Мэкъумэш IэнатIэр къапщытэ

2023 гъэм республикэм щекIуэкIыну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрызыхуагъэ­хьэзырым щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым къызэригъэпэща зэIущIэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, пIалъэр къэса нэужь, а Iуэхур депутатхэм комитетым щызэпкърах. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депутатхэр, зи гугъу ящI Iуэхур зи нэIэ щIэт министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ, щIыпIэ само­управленэхэм я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсыр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур къыхигъэщащ 2023 гъэм кърахьэлIэжыну гъавэм и бэвагъри, къы­кIэлъыкIуэ илъэсхэм къайхъулIэнур зыхуэдизри гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым зэрелъытар. 
Абы теухуауэ Iуэхур иджыпсту зыIутым депутатхэр щигъэгъуэзащ КъБР-м ­мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр ­Сыжажэ Хьэсэн. Апхуэдэуи 2022 гъэм мэкъумэш IэнатIэм къыщрахьэлIэжахэм тепсэлъыхьащ. 
Илъэс блэкIам мэкъумэшхэкIыу кърахьэлIэжар адрей гъэхэм елъытауэ проценти 110-рэ мэхъу. Хуэгъэфэщауэ къы­зэрабжамкIэ, мэкъумэшхэкIыу къыщIагъэкIащ сом мелард 77-рэ и уасэ, гъавэу кърахьэлIэжари зыхуагъэувыжа бжыгъэм щIигъуащ. 
Министрым зэрыжиIамкIэ, 2023 гъэри нэхъыфIыжу къайхъулIэну гугъэ щыIэщ, нобэ щыщIэдзауэ губгъуэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъазэмэ. 
ИджыкIэ хьэцэпэцэу гектари 2,5-рэ трасащ, сэн яухмэ, псори зэхэту гектар 219,4-рэ иубыдынущ. Былымым Iусыпхъэ яхуэхъунухэр гектар мин 11,5-м тра­сэнущ.
ГъавэхэкIыу трасэнухэм я жылэхэр щIым елэжьхэм мыгувэу яIэрыхьэнущ. НобэкIэ мэкъумэшыщIэхэм щIыгъэ­пшэру къаIэрыхьащ тонн мин 16,014-рэ, ар мы гъэм халъхьэн хуей щIыгъэпшэрым и процент 44,7-рэ мэхъу.
ЩIым елэжьхэм илъэс куэдкIэ къэкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмкIэ къыщIа­дзащ, нобэкIэ гектари 120-рэ жыгыу ягъэ­тIысащ. 
Техникэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам щытепсэлъы­хьым, Сыжажэм жиIащ ар псоми зэрахурикъур, техникэкIэ щыщIэныгъэ зэ­рыщымыIэр. Республикэм трактор мини 5, гъавэр зэрызэщIакъуэж комбайн ­554-рэ, Iусыпхъэр зэрыIуахыж комбайну 156-рэ зэрыщыIэр.
КъулыкъущIэм зэрыжиIамкIэ, мэкъу­мэш IэнатIэр дунейм и щытыкIэм куэдкIэ елъытащ, абы къыхэкIыу гъавэр уэм щыхъумэныр псоми я къалэн инщ. 2022 гъэм хэгъэгум уэм зэрыпэщIэт Iэ­мэ­псымэщIэу иджыри тIу щагъэуващ, ар Бэтэхрэ Светловодскэмрэ дэтщ. 
Iуэхум республикэ мылъкуу текIуадэм министрыр щытепсэлъыхьым жиIащ 2023 гъэм нэхъ пасэу щIадзауэ мылъкур къэзыгъэсэбэпынухэм зэрыхуаутIып­щыр. Мы гъэм къэралым мэкъумэш IэнатIэм сом меларди 3,372-рэ хилъхьэнущ, ар нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэщ. Мы ахъшэм щыщу мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным сом меларди 2,750-р хухахынущ, сом мелуан 256-р губгъуэ лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэнущ.
КъищынэмыщIауэ, къэрал дэIэ­пы­къуныгъэ хуэныкъуэу лъэIу къэзыта цIыху 1100-м я ахъшэр яIэрыхьащ. Абыхэм я нэхъыбэр фермерхэмрэ хьэ­рычэтыщIэхэмрэщ. 
Сыжажэм жиIащ вэн-сэныр къалэнышхуэу зэрыщытыр, ар тэмэму зэ­фIэгъэкIыныр куэдым зэрелъытар. ИкIи дыщIигъуащ мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхуи Iэпэдэгъэлэл зэрамыщIынур, псори я нэIэ зэрыщIэтыр, лэжьыгъэм пэрытхэм зэрапыщIар, дунейм и щытыкIэр зэран къахуэмыхъуу гъавэ бэв кърахьэлIэжыну зэрыгугъэр. 
Зиужь ихьэну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрыхуэхьэзырым теухуауэ къэпсэлъащ Май район администрацэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ муниципальнэ щIым кIэ­лъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Дедовэ Маринэ, Тэрч щIыналъэ администрацэм Мэкъуэмэш IэнатIэмкIэ и управленэм и унафэщI Шэрий Юрэ сымэ. 
Къэпсэлъахэм депутатхэм я упщIэхэм жэуап иратащ, субсидие зэрат щIыкIэ­хэм, гъавэм, жыгхэм псы зэрыщIагъэ­хьэм, грант зыIэрагъэхьэн папщIэ зы­хуеину дэфтэрхэм, нэгъуэщIхэми тепсэ­лъыхьащ. 

Поделиться: