гъуэгукIэ щIалэгъуалэ 50-м нэблагъэм я щIэныгъэм хагъэхъуэнымкIэ уадэIэпыкъуащ. КъыдэкIуэтей щIэблэм инвестицэ яхэплъхьэ щIыкIэу ебгъэкIуэкI Iуэхум сыт лъабжьэ хуэхъур? 
- КъБР-м и Iэтащхьэу сыщылажьэм IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ программэ хэха дгъэпсри, абы текIуэдэнур си мылъкум къыхэкI фондымкIэ къызэдгъэпэщырт. Абы дгъакIуэхэм Iэмал имыIэу инджылызыбзэмрэ адыгэбзэмрэ (е балъкъэрыбзэмрэ) ящIэн хуейт. Анэдэлъхубзэр зымыщIэхэр хэдгъахуэртэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ абы дызэрыщыгугъыр и хэкум къигъэзэжу щылэжьэнырт, а бзэр имыщIэмэ, сытым къишэжынт ар хэкум? ИужькIи ЩIДАА-м и нэIэ щIэту къыпытщащ а Iуэхум икIи пандемиер къемыжьэ щIыкIэ цIыху 50 хуэдиз дгъэкIуащ. Хуабжьу си гуапэ мэхъу апхуэдэу Америкэм, Швейцарием, Европэм хиубыдэ къэралхэм щеджауэ къэкIуэжа щIалэгъуалэр банкхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми зэрыщылажьэр, пIалъэкIэ а щеджа къэралым лэжьэну къэнаи яхэтщ. Апхуэдэ цIыху еджахэр диIэмэ, лъэпкъым куэдкIэ нэхъыфIу зиужьынущ. ЩIэныгъэкIэ, мылъкукIэ дуней псом щыцIэрыIуэ цIыху къытхэкIмэ, ар куэдкIэ лъэпкъым сэбэп хуэхъунущ. Маск Илон, Гейтс Билл хуэдэхэр адыгэм къытхэкIтэмэ, мис а хабзэм, бзэм теухуауэ дызыхуей программэхэр гъащIэм хэпща хъунут. МащIэтэкъым абы яхузэфIэкIынур. 
Хамэ къэрал нэхъ зызыужьахэм ехъулIэныгъэ щIаIэр мис апхуэдэ щIалэгъуалэр ирагъаджэри аращ, мыхьэнэшхуэ зиIэ программэхэр зэхалъхьэфрэ абы текIуэдэну ахъшэр къалэжьыфу. Дымышынэу дгъакIуэурэ щедгъэджэн хуейщ, уеблэмэ я лъэр быдэу теувэху щыдгъэлэжьэн хуейщ. Ауэ адыгэбзэ зыщIэ, адыгэгу кIуэцIылъу къыхэтхын хуейщ, къызыхэкIам къыхуэсэбэпын щхьэкIэ. 
- Абы къищынэмыщIауэ, «Стартап» зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхэплъхьауэ хьэрычэт Iуэхум зезыпщыт щIалэгъуалэм уадоIэпыкъу. 
- Абыи аращ лъабжьэ хуэхъур. Сыт хуэдэ Iуэхуми и щIэдзапIэр гугъущ. Проект къэзыгупсысыф щIалэгъуалэм щIэгъэкъуэн ямыIэмэ, заужьыфынукъым, Iуэхур ирагъэжьэфынукъым. Апхуэдэуи акъылрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ гупсысэну, лэжьэну хуеймэ, ахъшэкIэ дадэIэпыкъун щхьэкIэ къедгъэжьауэ аращ. СфIэгъэщIэгъуэну садолажьэ абыхэм. Я проектхэм уеплъмэ, куууэ гупсысэ, акъыл зыбгъэдэлъ куэд яхэтщ. Пэжыр жысIэнщи, илъэс 25-м щегъэжьауэ илъэс 35-м нэс зи ныбжьхэм я акъылыр нэхъ убгъуауэ мэгупсысэ икIи тогушхуэ. КъэзыгъэувыIэр ахъшэращи, абыкIэ защIэзгъэкъуэну сыхуейуэ къыщIэддзауэ аращ. Ар илъэсым зэ, тIэу идогъэкIуэкI, дяпэкIэ нэхъ зедгъэубгъуну си гугъэщ. КъищынэмыщIауэ, иджыри къэс сом зы мелуан, е сом мин щитху етту щытауэ аращ. Пэжщ, абыкIи къыщIэбдзэфынущ, ауэ проектыр инмэ, Iуэху пыухыкIа хъуамэ, иджыри ахъшэ хэплъхьэн хуейщи, дяпэкIэ нэхъыбэ еттынущ. ЩIалэхэм унафэ яхуэсщIауэ йолэжь абы. Зы илъэсым сом мелуан 20 - 30 тезгъэкIуэдэну си мурадщ. Адыгэ Республикэри Къэрэшей-Шэрджэсри хэдгъэхьами хъарзынэ хъунут. Дегупсысынщ.

 

Зытхыжар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: