Си гъащIэ - си дуней

Анахайм и зыгъэпсэхупIэм уэрэд къыщызош.

ГукъэкIыжхэр

Артист, драматург цIэрыIуэ Мурат Чэпай Исмел и къуэр­ Адыгэ Республикэм щыщ Блашэпсынэ къэбэрдей къуа­жэм 1939 гъэм къыщалъхуащ, Мэзкуу дэт Театр гъуазджэм и къэрал инс­титутыр, Адыгей къэрал пединститутыр къиухащ, теат­рым щылэжьащ. АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ къулыкъур зэрихьащ.
Мурат Чэпай и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Батыр», «Фызабэхэр», «Анэм и гукъеуэ», «КъулыкъущIэкъухэр» драмэхэр, «Лъагъуныгъэм ириджэгуркъым» комедиер, ахэр Адыгей, Къэбэрдей къэрал театрхэм куэдрэ щагъэлъэ­гъуащ.
Муратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист, Адыгейм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэхэр къыфIащащ, Ар-м и къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
2013 гъэм    дунейм ехыжащ. Иджыблагъэ Мейкъуапэ къыщыдэкIащ абы и гукъэкIыжхэр зэрыт «Си гъащIэ - си дуней» тхы­лъыр. Щыгъуазэ фыдощI Мурат Чэпай и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.

Мэзкуу дыщызэроцIыху

ЦIыхухэр зытехьэ гъуэгу­хэр зэщхькъым. Гъуэгу благъи гъуэгу жыжьи щы­Iэщ. КуэдкIэ зэщхьэщокI ахэр­. Зыр гъуэгу захуэщ,­ адрейр нэшэкъашэщ. Зым­ гуапагъэ щыболъагъу,­ уи­ гур щыхэщI гъуэгуи ури­хьэлIэнущ. Уи жагъуэ уи щIасэми, утехьэнкIи мэхъу гъуэгум - уи лэжьапIэм къалэн къыпщащI, уи пщэ къыдалъхьэри. Мылъку щхьэкIэ гъуэгу техьэри мащIэкъым - зыгуэр къеуэлIэнкIэ мэгу­гъэри. Уи гурыгъыр щижын­кIэ мэхъу апхуэдэ гъуэгум­. Iэджэ къыщоуэлIэн уи ­гу­гъэу­рэ уокIу гъуэгур - на­сы­пыншэ ущыхъуауэ укъы­щIи­дзыжынкIэ мэхъу армыхъу. Уи анэм, уи адэм деж узышэж гъуэгур дахэщ, ап­хуэ­дэщ уи цIыхугъэхэм, уи­ ныбжьэгъухэм уахэзышэ гъуэгури. Ущыунэхъунур пщIэнукъым: ар къащыщIащ я хэкур ябгынауэ, я лъапсэр IэщIыб ящIауэ зэгуэр гъуэгу техьахэм.
МащIэ щIакъым абы лъан­дэрэ, итIани абыхэм я нэгу­ щIэт зэпытщ я хэку­жьыр, я пщIыхьэпIэм хэкIыркъым. Дунейм текъухьа хъуащ ахэр, дэнэ щIыпIи ущрохьэлIэ ­иджы.­ Америкэр тпэжыжьэ­щ - абыи ущрихьэлIэнущ ди лъэпкъэгъухэм. Си гъуэгухэм ящыщ зым сахишащ абыхэм. Ар зи фIыгъэр Шыкъ­ Мухьэмэд-Хьидщ. Сэ­­­ ар сцIыхуртэкъым, си мынэIуасэми, сыщригъэблагъэм и хьэщIэщ сихьащ, гъуэгу жыжьэр зэпысчри. Си хъыбар щыгъуазэт езыр, си гугъу зэхихауэ; себлагъэмэ, фIэигъуэу къыщысхуитхым, згъэщIэхъуакъым. Шогуэ Самир щыхьэщIат ди хэкум,  Америкэм, Калифорнием нэс къикIри. Самирщ си хъыбар хуэзыхьар, си гугъу хуэзыщIар.
Гъусэ дызэхуэхъуащ: уэ­рэ­джыIакIуэ ПащIэ Ленэ,­ пшынауэ Iэзэ Мэкъуауэ­ Му­хьэмэд, журналист, тха­кIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэ­рыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэд, абы и щхьэгъусэ Дол Розэ. ХьэфIыцIэр къэ­рал куэ­дым щыIат, тхылъ зыбжанэ итхат хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэм, шэр­джэс­ лIыщхьэхэм, гъуаз­джэм, литературэм я лэжьа­кIуэхэм, дзэпщхэм, къэрал лэжьакIуэшхуэхэм я гъа­щIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ.
Мэзкуу дыщызэIущIащ нэрыбгитхур, ды­зэрыцIыхуащ. Ди хъыбар зэхуэтIуэтэ­жащ. Гъуэгу жыжьэр къыт­щIэлъщ. абы, дауи, ухимы­гъэплъапIэр иIэкъым.

Гъуэгу техьэ къытенэркъым

Гъуэгу ущытехьэкIэ узри­хьэлIэнур пщIэнукъым, узыпэмыплъэххами уIууэн­кIэ мэхъу. Ди ежьэгъуэр­ къэ­мыс щIыкIэ Мэзкуу дыщ­­ри­хьэлIащ Иорданием­ и­ посольствэм и япэ секре­тарь Балъкъыз Мухьэмэд. Зыбжанэ щIащ абы СССР-м и щыхьэрым къулыкъу зэры­щищIэрэ, и къуитI щригъэ­джащ Мэзкуу. И щхьэгъусэ Сюзаннэ Къардэнхэ япхъущ, и адэшхуэр ди къуажэм, Бла­шэпсынэ, дэкIащ. Балъкъыз Мухьэмэд и унэр цIыху кIуапIэщ, куэд щызэблокI, гуапагъэ, хьэщIагъэ къыщрах. Балъкъызым и унэм и­хьэ хьэщIэхэм ящыщ ды­хъуащ дэри.
Адыгэ гупышхуэ дыщри­хьэлIащ Балъкъызхэ. Зыр Бангладеш макIуэ, адрейр - Алжирым, дэ - Америкэм.
Балъкъызхэ я деж такси­кIэ дыкIуати, зыр адрейм дыщы­гугъы­журэ, Мэкъуауэ Мухьэ­мэд и пшынэр машинэм къред­гъэнащ. Сыт иджы ди Iэмалыр? Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд мэшхыдэ: «Америкэм ущIашэр узэрыпшынауэм щхьэ­кIэщ, армырмэ хэт къыпхуэныкъуэр?» Балъ­къызхэ я аккордеоныр къыдатынущ. Аккор­деон­ я щыпэлъагъу Аме­­рикэм, абыи щыдгъуэты­нущ аккор­деон. Апхуэдэ щIэщ­­хъу къы­зэрытщыщIами ди­гъэнэщ­хъеящ.
Москва зы таксомотор парк­ къыдэднакъым. Псоми дыпсэлъащ. ЩIыр зэгуэ­ху­ри я кум дэхуащ пшынэр - дгъуэтыжакъым. «Иджы сыт дгъэкIуэдынур, зи чэзур хэт?» - догушыIэ, нэщхъыфIэ дыкъэхъужащи.
Америкэм укIуэным гу­гъуехь­ пыщIакъым, гугъу узыдехьыр билет къэпщэхунырщ. Абы мазэкIи упэплъэнкIэ мэхъу. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIыхугъэт Граждан авиацэм и министрым и къуэ­дзэр, ар хэлIыфIыхьри, билет къытхудихащ.
Сыхьэтибгъурэ ныкъуэкIэ дытетащ гъуэгу. Кхъухьлъатэм и эконом классым исыр Америкэм щыщхэщ - дэ тхум нэмыщI. И пIалъэм дыщетIысэхащ Нью-Йорк, шэ­джагъуэ хъуауэ.

НэгъуэщI дуней
 
Кхъухьлъатэм ды­къи­кIащ. ДогъэщIа­гъуэ: къа­б­­загъэрэ щхъуантIагъэрэ уи нэм къыIуидзэр, Iэуэлъауи и жьэ утIыпщауэ псалъи зэхэпхыркъым. ЦIыхур Iув щхьэкIэ, зэдыркъи зэжьэхэуи плъагъуркъым, нэмысрэ цIыхугъэрэщ ядэплъа­гъур. Ар сфIэгъэщIэгъуэнщи, зы­­зоп­лъыхь, защызгъэн­щIыркъым. Фыз макъ зэхэс­хащ асыхьэтым. МэкIий фызыр - дызыщыгъуазэ бзэщ зэ­рыкIийр: «Чэзум сыхэв­мыгъэт, сэ сешащ, си псэр­ поху, япэ сивгъэщи, сы­вутIыпщ!» ЦIыхубз бэвыр делэ хъуауэ къащыхъуагъэнщ: псори къоплъ, зыхуахьынур ящIэркъым. «СопIащIэ, япэ сивгъэщ!» - щIичэркъым абы. Зы цIыхухъу къехъурджэуащ, и жьэр щимыубыдыжыххэм: «Ди напэр тыбох, зэтепIэ уи тIуалэр, уи пIэ ит, чэзур къыплъысмэ, укъа­лъагъунщ!».
Адыгэм и псэлъафэщ: уи унэ зыщыгъаси, хасэм яхы­хьэ. И къэрал исыжатэмэ, емыкIу къамыщIынкIи хъунт­ цIыху Iувым яхэгуауэ­ цIыхубз щэныншэр. Хамэ къэ­рал уихьауэ, щIыкIейуэ закъебгъэ­лъагъуныр къезэгъыркъым, дауи. ЕмыкIу къы­зэрумыхьыным упы­лъын хуейуэ къыптохуэ - аращ адыгэр дызыхуагъэIущари дызыщIапIыкIари…
Кхъухьлъатэм дыкъикIри, лъэбакъуэ лей дагъэчакъым:­ ди тхылъи ди хьэпшыпи щIэх дыдэ къыдатыжащ, гъуэгуми дыщагъэгъуэзащ. Абдежым адыгэбзэ къабзэ зэхы­дох, транспаранти къыдо­лъагъу: «Адыгэхэр фы­­къеблагъэ!» Къытпежьахэм да­хэ­зэрыхьыжащ. Гъуэгу дытетауи дешауи пщIэнукъым - ар дигу къэкIыжыххэркъым, фIэхъусымрэ IэплIэ ешэ­кIым­рэ кIэ яIэкъым.
Ди бысымым хъыбар­ ди­гъэщIакIэт Нью-Йорк­ дэс­ адыгэхэр къызэ­рыт­пе­жьэ­нумкIэ. Абы и Iыхьлыи, и бла­гъи, и хэгъэреи къыщытпежьащ Нью-Йорк. Лос-Ан­джелес дылъэтэн хуейт адэ­к­Iэ - кхъухьлъатэ тедзапIэм щIэх дыдэ дынагъэсащ.
Аэропортым сыхьэт нэхъы­бэ дыщыгувакъым: кхъухьлъатэм дитIысхьэри, ­­гъуэ­гу дытехьэжащ. Километр­ ми­нитху къызэднэкIа ­нэу­жь,­ Хы хуэмым и Iу­фэм пэмыжыжьэ Лос-Ан­джелес ды­щетIысэ­хащ. Адыгэ­ фа­щэкIэ хуэпауэ, цIыху щи­тIым щIигъу къыщытпежьащ абы. НэIуасэ тхуэ­хъуахэм ящыщщ Германием щыпсэу, Лос-Анджелес нэс нэ­кIуа ХьэщIэцIыкIу Аднан. ИужькIэ Аднан Кавка­зым къигъэзэжащ, Налшык щопсэу. Адыгэ хэкум къэкIуэрейуэ щытащ ар, телефильм куэд щытрихащ ди деж, абыхэм иджыри къэс зыщагъэнщIыркъым Америкэм щыпсэу адыгэхэм.
Аэропортым джэгушхуэ щытщIащ, куэдым нэIуасэ, хэгъэрей дахуэхъуащ. Лос-Анжелес пэжыжэкъым дыз­дэкIуэн хуей къалэр - адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуар.

Анахайм

Мелуаным щIигъу цIыху щопсэу Анахайм къалэм, унагъуэ щиплIыр адыгэщ.
Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и пщIантIэм дыдыхьащ, къалэм дынэсри. Нэху щыху ди нэбдзыпэ зэтетлъхьакъым,­ гъуэгу кIыхь къызэрызэ­пыт­чари дызэрешари къыт­фIэIуэхужкъым: Iэджэм щIоуп­щIэ унэм къыщIыхьэ-щIэкIыжхэр. Жьыи щIэи, цIыкIуи ини - Iэджэ къеблэ­гъащ ди бысымым деж. зы­щагъэнщIыркъым хэкужьым къикIа хьэщIэхэм, куэдым щIоупщIэ, псалъэр зэпыумэ, уэрэдщ, къафэщ. Мазэ щитхащ Америкэм, япэ махуэр псом нэхърэ нэхъ гукъинэж сщыхъуауэ къысфIощI.
Адыгэхэр зыдэс къалэр­ Хы хуэмым и Iуфэм Iугуэ­шащ. Абы и уэрамхэр щхъуан­­тIагъэм щIигъэнащ - Мейкъуапэ и уэрамхэр си нэгу къыщIагъэхьэжащ хы Iуфэм Iус къалэм и уэрам зыкъизых­хэм. Къалэм щIыIэ щыхъуркъым зэи. Сочэ удыхьа хуэдэщ, жыг, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыгъу­нэжщ. Хамэ щIыналъэм и­зэ­гъащ къалэм дэс адыгэ­хэр, ахэр Сирием, Иорда­ние­м, Тыркум, Израилым­ къи­­кIащ. Лэжьыгъэ лъы­хъуэу­­рэ зыбжанэрэ зэхэ­зе­кIуэ­ри, Калифорнием къы­щы­­зэтеувыIащ. АбыкIэ ­щы­­уа­ къысфIэщIыркъым ахэр.­­ Къа­лэм нэхъыбэрэ­ узы­щ­­рихьэлIэ унэцIэхэм ­ящы­щщ: Гъыш, Iэпыщ, Атэлыкъ, ­Шы­къ­,­ КIэ­­дыкIуей, Мэл­­гуэш,­ Шогуэ,  Цей, Шурдым. Умар, Хь­э­гъур, Дыгъужь, Лъос­тэн, Джэтауэ, Хьэ­къун, Ща­уэп­­цIокъуэ, Нэгъуей, Куэш­бей, нэгъуэщIхэми. Ущ­ро­хьэ­лIэ ЕтIуа­нэ дунейпсо зауэм и ужькIэ хэкур зыбгына­хэми - ахэр нэхъ мащIэщ, жьыфи къа­теуакIэщ.
Нэхъыбэм езыхэм я унэ яIэжщ. ЛэжьапIэ уIутрэ унэ ухуей хъумэ, къэралым доллар минищэрэ щэ ныкъуэрэ, мин щитI къуитынущ - илъэс щэщI, илъэс щэ ныкъуэкIэ упшыныжын хуейуэ. Фэтэр щIэсхэри яхэтщ, мазэ фэ­тэрыпщIэр доллар миным нос. Я унэ ущIыхьэмэ, гу лъыботэ цIыхур зэрыхуэ­къулейм. Я пщIантIэхэр удзыпцIэщ, къэ­кIыгъэ дахэхэр дэзщ. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг за­къуэтIакъуэщ пщIантIэхэм дэплъагъуэр, хадэхэкIхэрщ я хадэхэм думылъагъуэхэр: абыхэм хуэныкъуэкъым - ты­куэнхэм щIэзщ пхъэщхьэмыщхьи хадэхэкIи.
ЦIыхур нэхъ мащIэ хъуа ­нэужь, ди бысымым щы­гъуа­зэ дищIащ мазэм и кIуэцIкIэ тщIэн хуеймрэ длэжьыпхъэмрэ. Драгъэблэгъэн­ я гуапэщ Iэджэм - абыхэм я жагъуэ пщIы хъунукъым.­ Шыкъ Мухьэмэд-Хьид дыпэрыуакъым: адыгэм зэры­жиIэщи, къэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущ, кIуэжыныр бысы­мым и Iуэхущ - адыгэр­ зы­темыкI хабзэщ ар. Я Iэнэм фадэ зэзэмызэщ къыщытехъуэр: уигу пIэпихмэ, е­фэ. Езыхэр фадэм дихьэ­хыркъым, ефэххэркъым - дэ­ри аракъым гъуэгу ды­къыщIытехьар.
Япэ махуэм къызэры­джа­Iащи, къалэм дэт ­Адыгэ Хасэм драгъэблэгъэн мурад яIэщ. Хасэм и программэр дагъэлъэгъуащ, абы къри­хьэлIэнут къалэм дэс адыгэхэр - я нэ къытхуокI псоми. Ди хъыбар дэни щыIуащ, дэр­ фIэкI Iуэхурэ дэлъ­рэ­ ямыIэжми ярейщ. Дэри дигурэ ди щхьэрэ зэтелъщ: тлъэкI къэдгъэнэнукъым, я упщIэхэм жэуап­ еттыным дыхуэхьэзырщ, яфIэ­гъэ­щIэгъуэн хъун хъыбар Iэджэ зэрахуэтIуэтэным иужь дитынущ - аращ гъуэгуанэ кIыхь къыщIызэпытчар.

Умысакъмэ, ущIегъуэжынщ

Зи ужь дит Iуэхум зы­щыхуэдгъэхьэзырым, ды­къэ­­­зыгъэнэщхъеин ­гуе­мыIу­ къытлъыкъуэкIащ: псы­щIы­Iэ ефэщ, морожнэ триш­хы­хьыжри, ПащIэ Ле­нэ тэмакъыдзэ хъуащ. Уэрэд хужыIэжыркъым. Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд шхыдэн­тэкъэ: «Фы­зыхуэсакъыж,­ мар­жэ, мыбы Iуэху фи пщэ дэлъу фыкъэкIуащ», - жеIэ. Сыт ди Iэмалыжт - ды­Iэмылыншэт. Адыгэ­ щIа­лэхэр, ди бысымыр гузэвэгъуэ хэхуащ, Ленэ ­дохутыр кърагъэплъащ, къра­­гъэIэзащ. Хуэм-хуэмурэ къызэфIагъэувэжащ.
Ди хабзэр зыханакъым Америкэм щыпсэу адыгэхэми: Iэнэр къэзыузэдыр бзылъ­хугъэхэращ. Абыхэм къытрагъэува шхыныгъуэхэр яфIэмащIэ хъуащ щIалэхэм: ежьэри бдзэжьей дэгъуэхэр къащэхуащ, ари къытралъхьащ Iэнэм. Ленэ хуаэ­рэзытэкъыми, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд абы ириIуэкIащ: «Пщыхьэщхьэ къытпэплъэм фыщыгъуазэщ, бдзэжьей къуп­щхьэм фыхуэсакъ. Хасэшхуэр зэхыхьэнурэ дра­гъэблэгъэнущ, емыкIу къэтхь хъунукъым». Мухьэмэд ар щыжиIэм, сыкъыщитхъри - зэрыхъуари сщIэркъым - бдзэжьей къупщхьэм си тэ­макъым зыхисащ. Зыри­ жысIакъым: зызыущэхури,­ Iэнэм сыкъыпэрыкIащ, гу зы­лъезмыгъатэурэ, унэм сы­щIэкIри, пщIантIэм сыдыхьащ. ЕзмыщIа щыIэкъым, итIани си тэмакъым зы­къыхэзыса бдзэжьей къупщхьэм зигъэхъеякъым. Сыгузавэурэ, пщIэнтIэпсыр къы­зэкIуащ. Мухьэмэд и псалъэр­ си щхьэм икIыркъым, и макъ зэхызох; къысщыдыхьэшхынущ, къызэмышхыдэмэ. Сы­хьэт хуэдиз згъэкIуащ апхуэдэурэ, пшапэ зэхэуэ­гъуэ хъуащ, концертым и щIэдзэгъуэр къоблагъэ. Сыт­ сщIами, бдзэжьей къу­п­щхьэм сыхэзэгъа­къым - узэгуэмыуд, плъэкIмэ. Дохутыр къезгъэшэнут, за­къезгъащIэ хъунукъым армыхъу. Си гъусэ­хэм концертым зыхуагъэ­хьэзыращ. Машинэхэр къыIулъэдащ ­куэбжэм. Си Iуэху зытетыр хэт ищIэнт: закъезгъэщIакъым. Сопсчэ, псы софэ - зыри сэбэп къысхуэхъуркъым,­ бдзэ­жьей къупщхьэм гузэвэгъуэ сыхидзащи, си пIэ сизэгъэ­жыркъым. «Зэры­хъу­Iамэ, хъунщ», - жысIэри, Мэкъуауэ Мухьэмэд сыкъе­джащ. Пшынауэр къыздожьу, «Мэремыкъуэм и уэрэдыр» къыхэздзащи. Си жьэр ину щызэщIэсхым, бдзэжьей къупщхьэр къызэжьэдэлъэтыжащ. Жьыр схурикъу хъужащ, гупсэхугъуэ згъуэтыжащи, уэрэдыр изо­шажьэ. КъысщыщIар си гъусэхэм щахуэсIуатэм, я нэр къыстраубыдэри къызэплъащ. «Емынэм узэрихуэ­рэт!» - жа­­Iагъэнщ абыхэм. «Умысакъ­мэ, ущIе­гъуэ­жынщ», - жыс­Iащ сэ сигу­кIэ.

Ди лъэпкъэгъухэм я пащхьэм

Машинэхэм драгъэ­тIыс­хьэ­ри «Мерриот» рес­торан зыкъизыхым дашащ. ЦIыху мин хуэдиз щIэс хъунт абы. ЗэщыхуэпыкIауэ, адыгэ­ фащэ зыщыгъхэри яхэ­ту, щызэхэсщ пэшышхуэм,­ гуп-гупурэ зэхэтIысхьауэ. Сце­­нэр зыпэплъэр дэращ. Къыдбгъэдыхьэурэ ди Iэр къа­убыд, къытщогу­фIыкI нэ­­хъыжьи нэхъыщIи, ­бзы­лъ­­­­­хугъи цIыхухъуи. Зы­къы­­­да­гъэцIыхумэ я гуа­пэщ:­ зыр­ къэбэрдей­щ, ад­рейр шап­­сыгъщ, аба­зэхэщ, хьэ­­тыкъуейщ, бжьэды­гъу­щ.­­ Зыщыщ адыгэ лъэпкъыр­ къыджаIэри, я уна­гъуэ­цIэ­хэми дыщагъэгъуазэ - дэтхэ­нэр уигу ибубыдэн? Дэри задогъэцIыху. Си цIэр ща­­жесIэм, ягъэщIэгъуащ - Чэпай! СызэхащIыкIакъыми, я нэ къыстраубыдауэ къызоплъ. Си унэцIэр щIыз­гъужащ си цIэм - Мурат.
Щхьэж хуагъэнэхуа Iэ­нэм пэрытIысхьащ. Дэ, хьэ­щIэхэр, детIысэхакъым зэ­­кIэ, сценэм гъунэгъу зы­хуэтщIауэ дызэхэтщ. Зызоплъыхь, ди деж нэкIуауэ щыта ЩауэпцIокъуэ Къазбэч яхэслъэгъуэнкIэ согугъэри. Абы сыIуигъэщIэну Джэтауэ Самир селъэIуакIэт. Дакъи­къэ заул нэхъ дэмыкIауэ, щIа­лэ екIу тхъуэплъышхуэ­ къызбгъэдыхьащ, си Iэр къиубыдри, фIэхъус къызихащ. УрысыбзэкIэщ псэлъэн зэрыщIидзар - ар зэригъэшэрыуэфыр къызгуригъэIуэн мурад иIауэ къыщIэкIынщ: «Сэ сы-Къазбэчщ. Узыгъэ­гумэщI щыIэ?» «Зыми­ си­гъэгумэщIыркъым, - урысыб­зэкIэщ сэри жэуап зэрестыжар. – Си нэ къыпхуикIырти, узэрыслъэгъуар си гуапэщ». Къазбэч къыпыгуфIыкIащ, абы зыри къыфIигъэкIакъым. Пщы­­­хьэщхьэ зэхыхьэм и щIэдзэгъуэ хъуати, дызэб­гъэдэкIыжащ Къазбэч сэрэ. Дыгъужь Алий сыб­гъэ­дэтIысхьэн хуейти, си пIэ ситIысхьэжащ. Ар сэр нэхърэ нэхъыжьщ, Иорданием къи­кIащ.
Щым хъуащ цIыхухэр. Микрофоныр Агъашэ Мушир IэщIалъхьащ - ар абазэ щIалэщ, макъыфIэщ, пщы­хьэщхьэ зэхыхьэр къы­зэIухыныр  дзыхь щIыхуа­щIар арагъэнт.
- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, гуп махуэ! Ди нэхъыжьым, Дыгъужь Алий, долъэIу: уи псалъэ дегъэдаIуэ!
И щхьэцым тхъугъэ хидзауэ, лIы екIущ Дыгъужь Алий. Микрофоныр иубыдами, псалъэм хуэпIэщIакъым, пэшышхуэм щIэсхэм яхэплъащ, итIанэщ и псалъэр щиублар.
- Ди шыпхъу дахэхэ,­ ди къуэш лъапIэхэ, ди хьэ­щIэ махуэхэ! Ныщхьэбэ ды­щIызэхыхьар фэращ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! ФIэхъус фэтхын, фытлъагъун щхьэ­кIэ! ФыкъызэрытхуэкIуар ди­­ гуа­пэ дыдэщ. Нобэ­ хуэ­дэ зэхыхьэ Тхьэм ды­щи­­мыгъащIэ. ХьэщIэ лъа­пIэхэр фызэрытлъэгъуам, фы­къызэрытхуеблэгъам ды­щогуфIыкI, фи мурадхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ, Тхьэм къывдигъэхъу. Нэхъ­ щIэх-щIэхыурэ Тхьэм дызэIуигъащIэ, Тхьэм куэд­рэ дызэхигъэхьэ! Псапэ къэфхьащ, нобэ фыкъытхыхьэри. Фи насып нэхъы­бэ ухъу. Ныщхьэбэ мы зэIу­щIэм кърихьэлIахэми ди хьэщIэ лъапIэхэми гуащIэрэ гъащIэрэ Тхьэм къарит, нэхъыфIым Тхьэм фыхуишэ! Я нэ къыфхуикIми, мыбы къримыхьэлIаи щыIэщ, ахэри вгъэгуфIащ, вгъэгушхуащ. Ди хьэщIэхэр ди ­хэку лъапIэм къикIащ, аращ ди хьэщIэхэр псом щIалейр. Дуней жэнэтщ ди хэкужьыр, ди лъэпкъыр Къэукъа­сырщ къыщыхъуари щыпсэури. Ди хэкужьым и хъыбар куэд­ драгъэдаIуэ зэпытащ ди адэжьхэм. Дэ дылъэпкъ ма­щIэщ, ар щхьэусыгъуэкъым­ хэкужьыр фIыуэ плъа­гъун щхьэкIэ. Хэку­жьым хуа­Iэ лъагъуныгъэрщ ди щIалэ­гъуалэм гуащIэрэ гугъэрэ къа­хэзылъхьэр. ХьэщIэ махуэ Тхьэм фытхуищI, псэукIэ дахэ Тхьэм къывит!
Дыгъужь Алий и лъэп­къкIэ бжьэдыгъущ, ауэ хьэ­щIэхэм къызэрыдэхъуэ­хъуар­ къэбэрдеибзэкIэщ. Ар згъэ­щIэгъуати, къэтIысыжа нэужь, Дыгъужь Алий сеупщIащ:
- Уи анэдэлъхубзэмкIэ щхьэ­ укъэмыпсэлъарэ, Али­й? Уэ узэрыбжьэдыгъур сощIэ.
Жэуап къызитыжын и пэ Алий зымащIэкIэ зишыIащ. Щэху дыдэу къызжиIащ итIа­нэ:
- Абы сыхуиттэкъым. Къэ­бэрдеибзэкIэщ мыбы узэрыщыпсэлъэн хуейр.
Ар сфIэгъэщIэгъуэн ды­дэ хъуащ, тIэкIуи сыкъэIэн­ку­нащ. Пэжыр жыпIэнумэ, ныщхьэбэ къызэхуэсахэм­ я нэхъыбапIэр къэбэрдейт,­ пса­лъэ зылъысахэми яIу­ры­лъар къэбэрдеибзэщ, сэ зыращ пэшым кIахэ ады­гэ­бзэкIэ къэпсэлъар.
Мушир ди цIэ къриIуэу­рэ даригъэцIыхуащ пэшым­ къы­щызэхуэсахэм. Хьэ­щIэ­хэм­ чэзур къыщытлъысым, Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд микрофоным бгъэдыхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ фIэхъус ярихащ, и республикэм теухуауэ псалъэ яж­риIащ, ди къэкIуэкIэ хъуам­ щыгъуазэ ищIащ. Мухьэмэд и ужькIэ чэзур сэ къыслъысати, си гумрэ си псэмрэ къыбгъэдэкI псалъэ жыс­Iащ. ЯжесIащ ди ныбжьэгъухэм, ди хэку дахэм ис псоми я  фIэхъус  гуапэ  къазэрыхуэс­хьар, Адыгейм и лIыщхьэ Джарым Аслъэни сэлам къазэрырихыжыр, дунейм адыгэу тетым ар ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэкIэ зэрахуэупсэр, хэкужьым ахэр зэи зэращымыгъупщэр.
Куэд къэпсэлъащ а пщыхьэщхьэм. Хэт къэпсалъэми яхуэмыухыр, ягу къеуэр, хэкужьым зэрыпэIэщIэрт, дунейм зэрытекъухьарт, гу­ва-щIэхами я лъапсэ ягъуэ­тыжынкIэ зэрыгугъэрт. Ап­­­хуэ­­дэ гугъэ зэраIэрщ абы­­хэм гуащIэ къыхэзылъхьэр, я лъэр щIэзыгъэкIыр. «Ди хэкужьыр  дэ  дымы­лъагъужми, ди щIэблэм ялъагъу­жынкIэ догугъэ» - а псалъэхэращ я бзэгупэм те­мыкIыр.
Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и гъэ­сэнхэм итIанэ джэгур зэхаублащ. уи нэр къыпхутечыртэ­къым адыгэ фащэ дахэр зэ­кIупс пщащэхэмрэ щауэхэмрэ я къафэм. Я къа­фэмкIэ къыб­жаIэ хуэдэт абы­хэм: «Ди хэку димысыжми, адыгагъи адыгэ­ фащи дгъэкIуэдакъым дэ, ды­хуэсакъыущ а псор зэрытхъумэр, игъащIэкIи тхъумэ- нущ,­ пэIэ­щIэ дызыщIыфынрэ тщы­­зыгъэгъупщэфынрэ зэи къэхъунукъым». Ар уи фIэщ мэхъу, абыхэм уахэплъэмэ.
ЛIэщIыгъуэм щIигъуащ адыгэхэм я хэкужьыр зэ­рырагъэбгынэрэ, дунейм­ текъухьа хъуащ шэрджэс­хэм я нэхъыбапIэр, Iэ­джэ­рэ ихуащ кIуэдыпIэ. Ухэ­хэ­сыным нэхърэ нэхъ на­сыпынша­гъэ щы­­IэнкIэ хъу­ну­­къым. Я бзэр, я хабзэхэр, я щэнхаб­зэр хамэ къэралым зэрыща­хъумэфам щхьэкIэ фIыщIэ лей яхуэфащэщ нобэ дызыгъэхьэщIэ ди бысымхэм. Уи гур хохъуэ, уи щхьэр лъагэ мэхъу абыхэм уащыхэплъэкIэ. Хэхэс­ зэрыхъу лъандэрэ я нэгу­ Iэджэ щIэкIащ адыгэхэм­ - гуауи гугъуехьи, гукъутэгъуи нэщIэбжьи. А псоми къелащ адыгэхэр. Къелащ я гуащIэр инти, зэры­адыгэм иригушхуэрти, абы къару къахилъхьэрти. Ури­хьэ­лIэнкIэ хъуркъэ апхуэдэ къарум иримыгушхуэ, нэу­фIыцIщхьэрыуэкIэ зэ­джэ цIыху къэплъэнэфхэм. Апхуэдэхэм къапэкIухьын ­хуейщ, нобэрей щIэблэм щапхъэ яхуэхъунукъым зи гугъу сщIыхэр.
Ди бысымхэм я концертым драгъэплъа нэужь, чэзур дэ къытлъысати, ПащIэ Ленэщ утыкум япэу ихьар. Ленэ и макъ дахэм итхьэ­къуащ пэшышхуэм щIэс псори. Щым хъуауэ, бысымхэр йодаIуэ «ИстамбылакIуэм». Уи нэпсым къызэпежыхь а уэрэдыр щызэхэпхкIэ.
Макъ дахэ дыдэкIэ Тхьэр Ленэ къыхуэупсащ. Уэрэдым и закъуэкъым ПащIэм узэ­ритхьэкъур, ар икIи актрисэ дэгъуэщ, сценэм ихьа­мэ, щIыкIафIэщ, удехьэх. Америкэм мазэкIэ ды­­щызэгъусати, гу лъыс­тащ: ПащIэ Ленэ сыт щы­гъуи хуэхьэзырщ сценэм­рэ уэрэдымрэ, аращ къы­зыхуигъэщIар, абы и уэрэдым гузэгъэгъуэ зримыта яхэслъэгъуакъым ди бысымхэм. «Ди Ленэ дахэ!» - аращ абы и уэрэдым едэIуахэм ящыщ дэтхэнэми жиIэр. ЦIыху щэныфIэщ езыр, цIыхугъэшхуэ дыболъагъу сытым щыгъуи - уэрамым ущригъусэми, Iэнэм ущыбгъэдэсым дежи.
Мэкъуауэ Мухьэмэдщи,­ пшы­нэр дахэ дыдэу ­егъэ­­­бзэрэбзэф, IэпэIэсэщ, уэ­рэ­дым щыдежьукIэ тIу­ри­ - уэрэдри макъамэ­ри­ - зэрегъэубыдыф, ахэр къызэдигъэщIауэщ къызэ­рыпфIигъэщIыр. Ар хузэ­фIокI пшынауэ Iэзэм - ап­хуэдэщ Мэкъуауэ Мухьэмэд.
Мухьэмэд и пшынэ ма­къым ди бысымхэр - «Мер­­риот»-м щIэс псори - зэщIиIэтащ, къигъэнэжэгужащ, хэкужьым нэс къиIукI макъ хуэдэущ ар концертым кърихьэлIахэм къазэрыщыхъуар. А пщыхьэщхьэм и ужькIи слъэгъуащ Мэкъуауэ Мухьэмэд цIыхур къызэрепщIыр: абы и къафэхэмрэ и пшыналъэхэмрэ магнитофонкIэ ятхри, зыгъэпсэхупIэ ирагъахуэркъым, дэнэ щримыхьэлIэми, щIалэгъуалэр абыкIэ къе­лъэIу зэпытщ.
Сэ уэрэдым сыхуэхейщ, абы сыкъыхуигъэщIакъым, итIани, си мыхьэмышхкъым ар, жысIэн сфIэфIщ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я деж сыщрихьэлIащ зыбжанэрэ: сэ жысIэ уэрэдхэр тхауэ зэрахьэ. Макъ щIагъуэ симыIэми, сэ жысIэ уэрэдхэр си гущIэм къоIукI, къару гуэркIи сузэдыну си гугъэщ. УэрэдкIэ сху­зэ­фIэкIынур сощIэж сэ, абы къы­хуигъэщIахэм се­хъуап­сэ фIэкIа, сефыгъуэр­къым. Си макъыра хьэмэ езы­ уэрэдхэра я гум дыхьэр - ар ­схузэхэхунукъым. ПцIы­р сыт­­кIэ щхьэпэ: сэ жы­с­Iэ уэрэ­дхэри куэдым ягу ирохь, щIэупщIэ яIэщ, ха­­мэ­ къэралхэм щыпсэу ­адыгэ­хэр зэкъым-тIэукъым абыхэм къазэрыщIэупщIар. Сэ къызгуроIуэ: ахэр зы­щIэупщIэр сэ жысIэ уэрэдхэракъым, зыщIэупщIэр я хэкужьырщ, абы и макъщ зызыщамыгъэнщIыр. Си уэрэдхэр мыпщIэгъуалэми, ди хэкум и макъ зэрыз­гъэIуфым сропагэ сэ, срогушхуэ си лъэпкъэгъухэм­ я гум жьы дезгъэхун зэрыс­хузэфIэкIым.
Ди зэIущIэм и кIэм ип­лъэным хуэпIащIэ щIэс­лъэгъуакъым а жэщым «Мерриот» шхапIэм. Жэ­щыбг хъуарэ пэт, я унэ ихьэжын­ мурад ямыIэ хуэ­дэщ псо­ми - я тхьэкIумэ те­­гъэхуауэ къыдодаIуэ, я нэр­ ттра­гъэкIыркъым. Ди­ лъэпкъэгъухэм я закъуэ­къым къыдэплъымрэ­ къы­дэдаIуэмрэ: я Iуэхур къагъа­нэри, плъа­кIуэ къыт­хуэ­­кIуащ рестораным­ и­ лэ­­жьакIуэхэр, ахэ­ри­ къыт­що­гуфIыкI, нэ­Iуа­сэ­ зы­къытхуащIыну я гуа­пэщ. Совет Союзым, Ка­в­­­каз жыжьэм я хъыбар къы­щIоупщIэ. Ди зэхэ­ты­кIэри, ди джэгукIэри яфIэ­гъэщIэгъуэнщ аме­­­ри­­кан­хэм.­­ Зызы­ща­мы­гъэ­­н­­щIыххэр адыгэ фа­щэрщ,­­ абы пэпщI хъун ялъэ­гъуакъым зэи. Ар ф­э­рыщIыгъэкъым, ди гуапэ ящIын щхьэкIэкъым апхуэдэ псалъэ щIыжаIэр - абы гу лъумытапIэр ­иIэ­къым. Ви­деокамерэр ягъэ­­тIы­лъыр­къым - дэ тхуэ­дэ ялъа­гъужыни ямылъа­гъужыни дяпэкIэ. Егъэлеяуэ яфIэгъэщIэгъуэныр чер­кесхэм далъагъу нэмысымрэ цIыхугъэмрэщ. ЦIыху щэ­­ныфIэщ езыхэри, хабзэ къыпкIэлъызэрахьэ, ямы­­лей жаIауэ е ялэжьауэ плъагъунукъым.
«Мерриот» рестораным жэщыбг хъуху дыщызэхэтати, ешаи псалъэмакъыншэ хъуаи къытхэткъым. Жэщыр зэрыхэкIуэтар пщIэ­нущ, къалэм удэплъэмэ: машинэ закъуэтIакъуэщ гъуэгум теплъагъуэр.
И унэ ихьэжыным хуэ­пIащIэ яхэслъэгъуакъым цIыху­хэм. Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и пщIантIэм зы гуп дыдыхьэжащ, джэгур щыдублэжащ абдежи.
Нэхулъэ къищIауэщ бысымхэр щызэбгрыкIыжар. ЗезгъэщIа щхьэкIэ, жейм сыхилъафэркъым, бзухэм­ я макъым сыщIодэIури сыхэлъщ. Мазэ хъуреиш­хуэр къыдоплъ щхьэгъубжэм. Си нэгу къыщIоувэ си анэр. Дыгъуэпшыхь сызыхэтар ищIатэмэ, ар гуфIэнт, и нэбдзыпэ зэтрилъхьэмэ, сэрагъэнщ си анэ дыщэм и нэгу къыщIыхьэр.

Зэдэшхэ IэфIщ

Шы­къ Мухьэмэд-Хьи­д­­­­­­рэ­­ Шогуэ Самиррэ программэр зэхалъхьа­гъэххэти, абы дригъуэзэн хуейуэ къыдаухылIащ. Пщэдджыжьышхэ дышха­къэ, драшажьэри къалэм дыкъыщрашэкI. ГъэщIэ­гъуэн­­­ Iэджэ щыплъагъунущ Анахайм. Я музейр сыт и уасэ! Уи нэр къыпхутехыркъым абы щIэлъ хьэпшыпхэм. США-м щыцIэрыIуэщ къалэ театрыр - абы шы щагъэджэгу, жыжьэ къикI зыплъыхьакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэкIэлъокIуэ.
Пщэдджыжьым дыщышхэр Шыкъхэ Мухьэмэд-хьид­рэ Хьэятрэ и унэрщ. ПщIантIэр щIэращIэщ, зэ­лъыIухащ, къабзэлъабзэщ,­ удзыпцIэщ, зы хуэрэджей жыгышхуэ дэтщ. ПщIан­тIэр соткэ зыбгъупщI хуэ­диз мэхъу. Сириеращ Му­хьэмэд-Хьид къыщыхъуар, абыи щиIэщ унэ.
Унэгуащэр щIыкIафIэ дыдэщ, нэмысышхуэ зыхэлъ бзылъхугъэщ. ар Шогуэ Самир и шыпхъущ. Iэнэм къытригъэувэмрэ тшхымрэ фIэмащIэщ Хьэят. Iэнэм дыпэрытIысхьамэ, шхыны­гъуэ тIощIым нэс къытре­гъэувэ. Адыгэ шхыныгъуэ­хэри хьэрып шхыныгъуэхэри егъэхьэзыр унэгуащэм.  Абы игу къеуэр а псор зэрыдмыгъэкIуэщIыфырщ. Унагъуэм ис псоми машинэ зырыз яIэщ, итIысхьи, къалэм дыхьэ – узыхуей щыбгъуэтынущ.
Пщэдджыжь Iэнэм дыпэ­рытIысхьамэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ япэ дыз­дэIэбэр шэ гъэпщтаращ, абы и ужь­кIэщ адрей шхыныгъуэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм дыщынэсыр.
Дыкъэмытэджыж щIыкIэ пщIантIэм ди хэгъэрей гуэр­ къыдыхьамэ, ари ­гъусэ дощI - ди гуапэщ, ди щIасэщ, аращ «зэдэшхэ IэфIщ», - щIыжаIар.
Iэнэм дыкъыпэ­рыкIы­жа­­мэ, драшажьэ – дымылъэ­гъуар да­гъэлъагъун,­ ды­мыщIэм щы­­гъуазэ ды­хуащIын щхьэ­кIэ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Гъуэгу техьа гупыр. 1989 гъэ

 

Поделиться: