Сабий телъыджэ

Iуэтэж

- Уи къуэм  зиужьыркъым, къыгурыIуи хузэфIэкIи щыIэкъым, -  Ольгэ Ивановнэ и щхьэ Iэтарэ и напщIэр хишу Ася къыжриIат. Анэм апхуэдизкIэ и щхьэр ирихьэхати,  и  лъэгуажьэм жьэпкъкIэ лъэIэсыжу къыпщыхъурт. Езы Димэ  цIыкIуи абдеж гуфIэжу щытт. Ар нобэ нэхъ жьыуэ зэрашэжынур къыгурыIуати, тепыIэжыххэртэкъым.

         - Зыхуапэ, - жиIащ бзылъхугъэм, ерагъыу къыдришейри.   

         - Хъунщ, - жиIэри, и вакъэхэр зэмыгуэгъуу лъитIагъэри гуфIэжу къэуват Димэ.

         - Месри, плъагъуркъэ,  сэ жысIэр уи фIэщ мыхъумэ, еплъ, - жиIэри Ольгэ Ивановнэ  IукIыжащ.

         - Димэ, - уи вакъэхэм еплъыт.

         ЩIалэ цIыкIур зэрылъэлъу дыхьэшхри,  вакъитIыр зэгуэгъу ищIыжащ.

         - Адрейм хуэдэу нэхъ дахэт. Лъапэ цIыкIухэр лъэныкъуэ зырызкIэ плъэуэ. Чаплин Чарли срещхьыпст зо.

         - Псоми ящIэр щIадомыщIар сыт? Напэ къабзэм ущхьэщысу махуэр бгъэкIуауэ жаIэ.

         - Лэныстэхэр дзагуэти, къыхэзгъэжыр дахэ хъуртэкъым. Мо напэ хужьыбзэми сыщысхьащ. Мамэ, дыкIуэжмэ, ухуеймэ зэгъусэу  деплъынщ напэ хужьыбзэр зэрыдахэм?

         Ася хэщэтыкIри, зыри жиIакъым. Мы цIыкIур дунейм къыщытехьам хуабжьу гугъу ехьауэ щытащ. И щхьэм  дагъуэ зэригъуэтам тращIыхьу, зэи  мыпсэлъэну, къимыкIухьыну къыжезыIахэри мащIэкъым.

         Бзылъхугъэр гъыурэ ешри,  нэгъуэщI хэкIыпIэ  щимыгъуэтым, и къуэм къыхуеджэу  щIидзащ Ахматовэ Аннэ, Маршак Самуил, Барто Агние я усэхэм,   ар иригъэдаIуэрт Шуберт, Чайковскэм я макъамэхэм.  

         Мазибл щыхъум и щхьэр ерагъыу хуэIыгъыу арат, ауэ илъэс  иримыкъу щIыкIэ къикIухьын щIидзат. Илъэсищ щыхъум, хуиту къеджэрт хьэрф пIащэкIэ  тха тхылъхэм.

         Пшахъуалъэм адрей сабийхэм я гъусэу щымыджэгуу, лъэныкъуэкIэ IукIыурэ джэгукIэ  нэгъуэщIхэр къигупсысырт.

         «Ебгъэсакъыми аращ, зэрыщIын хуейр егъэлъагъу, уи сабийм зыцIыкIу удэлажьэркъым»,- къыжраIэрт Ася ар зылъагъу  бзылъхугъэхэм.

Ауэ Димэ  езым и джэгукIэм пхутекIынутэкъым.

         «Сабий садым гъакIуи, ягъэсэнущ, цIыху хэтыкIэ ищIэн хуейщ мыбы, армыхъу дэтщ и щхьэ закъуэ  кърелъэфэкIри», - къыжезыIахэм едэIуат, ауэ…

         Сабий садым щIэсхэми яхэзэгъакъым ар. Адрей сабийхэр зэрызехьэу щыджэгум, мо цIыкIур щхьэгъубжэм къыIумыкIыу Iутт.

         - КъакIуи адрейхэм я гъусэу джэгу, - гъэсакIуэхэм  къыжраIэмэ:

         - Уэшхым  и лъакъуэ цIыкIухэмкIэ уэрамым къызэрыщикIухьым феплъыт. Мо  псори абы  и лъэужьщ. Уэшхым лъакъуэ Iэджэ иIэщ.

         - Джэду сурэт пщIам  и пэр и нэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу щIыщытыр сыт? – жиIэрэ и гъэсакIуэр щIэупщIамэ:

         - Гукъыдэж иIэкъыми. Нэщхъей цIыкIущи, и гущIэм зегъазэ, - яритыжырт жэуап.

         - Уи къуэм и ныбжьхэм ящIэ къызэрыгуэкI Iуэхухэри хузэфIэкIыркъым. Бжэмышх къудей тэмэму хуэIыгъыркъым мыбы. Мыр дэ езым дгъашхэу  дыбгъэдэсын хуейуэ ара? – жиIэурэ Ольгэ Ивановнэ бзылъхугъэм къыщIэгубжьэрт.

         - Димэ, уи гъэсакIуэхэм  гуахъуэрэ бжэмышхрэ пхуэмыIыгъыу жаIэ, ар дауэ?

         - Мамэ, пщIэрэ,  ар абы я суп дыджыжьыр сымышхын щхьэкIэ зысщIауэ аращ. Ар зыуэ IэфIтэкъыми, уэ  пщIащэрэт.

         Зыми щахэмызагъэм, ар  и анэм  сабий садым къыщIишыжри, илъэскIэ унэм щIигъэсащ.   

***

         МузыкэмкIэ школым щIагъэтIысхьэнухэм я зэпеуэм илъэситху фIэкIа мыхъу щIалэ цIыкIуи яхэтт, къэпщытакIуэхэм ар пхамыгъэкIын ягугъами, зы  композиторым хигъэзыхьри утыкум къригъэхьащ.

         ШыкIэпшынэ  иIыгъыу  утыкум  Iэнкуну къихьащ зы щIалэ цIыкIу. Пэшым щIэс Ольгэ Ивановнэ (Димэ и гъэсакIуэу щытар) ар занщIэу къицIыхужат. Абы игу темыхуэу щыта Димэ и гуфIэкIэр зыхигъэгъуэщэн щыIэтэкъым.

         Димэ дахэу  еуэн щIидзащ шыкIэпшынэм. Езы бзылъхугъэм къыгурыIуэжакъым и гупсысэхэм  щрахьэжьар дапщэщми, ауэ ар дуней къабзэ, дуней дахэ гуэрым къыхэхутати, зыкъыхуэщIэжыртэкъым. Iэгуауэ иным  пэшымкIэ къригъэгъэзэжащ.

         КъэпщытакIуэ гупым я унафэщIыр щIэупщIащ:

- Димэ, икIэм деж узэуар хэт зейр.

ЩIалэ цIыкIур  ину  пыгуфIыкIри:

 - Сысейщ, - жиIащ.

- Хэт апхуэдэу мы макъамэр бгъэзащIэу уезыгъэсар?

- Зыми, сэ езым. Мы макъамэр бжьыхьэм жыгхэм къапыщэщыж тхьэмпэхэр къызэрыфэм теухуащ. Ауэ абыхэм ящыщ зы лъэтэфыркъым, и гущIыIум мэшбэв  щыжеящи. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ ар.

         Илъэс хъуауэ Димэ зыгъасэ Георгий Алексеевич утыкум къихьащ.

- Ныбжьэгъухэ, Димэ иджыри цIыкIу дыдэми, макъамэ етх. Нобэ ар япэу утыку къихьауэ аращи, вгъэгушхуэну сыхуейт. Пэжу, фигу ирихьакъэ абы игъэзэщIар?

- Ирихьащ, иджыри зыгуэр дегъэдаIуэт, - къаджэрт пэшым щIэсхэр.

- Хъунщ, нтIэ уэшхым теухуам фезгъэдэIуэнщ, - жиIащ а цIыкIум арэзыуэ.

Ольгэ Ивановнэ едаIуэрт уэшхым и лъэкъуампIэ цIыкIухэм ятеухуа макъамэм. ЗэрымыщIэкIэ абы игу къэкIыжат щIалэ цIыкIум джэду нэщхъейм  и сурэт ищIар. Иджыпсту абы езыр нэхъ ещхьт. Къыбгъэдэсым абы гу лъитэри:

- Сыт уи лажьэр? - жиIэри къеупщIати,

- Зыри… Макъамэр сигу дыхьэщащи аращ. Сыту сабий телъыджэ-тIэ мыр, - жиIащ щэху дыдэу.

 

          

 

Мельниковэ Людмилэ. ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ. Сурэтыр Горбань Михаил ейщ.
Поделиться:

Читать также: