Джэху Альберт и цIэр фIащ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и «Вершина» ОМОН-м и лэжьакIуэ, полицэм и сержант Джэху Альберт Руслан и къуэм, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдам, и фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахащ ар щеджа, Налшык къалэ и школ №19-м.

Абы кърихьэлIащ Урысей гвардием и щIыналъэ IэнатIэм и унафэщIхэм ящыщхэр, гупым хэтхэр, ветеранхэр. ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и лIыкIуэхэр, школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, хэкIуэда щIалэм и анэ Маринэ, и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.

- Альберт лIыхъужьу хэкIуэдащ, и къалэныр щIыхь пылъу игъэзащIэу. Ди дежкIэ нэхъыщхьэр абы ди къэралым и къэкIуэнум папщIэ зэрихьа лIыгъэм и фэеплъыр тхъумэнырщ, къытщIэхъуэ щIэблэр абы щыдгъэгъуэзэнырщ. Хэкум папщIэ зи псэр зытахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ, - жиIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, полковник Трушин Алексей.

Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Трушин Алексейрэ къалэ администрацэм и хъыбар-аналитикэ къудамэм и унафэщI Хьэбэчыр Зурабрэ. Школым и советым и унафэкIэ, полицэм и сержант нэхъыжь Джэху Альберт и цIэр фIащащ ар щеджа школым и кадет классым.

Iуэхум кърихьэлIахэм удз гъэгъахэр фэеплъ пхъэбгъум деж щагъэтIылъри, хэкIуэда хабзэхъумэм и фэеплъу дакъикъэкIэ щымащ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: