Тадж-МахалТадж-Махал – Агрэ къалэм и мавзолей-мэжджытщ, ар Iутщ Джамнэ псы Iуфэм. Ар ящыщщ дуней псом архитектурэ телъыджэу къыщалъыта ухуэныгъэхэм.
А щIыпIэхэм я тету щыта Шах-Джахан и ещанэ щхьэгъусэ Мумтаз-Махал папщIэ иригъэухуауэ щытащ ар. Зэщхьэгъусэхэм я бын 14-р дунейм къыщытехьэм цIыхубзыр лъхугъэм зэрилIыкIар гущIыхьэ зыщыхъуа падишахым зы жэщым и кIуэцIкIэ абы и щхьэцыр тхъуауэ, илъэс бжыгъэкIэ и щхьэгъусэм хуэщыгъуауэ жаIэж. 1631 гъэм ирагъэжьащ Тадж-Махал ухуэныгъэр.
Тагор Рабиндранат Тадж-Махал папщIэ итхауэ щытащ ар налкъутналмэс псоми зэрефIэкIыр Кипплинг Редъярд – «къабзагъэм и дамыгъэу», ар езыгъэухуа Шах-Джахан «дыгъэмрэ мазэмрэ я нэпсхэу» къалъытащмы унэ дахэр. Гъэ къэси абы цIыхушхуэ зыплъыхьакIуэ макIуэ, Агрэ щыпсэухэм нэхърэ тIукIэ нэхъыбэу. Гъэм и сыт хуэдэ зэманми а фэеплъыр удэзыхьэхщ. Куэдым ягу дохьэ Тадж-Махал, псом хуэмыдэу жэпуэгъуэ пщыхьэщхьэ уэфIхэм. ЖыпIэнурамэ, гъэм и сыт хуэдэ зэманми, махуэм и дэтхэнэ сыхьэтми ар яфIэтелъыджэщ. Абы и теплъэр зэм тхьэмбылыфэ, зэм дыщафэ, зэми морафэ мэхъу. Ухуэныгъэ нэхъыщхьэр илъэсийм и кIуэцIкIэ ящIащ, Индием, Къэжэрым, Азием, Европэм, Уэсмэн къэралыгъуэм щыщ ухуакIуэ мин 20-м нэблагъэм. Тадж-Махалыр яухуэн папщIэ илъэс 12 зэпамыгъэууэ лэжьащ, Къэжэрым, Багдад, Италием, Франджым щыщ архитекторхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ. Ар и кIэм щынагъэсар 1653 гъэрщ. Шах-Джахан 1666 гъэм дунейм ехыжа нэужь, и щхьэгъусэм пэгъунэгъуу абы щыщIалъхьэжащ. 1983 гъэм Тадж-Махал хагъэхьащ ЮНЕСКО-м и дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм. XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ухуэныгъэр къагъэщIэрэщIэжащ. «Уардэунэхэм я таж» - аращ Тадж-Махал жиIэм къикIыр.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|