Франджым и Гуащэ Елмэсхъан

Франджым и ЛIыхъужь, къэбэрдеипхъу Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан къызэралъхурэ мазаем и 2-м илъэси 125-рэ ирикъуащ. Абы ирихьэлIэу фи пащхьэ идолъхьэ кинорежиссер цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимир Франджым къикIыжа нэужь итхыжа гукъэкIыжхэм ящыщ зы пычыгъуэ. 
«…Елмэсхъан и кхъэлэгъунэм деж сыздэщытым сигу къокIыж зыгуэрым и псалъэ Iущхэр: «ГъащIэм къуита фIыгъуэ псом ящыщу нэхъ лъапIэр уи цIэр фIыкIэ дунейм къытебнэнырщ, насыпыншэщ ар зыхузэфIэмыкIыр». Мрамор мывэ пхъэбгъум, франджыбзэм щIыгъуу, урысыбзэкIэ тетхащ: «Хьэгъундокъуэ Константин ипхъу Гали – 6.02.1898 - 21.01.1985 гъ.гъ.».
Аркъудейщ тетыххэри. Ауэ сэ сщIэртэкъэ мыбы сыкъэзышар.
СщIэрт... А дакъикъэхэм Елмэсхъан и дэлъху Жорж (Адэмей) кхъэлэгъунэм и IункIыбзэм еныкъуэкъурт хуIумыхыу:
- СыбдэIэпыкъун? – соупщI.
- Хьэуэ, хьэуэ... – идэркъым абы. – Куэд щIакъым мыбы сызэрыщыIэрэ. IукIыгъуафIэ дыдэу щытащ.
Алътуд Юрэрэ сэрэ щыму Адэмей доплъ, зэран дызэрыхуэмыхъуным дыхэту. Асыхьэтым Iэуэлъауэшхуэ ищIу IункIыбзэр мэкIыргъри, жор сурэт зытет гъущIыбжэр хьэлъэу IуокI. Иджыпсту дэ, Франджым и гуащэ Елмэсхъан и хэкуэгъухэм я япэ лIыкIуэхэр, абы и кхъэлэгъунэм дыщIыхьэнущ. Ауэ япэ лъэбакъуэр тчын, жор зэрамыщIэжьыр зытет бжэм дыблэкIын ипэ сэ сыхуейт абы и цIэм телъ щхьэтепхъуэр щхьэщысхыну.
Щыхъыджэбздэсым ар Хьэгъундокъуэ Елмэсхъану щытащ, япэу дэкIуэри Баженовэ Гали хъуащ. Баженов Николай лIа нэужь, Урысейр хужьрэ плъыжьу щызэпэщIэувэм, Франджым Iэпхъуащ. ЕтIуанэу лIы дэкIуэри, графиня Ирен Ладисла дю Люар цIэр къищтащ.
ЦIыхухэм, абыхэм я сэбэп зыпылъ Iуэхухэм и гъащIэ псор зэрытриухуам папщIэ абы Франджым и Бзылъхугъэ ИнкIи йоджэ.
Си пащхьэ илъщ Елмэсхъан лэжьыгъэу ирихьэкIамрэ тыгъэу къыхуащIамрэ зэрыт тхылъыр. Ахэр куэд мэхъу. А псом ящIыгъущ - Польшэм, Мальтэм я нэгъуэщI дамыгъэхэр, псэуху хуащIа пщIэр, нэмысыр, ноби зэращымыгъупщэр.
Сыт зауэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр щIратар ди лъахэгъу бгырыс цIыхубзым? ЗауэлI орденыр ар кIэстумыбгъэм халъхьэ дыщэ дамыгъэкъым, уеблэмэ налкъут бгъэхэIукъым. Ар лъыкIэ псыхьа лIыгъэм и нагъыщэщ.
Елмэсхъан псэзэпылъхьэпIэу зыхэхуар, абы гуауэрэ гугъуехьу игъэвар цIыхубз минипщIми яхурикъунт. Сэ сыбгъэдэтт зэи си нэIуасэу щымыта цIыхубзым и мрамор пхъэмбейм икIи селъэIурт: «Ди шыпхъу, уи лъахэгъухэм къытхуэгъэгъу уи хъыбари уи IуэхущIафи дызэрыщымыгъуэзар. Къытхуэгъэгъу, ди шыпхъу».
Апхуэдэуи сегупсысырт: «Псоми зэгуэр зы щIыпIэ деж къыщыщIадзэ. Псым - къыщIэжыпIэм, бгым - и лъабжьэм». Елмэсхъан ущытепсэлъыхькIэ, псом япэу зэгъэцIыхун хуейщ и адэ-анэр. И анэ Бредовэ Елизаветэ Эмильевнэ лIакъуэлIэш лъэпкъыжь къыхэкIащ. И адэри и дэлъхухэри урыс генералу щытащ. И адэр - Хьэгъундокъуэ Константин (Исмэхьил) -Къэбэрдейм и лIыхъужьхэм я ЩIыхь тхылъым иратхэну зыхуэфащэу зылI щыIэмэ етIуанэщ. ФIэщ хъугъуейщ къэбэрдей адыгэхэм зауэ хуэIухуэщIэхэм щагъэхъа лIыгъэм фIыщIапщIэу апхуэдиз дамыгъэ лъапIэ къызыхуагъэфэща нэгъуэщI зыгуэр дунейм тетауэ. 
Елмэсхъан. Хьэгъундокъуэ генералым ипхъу Елмэсхъан православиемкIэ Гали, католическэкIэ – Ирен цIэ хуэхъуахэщ. Езым фIэфIт ЛейлакIэ къеджэну. Католик диныр къимыщтэу хъуакъым - армырамэ граф дю Люар нэчыхь хуатхынутэкъым.
Елмэсхъан къалъхуащ 1898 гъэм. ГъащIэ кIыхь, гъащIэ гугъу къигъэщIащ. Дунейм ехыжащ 1985 гъэм.
Абы и япэ щхьэгъусэр - Баженов Николай - пасэрей урыс бояр лъэпкъыжьым къыхэкIат. Пажскэ корпусыр къиухат. Къулыкъушхуэ иIащ. Япэ дунейпсо зауэм уIэгъэ щыхъуат...
- И щхьэм фэбжь хьэлъэ игъуэтат, - жеIэ Гали и дэлъху Адэмей.
- Кисловодск щыIащ зыщигъэхъужу. А уIэгъэщ дыдэм сымаджэхэм щакIэлъыплъырт Гали. А зэманым лъэпкъ цIэрыIуэхэм къахэкIа цIыхубзхэр апхуэдэу лажьэ хабзэт. Шыпхъу гущIэгъулыхэм я фащэр джыназ, граф цIыхубзхэм щатIэгъат. Галии арат...
КъыкIэлъыкIуэнущ.

 

Поделиться: