Балъкъэр лъэпкъыр щрашам1944 гъэм, гъатхэпэм и 8-м и пщэдджыжьым балъкъэр лъэпкъым гъуэгуанэм зыхуагъэхьэзырыну унафэ ящIащ. СыхьэтитIым и кIуэцIым, балъкъэр къуажэхэм къыдэнаIатэкъым. Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшащ балъкъэр 37,713-рэ. Архив дэфтэрхэм къазэрыхэщымкIэ, абыхэм я процент 52-р - сабийхэт, 30-р - бзылъхугъэхэрт. Махуэ 18-кIэ гъуэгум щымэжэщIэлIа, щыпIыщIахэм яхэлIыкIащ цIыху 562-рэ. Гъуэгум темылIыхьу здашэм зи псэ нэзыхьэсахэм къапэплъэри гъащIэ хьэлъэт. Гъавэ зытращIэн, зытепсэукIын щIы тэмэм яIэтэкъым. Къарууншэ хъуа цIыхухэм лэжьыгъэ хьэлъэр яхуэгъэкъаруужтэкъым, мэжэщIалIэхэт, дунейм и щытыкIэ зэмысам я Iэпкълъэпкъыр щIигъалIэрт. Балъкъэр лъэпкъыр ираша нэужь, япэ илъэсым къриубыдэу адэншэ-анэншэу къэна сабийхэм мин бжыгъэкIэ я псэр хэкIащ. Къыргъызым, Джалал-Абад областым и закъуэ 1944 гъэм и мэлыжьыхьым цIыхуи 10 336-рэ щылIащ. Ар щIыгум ирашахэм я процент 69,5-рэ мэхъу. 1944 гъэм, балъкъэрхэр ираша нэужь, япэ мазибгъум къриубыдэу къалъхуар сабий 56-рэщ. ЛIам я бжыгъэр цIыхуи I592-рэ мэхъу. I944 гъэм, мэлыжьыхьым и I-м щегъэжьауэ 1946 гъэм и фокIадэ пщIондэ Къэзахъстанымрэ Къыргъызымрэ щылIащ балъкъэр 4849-рэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|