Унэм и лъабжьэр быдэмэ…

Зи лэжьыгъэм пщIэ хуэзыщIыж цIыхум псэ къулей иIэщ, и гукъыдэжыр мыкIуэщIщ. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну бзылъхугъэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщ и лэжьыгъэм хуиIэри, щытхъу куэд къилэжьащ, и зэхэщIыкIри гъунапкъэншэщ. Ар Тэрч куейм хыхьэ Дей къуажэм къыщалъхуа, егъэджакIуэ Iэзэ Токъу Сарэщ. Ар зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэр зригъэгъуэтри, илъэс 43-кIэ и къару псор лэжьыгъэм етауэ къэгъуэгурыкIуащ.

- ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм гу хуэсщIыныр си адэшхуэ Гъуэныбэ Барэ и фIыгъэу собж. Дыщысабийм абы къыджиIэ зэпытт псом япэу цIыхум гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ иIэн зэрыхуейр. Къапщтэмэ, сэ сыт щыгъуи сыдихьэхыу щытащ егъэджакIуэ IэщIагъэм, уеблэмэ 5 - 6-нэ классхэм сыщыщIэсым, ди гъунэгъу сабийхэр ди деж къасшэрти езгъаджэрт, я нэхъ мащIэрами, хьэрфхэр езгъэцIыхурт. Абдежщ IэщIагъэ схуэхъунур къыщыхэсхар жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Куэдрэ къысхуэщхьэпащ ди адэшхуэм и ущие псалъэхэр. ИкъукIэ цIыху гуащIафIэу, угъурлыуэ щытащ ар. Абы и деж къуажэ псор чэнджэщакIуэ къакIуэрт икIи зэрылъэкIкIэ зыри игъэщIэхъуртэкъым, - и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Сарэ. 
Токъум 2009 гъэм текIуэныгъэр къыщихьауэ щытащ егъэджакIуэхэм я Урысей зэхьэзэхуэм икIи ЩIыхь тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ къыхуагъэфэщат. Сарэ гупжьей зэхуэмыдэхэм щадолажьэ школым. «Нэхущ псынэ» зыфIищар хуэгъэпсащ ди адыгэбзэр, адыгэ литературэр щIэблэм фIыуэ егъэлъэгъуным, ахэр хабзэншагъэм щыхъумэным. КъищынэмыщIауэ, адыгэ лъэпкъыр къызыхэкIам, и тхыдэм, абы и хабзэхэм, къыдекIуэкI хьэпшыпхэм яхутопсэлъыхь. 
Токъум къыдалъхуа и адыгэбзэм сыт щыгъуи пщIэ лей хуещI, ар егъэлъапIэ. ПэщIэдзэ классхэм адыгэбзэр убгъуауэ егъэджын хуейщ жиIэу Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм унафэ къыщищтам, бзылъхугъэр егупсысат: пионер, комсомол щыщымыIэжкIэ, сыткIэ дгъэса хъуну ди сабийхэр?! Сарэ игу къэкIыжащ ущиякIуэу иIа и адэшхуэм и псалъэхэр икIи хабзэр къыщигъэсэбэп гупжьейхэр къызэригъэпэщат. Абы и дерс щхьэпэхэм мызэ-мытIэу еблэгъащ Иорданием, Тыркум, Сирием, Америкэм къикIауэ Хэкужьым щыхьэщIэ ди лъэпкъэгъухэр, уеблэмэ абдеж щыжаIахэр, Iуэху къаIэтахэр ягу ирихьурэ ятхыу щыздахьаи щыIащ. 
- Сабийм иIэну щIэныгъэри, гъэсэныгъэри, бзэри – псори зэлъытар унагъуэмрэ егъэджакIуэмрэщ. Сабийм и анэдэлъхубзэми егугъун хуейщ ар щыцIыкIу дыдэм щегъэжьауэ, - жеIэ Сарэ. - Бзэр шэрыуэ хъун щхьэкIэ, дерсхэм псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, къуажэхьхэр куэду къыщыгъэсэбэпыпхъэщ. Апхуэдэуи куэд елъытащ адэ-анэр анэдэлъхубзэм зэрыбгъэдыхьэм. Ди къуажэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 18 дэсщи, абыхэми зыхэсым я адыгэбзэр зэрызрагъэщIэнум дыхущIокъу, мыIейуи къыдэхъулIэу къыщIэкIынщ, абыхэм папщIэ къызэрагъэпэщ республикэ, район зэхьэзэхуэхэм увыпIэ лъагэхэр къызэрыщахьым тепщIыхьмэ. ЖысIэну сызыхуейращи, адыгэбзэм къаруушхуэ иIэщ. Ар дгъэлъэпIэфын, пщIэ хуэтщIыфын хуейщ, армырмэ къытщIэхъуэ щIэблэм бзэм и мыхьэнэр къыгурыIуэнукъым. 
Сарэ псэемыблэж лэжьакIуэщ, и IуэхущIафэ дахэхэм къагъэлъагъуэ зэрыцIыху псэ хьэлэлыр. Абы и щыхьэтщ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ сабийхэр зыгъэпсэхупIэхэм зэрагъакIуэ путевкэхэр къахудэхыным зэпымыууэ и нэIэ зэрытригъэтыр. Апхуэдэуи илъэс 11-кIэ бзылъхугъэ емызэшыжыр «Си бзэ, си псэ, си дуней» республикэпсо зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ. Школ IэнатIэмрэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэ ябгынэжар къызэфIэгъэувэжынымрэ илъэси 10-кIэ зэдихьащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Тэрч район администрацэм и тхьэмадэмрэ я дэIэпыкъуныгъэкIэ клубыр зыхуей хуагъэзэжу Сарэ игу хуэзэгъа иужь, ар щIалэгъуалэм я IэмыщIэ ирилъхьэжащ. Зэман къыщыхудэхуэм, Сарэ и гум къиIукI усэ дахэхэр етх, псом хуэмыдэу и къуажэм, къызыхэкIа лъэпкъым теухуахэр абы нэхъыфIу къохъулIэ. 
Сарэ унагъуэ дахэ иIэщ. Бынитхум къащIэхъуа къуэрылъху-пхъурылъхуу 13, абыхэм я быныжхэр иIэщи, абыхэм ягъэгушхуэ. Быным псоми щIэныгъэ ябгъэдилъхьащ, гъэсэныгъэ дахэ яхилъхьащи, Сарэ жьыщхьэмахуэ хъуауэ жыпIэ хъунущ.

 

 

 

Багъэтыр Луизэ.
Поделиться: