ЩIым и сыхьэт

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым (World Wildlife Fund - WWF) кърихьэжьа, къэрал куэдым зэдащта «ЩIым и сыхьэт» Iуэхугъуэм, нэгъуэщI теплъэ иIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы гъэми хэтащ. Дызэрыт илъэсым ар гъатхэпэм и 25-м техуащ.

 Хабзэ зэрыхъуауэ 

Къэрал куэдым я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщ унагъуэхэм, дэт IуэхущIапIэхэмрэ хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэмрэ, еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ тыкуэнхэмрэ – лейуэ ягъаблэ уэздыгъэхэмрэ мыхьэнэ ин зимыIэ электро-Iэмэпсымэхэмрэ а пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м деж щыIуач хабзэщ. 
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым, дызытес щIым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэгъэзэхуауэ къызэрамыгъэсэбэпым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, цIыхубэр езыгъэгупсыс Iуэхугъуэм и мыгъэрей Iыхьэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мелардым щIигъу хэтащ. 
АтIэми, ЩIым и сыхьэтыр дэзыIыгъыну хуейхэм, псом япэрауэ, ди псэупIэхэм электричествэм пыдзауэ щIэт Iэмэпсымэхэм ящыщ зыбжанэр пIалъэ гуэркIэ Iуачыпхъэщ, ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэм дазэрыщысхьым и нэщэнэу. 

Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжу

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фонд (World Wildlife Fund - WWF) зыфIаща къэрал зэхуаку IуэхущIапIэр дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэнымрэ зэтегъэувэжынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэр къэзыхутэщ, ахэм къэралхэр зэгъусэу йолэжь. Дызытепсэлъыхь Iуэхур, иужькIэ, 2006 гъэм, «ЩIым и сыхьэт» хъужар, къезыхьэжьауэ щытари аращ. Зэреджэр щIахъуэжам и щхьэусыгъуэу къалъытэр, уэздыгъэр пIалъэ гуэркIэ Iуичыным и мызакъуэу, адрей ди «хъугъуэфIыгъуэхэми» хуэсакъын зэрыхуейм цIыхур ирагъэгупсысын щхьэкIэщ. 
Ауэрэ здекIуэкIым, 2007 гъэм зи гугъу тщIы WWF фондым Австралием япэ дыдэу щригъэкIуэкIауэ щытащ «The Sydney Morning Herald» зыфIаща Iуэхугъуэу ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм жылагъуэм гу лъегъэтэным хуэгъэзауэ къыщызэрагъэпэщар. ХытIыгу абрагъуэ континент жыжьэм и къалэ нэхъ ин дыдэм щызэхаша «щIыхьэхум» иным кърикIуар аращи, къыкIэлъыкIуэ илъэсым а щапхъэм иригъуэзащ ЩIы Хъурейм тет къэрал куэдым я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт IуэхущIапIэхэм щылажьэхэмрэ унагъуэхэмрэ. 
2009 гъэр къэтщтэнщи (а илъэсырщ ЩIым и сыхьэтыр Урысей Федерацэми къыщысар), ар щытащ ди планетэм щыпсэу цIыхухэм ящыщу мелардым нэблагъэ зыхэта Iуэхугъуэу. Абы щыгъуэ Москва щагъэункIыфIат къипчми зэраныгъэшхуэ къэзымышэну къалъыта уэздыгъэ лейхэу МГУ-р, Киев вокзалыр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академиер гупэ-щIыбагъкIэ къызыгъэнэхухэр, ИКЕА IуэхущIапIэм ейхэр, нэгъуэщIхэри.
2010 гъэм и гугъу тщIымэ, Санкт-Петербург цIыхухэр нэхъ дэзыхьэхыу дэт Эрмитажым, «Дворцовый», «Александр Невский» лъэмыжхэм, езы къалэм и администрацэм и унэ нэхъыщхьэм, нэгъуэщI абы хуэдэхэми ЩIым и сыхьэтым ирихьэлIэу уэздыгъэхэр къыщрачауэ щытащ. 
Мы махуэм пэджэжхэр щIыпIэ хэхахэм щызэIуощIэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэн зэрыхуейм щытопсэлъыхь, зэгъэзэхуэкIэм и мыхьэнэм и гугъу щащI, зочэнджэщ. 
Урысейм и экологхэм къызэрыхалъхьауэ, «ЩIым и сыхьэт» дунейпсо Iуэхугъуэр ди къэралым зэрыщекIуэкIар «Ди планетэм дыдэвгъэIэпыкъу» фIэщыгъэр иIэущ. Зытрагъэхуари ищхьэкIэ зи гугъу тщIа сыхьэт бжыгъэ дыдэрщ. 
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: