ЦIыхубз гуащIафIэхэрАрхив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм къыхэнащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ республикэм и цIыхубзхэр Iуэхугъуэ куэдым жыджэру зэрыхэтар. А лъэхъэнэхэм мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми бзылъхугъэхэм лэжьыгъэ мытыншхэр щызэфIагъэкIырт.
Апхуэдэу блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм мыхьэнэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIащ. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я цIыхубзхэм я япэ щIыналъэ зэхуэсыр 1922 гъэм щыIат. Абы теухуауэ газет тхыгъэ зыбжанэ ихъумащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм. А зэманым жыджэру, псынщIэу къызэгъэпэща хъуат цIыхубз лъэщапIэхэр (щыгъыныгъуэхэр щад, цы щызэрахъэ), гупжьейхэр (щIэныгъэм, щэнхабзэм я фIыпIэр щадж), нэгъуэщI Iэджи. А псори зыхуэгъэзар республикэм и зыужьыныгъэрт. Бгырыс цIыхубзхэр хущIэкъурт я лэжьыгъэм профсоюзхэри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри къыхашэну. Мыгувэу диIэ хъуащ IэнатIэ зезыхьэф цIыхубзхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Старэ Крепостым (иджы Бахъсэн къалэрщ) дэта цIыхубз клубым и унафэщI хъуат Сасыкъ Фаризэт. Дэным, хэдыкIым хуэIэзэ а бзылъхугъэм и лэжьыгъэм щыщIидза лъэщапIэ мыиным фабрикэ псо къыхэкIат. ИужькIэ, Фаризэт бгырыс цIыхубзхэм я клубым и унафэщIу хахыгъащ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|