ПщIэ зыхуэтщI ныбжьэгъухэ!

Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ – Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
Иужьрей илъэсхэм Урысей гвардием Урысей Федерацэм и щхьэхуитыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ хъумэнымкIэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымкIэ къэрал IэнатIэ лъэщу зыкъигъэлъэгъуащ. 
Урысей Гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и зауэлIхэмрэ и лэжьакIуэхэмрэ Iэзагъышхуэ, лIыгъэ, хахуагъэ зыхэлъхэщ, я гъащIэм щымысхьу я къалэныр зэрагъэзэщIэным хущIэкъу гупщ. Фи IэщIагъэм къыдекIуэкI хабзэхэр евгъэфIакIуэкIэрэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ объектхэр хъумэным, жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, щIэпхъаджагъэ зылэжь гупхэм, терроризмэм, экстремизмэм япэщIэтыным фэ хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI. Мызэ-мытIэу къэвгъэлъэгъуащ, сыт хуэдэ щытыкIэ, уеблэмэ нэхъ шынагъуэ дыдэми фыкъыщихутами, фи IэщIагъэм фыхуэпэжу фи псалъэм фызэрытетыжыр. ФIыщIэ фхудощI хэкупсэ нэсу, Iуэхум гукIи псэкIи фетауэ фызэрыщытым, фи къалэныр нэгъэсауэ зэрывгъэзащIэм папщIэ.
Нобэ Урысей гвардием и щIыналъэ къудамэм и зауэлIхэмрэ унафэщIхэмрэ хахуэу хэтщ дзэ Iуэху хэхам, лIыгъэ къагъэлъагъуэу къапэщыт къалэнхэр ягъэзащIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэхэмрэ фIыщIэхэмрэ абыхэм я деж нэзгъэсыну сыхуейт. Шэч къытесхьэркъым, цIыхухэмрэ жылагъуэмрэ я шынагъуэншагъэр хъумэным, Хэкум къулыкъу хуэщIэным адэкIи щIыхь пылъу къызэрыпыфщэнум. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фыузыншэну, зэIузэпэщу фыпсэуну, ехъулIэныгъэхэр фиIэу Хэкум къулыкъу хуэфщIэну.
 

КIУЭКIУЭ Казбек, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ.
Поделиться: