Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Гъатхэпэм и 28-м ди республикэм егъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Ар тхыдэм и пэжымрэ захуагъэмрэ зэ­тегъэувэжыным и дамыгъэу жыпIэ ­хъунущ. Балъкъэр лъэпкъыр щхьэ­-хуимыту я щIыналъэм зэрырахуам къы­дэкIуа гугъуехь псори къызэри­нэкIри, и хэкум къигъэзэжауэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми ехъулIэ­ныгъэхэр щызыIэригъэхьэу мэпсэу,  и лъэпкъ щэнхабзэр, псэкупсэ хъугъуэфIы­гъуэхэр ихъумэу. 
Нобэ балъкъэрхэмрэ республикэм ис адрей лъэпкъхэмрэ зэкъуэшыгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ я зэхуаку дэлъу мэпсэу, псоми ди зэхуэдэ унэм - Къэбэрдей-Балъкъэрым - и къэкIуэну ­дахэм телажьэу. 
Шэч къытесхьэркъым зэманым ­къигъэув гугъуехь псори дызэкъуэ­-  ту къызэрызэднэкIынум, ды­къы­щалъ­хуа республикэм, хэкум я ­зэ­Iузэпэщы­ныгъэм папщIэ ди пащ­хьэ къит къалэнхэр зэрытхуэгъэ­зэщIэнум. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми узыншагъэ, фIыгъуэ, насып яIэну ­сигуми си псэми къабгъэдэкIыу са­-хуо­хъуахъуэ.

Поделиться: