ФIым я фIыж си егъэджакIуэ

ЦIыхубзхэм я махуэм ирихьэлIэу и гугъу фхуэсщIыну си гуапэщ Псынабэ ­къуажэм Къэгъэ­зэж Валерэ и цIэр зе­зыхьэ и курыт еджапIэм адыгэб­зэмрэ адыгэ литературэмкIэ и егъэ­­джакIуэ Мэремы­къуэ-Безыр Жаннэ Бэрон и ­пхъум.

Анэдэлъхубзэм и дуней гъэщIэгъуэ­ным и лъагъуэм сытезышар си егъэджакIуэ Жаннэщ. Ар адыгэбзэ дахэ зыIурылъ, цIыхупсэ телъыджэ зыдэплъагъу бзылъхугъэщ. Аращ курыт еджапIэ нэужьым КъБКъУ-м и филологие институтым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьэу анэдэлъхубзэр нэхъ куууэ зджынымкIэ щапхъэ схуэхъуар. Теплъэ гуакIуэ зиIэ, удэзыхьэх бзэ шэрыуэ зыIурылъ Жаннэ егъэджакIуэ IэщIагъэм пщIэрэ щыт­хъу­рэ иIэу илъэс 40-м нэблэгъауэ пэрытщ. Абы и дэтхэнэ дерсри щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэ­ну еухуэ. Апхуэдэ жэуаплыныгъэ хэлъу зи IэщIагъэм бгъэдэт бзылъхугъэр абы къы­зэрыхуигъэщIам шэч хэлъкъым. И лэжьэгъухэмрэ и гъэсэнхэмрэ къыхуащI пщIэр езым и дуней тетыкIэ дахэмкIэ къилэжьыжащ егъэджакIуэм.
Анэдэлъхубзэм и лъахэм и мызакъуэу, IуэрыIуатэм и дыщэ пхъуантэми хъугъуэфIыгъуэ куэд къытхудихащ ди егъэджакIуэм. Абы гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуи къыддригъэ­кIуэ­кIащ. Езы Жаннэ и дуней тетыкIэр, дэтлъагъу хабзэр дэркIэ щапхъэт. ФIым я фIыж си егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм папщIэ псалъэ гуапэ мыухыжхэр схужыIэнущ.
Адыгэбзэр гъащIэ гъусэ схуэхъунымкIэ щапхъэу сиIа Жаннэ ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу зыхуэзгъэзэну сыхуейт гъатхэм и гъагъэр и гъащIэу, узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ и бэу иджыри илъэс куэдкIэ ди япэ итыну!
ПщIэ къыпхуэзыщI уи гъэсэн БищIо Iэсият.

 

Поделиться:

Читать также: