ЩIэныгъэм къыхураджэ

Iимам Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым студентхэм ща­хутепсэлъыхьащ терроризмэм пэщIэтын зэры­хуейм. Зэхуэсыр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэ­пэ­щат, «КъБР-м экстремизмэмрэ тер­­ро­ризмэмрэ щыпэщIэтын» къэрал щIыналъэ программэм хыхьэу.

Абы хэтащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт, Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым и проректор Шыбзыхъуэ Мурат, КъБР-м ис­ муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Мысыр Хъызыр, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щыщIэным къы­пэрыкIыжа офицерхэм я «Мегапир» лъэпкъ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Аттаев Жашарбэч, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм я ветеранхэм я щIыналъэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Пыхъ МуIэед, дин лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ экстремизмэр къызэрыунэхуа щIыкIэми мы зэманым дуней псом щекIуэкI политикэр зыхуэдэми.
Гергоков Жамболэт жиIащ иужьрей илъэс зыбжанэм университетым щIэх-щIэхыурэ «стIол хъурейхэр» зэрыщрагъэкIуэкIыр, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм, гупсысэ мыхъумыщIэхэм ахэр щыхъумэным, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ зэрыпэщIэтыпхъэ Iэмалхэм теухуауэ.
- Мы Iуэхур Ислъам университетым къызэры­щызэдгъэпэщым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Нобэрей ди студентхэр мыгувэу мэжджытхэм увынущ, ахэр цIыху куэдым ядэлэжьэнущ. Абы къыхэкIыу я щIэныгъэм дегугъун, ахэр дунэтIын хуейщ, цIых­убэм гупсысэ тэмэм хахьэн щхьэкIэ, - жиIащ Гергоковым. - Мы зэманым языныкъуэ хамэ къэ­ралхэм Iэмал псори къагъэсэбэп хабзэм къемы­зэгъ Iуэхугъуэхэм ди щIалэгъуалэр драгъэгъэ­хьэхын, цIыхухэр къыхураджэн папщIэ. Зыщыдгъэ­гъупщэ хъунукъым щIэныгъэншагъэм гугъуехьу­ хъуам я нэхъыбэр къызэрыхэкIыр. Нобэ дыщызэIущIа еджапIэр дэIэпыкъуэгъуфI хъуну къыдолъытэ республикэм и жылагъуэ-политикэ зэ­пIэзэ­ры­ты­ныгъэм лъабжьэ хуэхъу Iуэхухэр гъэкIуэтэнымкIэ.
Гергоковым дыщIигъуащ иужьрей илъэсищым университетым апхуэдэ Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ зэрыщрагъэкIуэкIар. ЩIалэгъуалэр зэпымыууэ хэтщ республикэм къыщызэрагъэпэщ дин, жы­лагъуэ Iуэхухэм.
Абы къыхигъэщащ мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым дин зыIыгъхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэным, адэкIэ лэжьэным теухуауэ Iэмал псори щIыналъэм зэрыщагъуэтыр.
Аттаев Жашарбек жиIащ щIэныгъэм хуэпабгъэ, диным зыхэзыгъэгъуазэ щIалэгъуалэм зэра­IущIар зэригуапэр. Абы студентхэм яжриIащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ абы пэщIэщIэгъу­хэмрэ дзэ IуэхукIэ Урысейм къызэрыпэщIэувэм къыдэкIуэу, лъэпкъхэр зэпэщIигъэувэну зэрыхэ­тым зэригъэгузавэр. «Ар дэтхэнэми къыдгурыIуэу, экстремизмэм епха псоми дыпэщIэувэн хуейщ, ди хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зэран хуэдмыгъэхъуу. Ди щIалэгъуалэр и пэкIэ плъэфу егъэсэн, щапхъэ зытрахын егъэлъагъун хуейщ. Зэман гугъу къытпэщылъми, дызэрызэкъуэувэм елъытауэ щытынущ ди къэкIуэнур», - къыхигъэщащ абы.
ЗэIущIэм студентхэр къыщыхураджащ щIэныгъэр Iэпэдэгъэлэл ямыщIыну, заужьыну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: