Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр гъэувыным теухуауэ

ЩIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэ нэхъыфIхэм защIэгъэкъуэн икIи ахэр гъэгушхуэн, егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэр нэхъри Iэтын мурадкIэ унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэу «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ илъэс къэс иратынухэр гъэувын (адэкIэ – саугъэтхэр).
Саугъэтхэр ятынущ 2023 гъэмрэ абы къыкIэлъыкIуэ илъэсхэмрэ.
2. Саугъэтхэр мыпхуэдиз хъууэ гъэувын:
Сом мин 200 - «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэм;
Сом мини I00 - «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм къыхэжаныкIахэм.
3. Къэщтэн мы Указым щIыгъу, «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэм я IуэхукIэ Положениер.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хуэгъэувын 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ саугъэтхэр гъэувынымрэ ахэр тынымрэ текIуэдэну мылъкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетым къыхэкIыу хухихыну.
5. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ    КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм гъатхэпэм и 24-м
№27-УГ

Поделиться: