Зыхуей хуагъэзэжИужь зэманым ткIийуэ къэуващ кIэрыхубжьэрыхухэм егъэщIылIа Iуэхур Ар зэрызэфIахынум щIыналъэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу бгъэдохьэ. Псом хуэмыдэу я нэIэ зыхуагъэзар хуит ямыщIу къызэрагъэпэща идзыпIэхэрщ. Ахэр ясеиж. Абы папщIэ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм хэкIыпIэ хъарзынэ къигъуэтащ: кIэрыхубжьэрыхум яубыд щIыр бэджэнду ират ар зэрагъэсеижым и мызакъуэу нэхъапэм зэрыщытам хуэзыгъэкIуэжым. Апхуэдэ унафэм и фIыгъэкIэ Кубарэ Псыхъурейрэ ябгъухэм идзыпIитI щыIуахыжри, зыхуей щыхуагъэзэжащ. Иджы а щIыхэр зэрыхуейуэ къагъэсэбэп хъунущ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэм хуэдэ мы зэманым щокIуэкI ХьэтIохъущыкъуей, Жанхъуэтекъуэ, Кременчуг-Констатиновскэ, Кыщпэк къуажэхэм. ЩIыналъэр гъэкъэбзэным мыбы гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIым щыхьэт тохъуэ бжыгъэхэр. 2022 гъэм псори зэхэту ягъэсеижащ идзыпIэу щыта гектар 29-рэ, къуажэхэм щагъэуващ пхъэнкIий-кIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэу 280-рэ, дяпэкIэ ахэр нэхъыбэж хъунущ. Гъуэгухэри къащыгъупщакъым. Абыхэм ябгъухэм зэпымыууэ тращыпыкI пыдзахуэ быдэхэр, жыгхэм къагуэщIыкIа къудамэхэр, пластикэм къыхэщIыкIахэр, н.къ. Псори зэхэту автомобиль гъуэгу километр 60-м нэблагъэм кIэлъоплъ. Районым щыIэщ мы лэжьыгъэм хухаха IуэхущIапIэ щхьэхуэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|