Къэрал хабзэм йозэгъ

 КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щекIуэкIа пленарнэ зэIущIэм къыщащтащ «Республикэм и хабзэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и хабзэм и проектыр. А дэфтэрым хэлъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм щыгъуазэ дыхуещI КъБР-м и Парламентым КIэлъыплъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ.

Абы къызэрыхигъэщамкIэ, республикэ хабзэм и проектыр ягъэхьэзыращ 2023 гъэм мазаем и 6-м къащта «Урысей Федерацэм властыр зэрыщызегъэкIуапхъэм и хабзэхэр» Федеральнэ законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» къэралпсо хабзэ №I2-ФЗ-м ипкъ иткIэ.
2023 гъэм и гъатхэпэм и I-м къару зыгъуэта а хабзэм къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм я хабзэухуэ IэнатIэхэмрэ абыхэм щIыпIэхэм щаIэ къудамэхэмрэ я депутатхэм яIэ мылъкум, къахэхъуэм, ахэр зэрызэрагъэзахуэм тещIыхьа дэфтэрхэр (декларацэр) нэхъ тыншу ягъэхьэзыр зэрыхъунум. Иджыри къэс зекIуа хабзэмкIэ апхуэдэ дэфтэрхэр абыхэм илъэс къэс зэ ятын хуейщ.
 - Къыхэзгъэщыну сыхуейщ: хабзэм хэтлъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр зылъэIэсыр зи лэжьыгъэ IэнатIэм депутат Iуэхухэр дэзыхьхэр аращ, - жиIащ Кансаевэм. - Хьэрычэт Iуэхум епха зэгурыIуэныгъэ ин гуэрым Iэ традзамэ, абы къыпэкIуа мылъкур къыщыгъэлъэгъуа дэфтэр депутатым итын хуейщ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр зи гугъу тщIы лъэхъэнэм къриубыдэу емыкIуэкIамэ, депутатым абыкIэ хъыбар иригъэщIэн хуейщ Парламентым и комиссэм. Адрей депутатхэу ар зи лэжьыгъэ хъуахэм я дежкIэ хабзэр зэрыщытауэ къонэж.
 Зытепсэлъыхь Федеральнэ хабзэм ипкъ иткIэ, УФ-м и щIыналъэ, щIыпIэ властхэм я сайтхэм къыщагъэлъэгъуэнущ депутатхэм а хабзэр зэрагъэзащIэм теухуа хъыбархэр. Хабзэм и проектым апхуэдэу къыщыхьащ яIэ хэхъуэхэр, мылъкухэр, ахэр зэрызэрагъакIуэр зэрыт дэфтэрхэм къыщыгъэлъэгъуа бжыгъэхэм пэжыр я лъабжьэу щытрэ щымытрэ ткIийуэ зэрыкIэлъыплъынур.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: