Куэдым щытепсэлъыхьащХабзэ зэрыхъуауэ, федеральнэ законодательствэр ягурыгъэIуэным, цIыхухэм яIущIэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хиубыдэу, Тэрч районым и прокурор НэгъэцIу Заур Дей къуажэдэсхэмрэ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ яхуэзащ. ЗэIущIэр щекIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Абы хэтащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед, Дей къуажэ администрацэм и унафэщI Алъкъащ Виталик, Тэрч районым зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм (пенсионерхэм) я советым и тхьэмадэ Iэщыж Владимир, Дей къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Алъкъащ Юрэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт – Тэрч районым и жылагъуэ палатэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ящыщхэр, депутатхэм я лIыкIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|