Адыгэбзэм и махуэр ягъэлъапIэКъэбэрдей-Балкъэрым и районхэм хыхьэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ Адыгэбзэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Псалъэм папщIэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ, а махуэр гукъинэжу щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ курыт еджапIэмрэ. Ахэм хэтахэм япэщIыкIэ школ музейм, иужькIэ «Писатели и поэты Баксанского района» тхылъ выставкэм зыщаплъыхьащ. АдыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, литературэхэмкIэ дерсхэр ятащ, Къулъкъужын Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и школ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм и гъэсэнхэм я сурэт гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ. Зэхыхьэм концерти хуагъэхьэзырат. Абы щагъэлъэпIащ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езау Анзор, Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и доцент Анаев Марат, КъБР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм я профсоюз щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Карныш Сергей, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. А махуэм гулъытэ хэха хуащIащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм, сабийхэр анэдэлъхубзэм дезыгъэхьэххэм, я щIэныгъэм хэзыгъахъуэхэм, щIэблэм лъэпкъыбзэр яхъумэнымрэ зрагъэужьынымрэ телажьэхэм.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|