И чэзум дэIэпыкъуэгъу игъуэтащКъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и батальон щхьэхуэм и плъыр частым жэщыр сыхьэти 3-м нэблэгъауэ псэлъа цIыхухъум хъыбар яригъэщIащ Налшык къалэм Мэлбахъуэм и уэрамым тет унэхэм ящыщ зым пэгъунэгъуу автомашинэ гуэр зэрыщытым икIи увыIэ имыIэу аварие сигнал къызэрыIум теухуауэ. Хъыбарыр зыIэрагъэхьа, къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэу полицэм и лейтенант нэхъыжь Кумыщ Мухьэмэдрэ полицэм и лейтенант Тишкэ Муратрэ псынщIэу а щIыпIэм нэсащ. Автомашинэм и щхьэгъубжэм щыдэплъым, полицейхэм ялъэгъуащ абы и рулым дэсыр цIыхубзыр икIи ар икIэщIыпIэкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэри къагурыIуащ. Езыр-езыру зекIуэфыртэкъым, и тхыр узым иубыдати. Хабзэхъумэхэм ар я машинэм ирагъэгъуалъхьэри, псынщIэу нагъэсащ щеIэзэ IуэхущIапIэм икIи Шэджэм къалэм щыпсэу, илъэс 29-рэ хъу цIыхубзым зыхуэныкъуэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ игъуэтащ. Дохутырхэм жаIащ абы тхы уз зэриIэр, къыхагъэщащ псынщIэу зэраIэрыхьам и фIыгъэкIэ ар зэман кIэщIым къызэрызэфIагъэувэжыфар. Рулым дэс цIыхубзыр къызэрыхута щытыкIэм теухуа хъыбарыр къызыбгъэдэкIа, гудзакъэ зыхэлъ цIыхухъум къэхъуам и пэжыпIэр зригъащIэри, КъБР-м щыIэ МВД-м письмо игъэхьащ, Кумыщ Мухьэмэдрэ Тишкэ Муратрэ фIыщIэ яхуищIу.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|