«Жанхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу): хужьхэмрэ плъыжьхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэ»

         Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Iэпщацэ Вадим и тхылъ.

         Къуажэдэс щIалэ къызэрыгуэкIым, фIыщIэ хуэфащэу, илъэс куэд хъуауэ къуажэм и тхыдэ жыжьэр щIеджыкI, архивым хэлъ дэфтэрхэр къигъэсэбэпурэ. Апхуэдэу абы къыпикIухьакъым езыр къызыхэкIа Iэпщацэхэ я лъэпкъым и къежьапIэм и пэжыпIэр  къэлъыхъуэнми. Иужьрейм теухуауэ 2018 гъэм «КъаруIэпщэ» зыфIища япэ  тхылъыр къыдигъэкIащ.

         Нобэ зи гугъу тщIы етIуанэ документальнэ лэжьыгъэм, Жанхъуэтхьэблэ жылагъуэ закъуэм и щапхъэмкIэ, Iэпщацэм къыщигъэлъэгъуащ, граждан зауэм цIыхубэм къахуихьамрэ абы къыдэкIуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ.

         «ЗэщIэхъееныгъэ хужь» зыфIища япэ Iыхьэм авторым зэрыхузэфIэкIкIэ щызэхуихьэсыжащ езыхэр хуейуэ Iэщэр къащтэу Къэбэрдей шуудзэ полкым хэту зауэм кIуа къуажэдэс куэдым я цIэ-унэцIэхэр, абыхэм ятеухуа щыхьэт тхылъхэр, н.къ.

         «ЗэщIэхъееныгъэ плъыжь» фIэщыгъэм щIэт етIуанэ Iыхьэм дыщрохьэлIэ зауэ лъэхъэнэм къэунэхуа зэпэщIэтыныгъэхэм. Мыбдежми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Iуэхум и пэжыпIэр къыщыхуэмыгъуэтаи къыхэхуащ: красноармейцхэм ящыщ куэдым къагъэзэжакъым, абыхэм я цIэ-унэцIэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъымпIи щыIэххакъым. Апхуэдэу документ куэдым къыхощ  а зэрыхьзэрийм бэм къахуихьа тхьэмыщкIагъэр: цIыхуу щаукIам нэмыщI, зауэм Iухьэ шууейхэм яфIэкIуэдащ дыжьын хуэIухуэщIэхэм, Iэщэ лъапIэхэм къыщыщIэдзауэ, адыгэш къабзэхэмкIэ иухыжу куэд - зым ейр адрейм къытрихащ.

         ЩIы реформэм хуэгъэпса кIэух Iыхьэри дэфтэр гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ: унагъуэ къэс яIа Iэщ щхьэбжыгъэхэр, джэдкъазхэр, щIыр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIыр къазэремэщIэкIым къыхэкIыу, гъавэщIапIэхэмрэ мэкъупIэхэмрэ къуажэм фIыуэ пэжыжьэт. Абы къыхэкIыу бэджэнду къэзыщтэхэри къахэкIащ, ар нэхъ яфIэтыншу. Тхылъым къуажэдэсхэр зэрыщыгуфIыкIынум шэч хэлъкъым.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: