Iуэху цIыкIуфэкIуу къытщыхъуми

Гъатхэпэм и 30-р ЩIыр хъумэным и махуэу дуней псом къыщалъытащ. Сыт, атIэ, ар дэ къызэрыдэгъэщIылIар?

Иджыри зэIубзкъым мы махуэр хэт сыт щыгъуэ къигупсысами, ауэ ар быдэу епхащ щIыуэпсым емыгуэуэнымрэ зэран едмыгъэкIынымрэ ехьэлIауэ длэжьыпхъэхэм. КъимыдэкIэри, щIыуэпсым теухуауэ къаIэт адрей Iуэхугъуэхэми хуэдэу, мы махуэм иджыри зэ дигу къегъэкIыж дыщыпсэу планетэм иIэну теплъэр зыхуэдэнур нобэ абы дызэрыхущытым куэдкIэ зэрелъытар.  

Гъатхэпэм и 30-м «удзыфэхэм» къызэрагъэпэщ хабзэщ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, зэлъыIухыным хуэгъэза зэхыхьэхэр, щIыхьэхухэр, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ яхуэсакъыным къыщыхураджэ дерс зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм щызэхахым, щалъагъум цIыхухэр ирагъэгупсыс ЩIым щысхьын зэрыхуейм, зэман мыжыжьэм абы насыпыншагъэ ин къылъэмыIэсын папщIэ.

Iуэху цIыкIуфэкIуу къытщыхъухэрщ дызытес ЩIыр щыпсэугъуафIэу къызэтезыгъэнэнур. Языныкъуэхэм деж дэ къытфIощI дыкъэзыухъуреихь дунейр зы цIыхум и закъуэ къарукIэ нэхъ дахи IуплъэгъуафIи тхуэмыщIыну. Ауэ ар щыуагъэщ - щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр дэтхэнэми езым и деж къыщыщIидзапхъэщ.

ЦIыхум езыр зыхуэмеиж тхылъымпIэ кIапэр къыздыхуэзэм деж щыхыфIимыдзэмэ, псыр зэригъэзахуэмэ, мэз лъапэм, губгъуэ нэщIым щызэхэсахэм я кIэрыхубжьэрыхухэр зэхуахьэсыжмэ - апхуэдэ IуэхущIафэ мыинхэми ди планетэр нэхъ къызэтрагъэнэнущ, ди узыншагъэри ирагъэфIэкIуэнущ.

ЩIыр хъумэным и махуэм дэ псоми IэмалыфI къыдет къытщIэхъуэ щIэблэр щыпсэуну планетэр къабзэу щыдгъэтыным дэтхэнэ зыми хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэтщIыфынум нэхъ тегъэчыныхьауэ дегупсысынымкIэ. А псом къадэкIуэуи, дэркIэ гурыIуэгъуэу щытыпхъэщ зи гугъу тщIы Iуэхум зы махуэ е, уеблэмэ зы илъэс хухэтхкIи зэрымащIэр. ЩIыр хъумэнымрэ зэIузэпэщ щIынымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр сыт хуэдэ зэманми тхуегъэкIуэкIынущ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: