Сабий 41167-м хуагъэуващУрысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм илъэс 17 ныбжьым нэсым хиубыдэу 41167-м яхуигъэуващ къэралыр ядэIэпыкъуу мазэ къэс яритыну ахъшэр. Апхуэдэ лъэIуу 45516-рэ къыIэрыхьащ къудамэм. Иджы щIэм тету ят посо-биер и пIэ иуващ нэхъапэм хуэныкъуэ унагъуэхэр дэIыгъынымкIэ лэжьа Iэмалитхум - япэ, ещанэ сабийхэр илъэси 3 ирикъухукIэ, илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 8-м, илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ илъэс 17-м нэсыхукIэ мазэм тIэу ирату щытахэм, апхуэдэуи зэрыуэндэгъум пэкIуэу цIыхубзым зэ тыгъуэу зэрыдэIэпыкъуа ахъшэм.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|