ПкIауэхэр нэхъ Iэзэжт

Гъатхэм и удз щхъуантIэхэм зэуэ къыхэтIысхьащ пкIауэ цIыкIухэр. Махуэм  ахэр мамырщ, ауэ жэщ зэрыхъуу, я цIру макъым ихъуреягъыр зэщIещтэ.

Иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэр щIэх-щIэхыурэ тепсэлъыхь хъуащ, цIыхухэмкIэ зэраныгъэ лъэпкъ зыбгъэдэмылъ апхуэдэ псэущхьэ къэзылъэтыхь цIыкIухэм я дуней тетыкIэм зихъуэжу зэрыхуежьам. Къапщтэмэ, хэт игугъэнт мэшбэв цIыкIухэр дзакъэ хъуну? Пэжщ, ар зыхэпщIэн хуэдэуи щыткъым, ауэ зэи мыдзэкъар дзакъэ щыхъум деж, щхьэусыгъуэр къыщылъыхъуапхъэр дунейм и щытыкIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэрщ; абыхэм я псэупIэ щIыуэпсым цIыхур хоIэбэ, ехъуэж, еубыдыпэ. Апхуэдэхэм деж псэущхьэхэм я нэхъ цIыкIу дыдэми зэрызихъумэжын Iэмал а щIыуэпсым кърет.

Губгъуэхэр, шыгъуэгу хадэхэр зи псэупIэ пкIауэхэм, шынагъэ гуэр къызэрыкъуэкIыу, псы гъуэжьыфэ къызэрызыпхадзым япэу гу лъызыта, Америкэм и щIэныгъэлIхэм а пкъыгъуэ ткIуаткIуэр зэрызэхэтыр къапщытэри, дихлорфенол къыхагъуэтащ. А пкъыгъуэм ущрихьэлIэр зэзэмызэххэт икIи псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, ар зезыхьэ пкIауэхэм щрихьэлIар къэралым и ипщэ лъэныкъуэм и закъуэт.  Апхуэдэ къэхутэныгъэщIэм къежьапIэ хуэхъуар къалъыхъуэурэ, икIэм-икIэжым, къагъуэтащ: пкIауэхэм зэрызахъумэжыну «Iэщэр» - дихлорфенолыр - Iэзэу къыхахырт бжьэхуц губгъуэхэм зэрелэжь гербицидхэм.

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: