Абдж

Абджыр тыншу ящIу зрагъэса нэужь, ар куэду къыщIагъэкI, къагъэсэбэп хъуащ. Ауэ зэман щыIащ абдж пщIыным гугъуехь куэд пыщIауэ, езыр лъапIэ дыдэу щыщыта. Абы щыгъуэ зи унэ абдж щхьэгъубжэ хэзылъхьэну Iэмал зиIэхэр нэхъ къулей дыдэхэрт. ЗыхузэфIэмыкIхэм абдж папщIэу къагъэсэбэпыр мывэхум (слюда) къыхэщIыкIарт. 
Япэрей абджхэр «фульгуриткIэ» зэджэ пкъахуэм къыхащIыкIырт. Фульгуритыр пшахъуэм хещIэ, уафэр хъуэпскIа нэужь. Нэхъыбэу къыщагъуэтыр хы Iуфэхэрщ. Ар къагъэхуабэурэ IэтIэлъатIэ ящIырти, абдж къыхащIыкIырт. 
Абджыр мэткIу температурэр цельсие 750-м щегъэжьауэ 2500 – м нэс щиIыгъым и деж. Ар зыгъэткIу пщтырагъыр елъытащ хэлъ пкъахуэхэм. Абджым и процент 70-р кварцщ, къанэр сэхурэ содэрэщ. Абджыр жыпхъэншэщ. Егъэлеяуэ пщтыр абджыр щIэхыу бгъэупщIыIу щхьэкIэ, ар занщIэу быдэ хъунукъым. Абджыр къэбгъэткIужу етIуанэу къэбгъэсэбэпыж мэхъу, абы щыгъуэми и фIагъым хэщIыркъым. Къапщтэмэ, етIуанэу къэбгъэткIужу абджым узыхуейр къыхэпщIыкIыжыныр зыкъомкIэ нэхъ пудщ, ар щIэуэ зэхэбгъэвэным нэхърэ. ГъэщIэгъуэнщ: абджым зэрыдэ Iудани къыхэпщIыкI мэхъу. Абджхэр ялэ гъущIыкIэхэм я оксидхэмкIэ. Псалъэм папщIэ, абы щхъуафэ е плъыжь-фIыцIафэ къыщIэбгъэуэн щхьэкIэ гъущIым и оксид, гъуэжьыфэ щIэбгъэлъэдэнумэ – уран, гъуабжафэ пщIынумэ – никель къэбгъэсэбэп хъунущ. Жырым хуэдэу быдэу абдж (бронированый) ящIын папщIэ, абджыр зыбжанэу зэтралъхьэри ягъэплъ, итIанэ пщтыру станокым щIагъэкIыж. Дунейм щынэхъ абдж Iув дыдэр Сидней океанариумым щыIэщ. Абы и Iувагъщ сантиметр 26-рэ. 
2015 гъэм Японием къыщагупсысащ абдж лIэужьыгъуэщIэ. Адрей абджхэм хуэдэу узэпхоплъ, ауэ и быдагъыр егъэлеящи, жырым хуэдэщ. 
Абдж лIэужьыгъуэхэм яхэтщ мыкъутэ. 1903 гъэм апхуэдэ зыщIар франджы химик Бенедиктус Эдуардщ. Шэ зыкIуэцIрымыкI япэ абджыр I941 гъэм США-м и Унэ хужьым хэт Овальнэ пэшым халъхьауэ щытащ. 
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абдж щIыныр япэу ирагъэжьащ Египетым, илъэс мини 6 хуэдиз ипэ. Абы щыхьэт техъуэ хьэпшып зыбжанэ иджырей Египетым къыщагъуэтыжащ. 
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: