И щIэщыгъуагъэр зэи икIакъымМэрзей Iэсият культпросвет училищэм щIэтIысхьэн и пэ, Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджырей къафэхэм щыхуагъасэ гупжьейм кIуэуэ щытащ. Иджырей къэфэкIэхэмрэ лъэпкъым еймрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут, и гуи къэкIыххэтэкъым зэгуэр и фIэщу а лъэпкъ къафэхэм дахьэхыну. Культпросвет училищэр къиуха нэужьщ «Кабардинка»-м Iэсият щыхыхьар. Лъэпкъ къафэхэм я мыхьэнэр къызэрыгурыIуэу нэгъуэщI IэщIагъэ ар хуеижакъым икIи а гъуазджэм зэрыхэта илъэс 20-м щIигъум абы хуиIэ щIэщыгъуагъэр икIакъым. 1988 гъэм Мэрзейр ансамблым щыхыхьам къэфакIуэ нэхъыжьхэр иджыри хэмыкIыжауэ ирихьэлIат. Къафэм и вагъуэхэр нэхъ гъунэгъуу къицIыхуну, щапхъэ абыхэм ятрихыну Iэмал зыгъуэта хъыджэбзым дежкIэ ар насыпышхуэт. И зэфIэкIым хигъэхъуэнымкIэ ахэр щIэгъэкъуэн сыт и лъэныкъуэкIи къыхуэхъуащ. Абы щыгъуэм ансамблым и художественнэ унафэщIыр Ульбашев Мутайт. А цIыху зэчиифIэм теухуауэ гупым зэгуэр хэтахэм гукъэкIыж гуапэ зимыIэ къахэкIакъым.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|