ПIыв шытхым дыхуеIэу

Ди тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм зэрыщыжытIащи, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ тхыдэм аддэ жыжьэу къыщежьэ я къуэпсыжьхэмкIэ зэрызэблагъэр гурэ псэкIэ къозыгъащIэ хуэмэбжьымэхэр мащIэкъым. 

Ар нэхъри къридгъэнэIуэну дыхуеймэ, лъэпкъыжьитIым къызэранэкIа тхыдэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ-бзыпхъэхэмрэ щыгъуазэ захуэтщI къудейкIэ зэрызэфIэмыкIынури нэрылъагъущ. Абы къыдэкIуэу, «Псэм и лъахэ» («Апсны» - абхъазыбзэкIэ) цIэр зыгъэщыпкъэ щIыналъэм щыпсэухэм я псэкупсэр зыхозыгъащIэ нэщэнэхэм гу ялъыттэныр нэхъыщхьэжу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунури узэгупсысщ. 
Абхъаз щIыналъэм щыщу нэхъ къыхэсхыр Кавказ Ищхъэрэм ижькIэрэ щыпсэуа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я зекIуапIэжьу щыта, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэращ. 
Апхуэдэхэм ящыщу къызолъытэ Инал Нэху - адыгэ псоми я пщышхуэу тхыдэм къыхэнар - щыщIалъхьэжа Iуащхьэ телъыджэр зыдэт Бзыбэ (Бзыбь, Бзып) тIуащIэ абрагъуэр, абдежым зыдэзыгъэпщкIухьа Псхьу жылэ цIыкIур, а псоми унэсын папщIэ къурш тхыцIэ гъуэгукIэ узыблэкIын хуей Рицэ хыжьей цIэрыIуэмрэ сэмэгумкIэ нэхъ ищхьэжкIэ щыIэ Ауэдхъарэ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэмрэ, къэралитIым я гъунапкъэу къалъытэ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм гъунэгъу дыдэу кIэщIэт Мдзы хыжьей къабзащэр, гъэм и зэблэхъугъэм а щIыпIэм щхъуэкIэплъыкIэбэу щызэщIэгъагъэ къущхьэхъу хъупIэхэр, нэгъуэщI абы хуэдэхэхэри. 

Гъуэгуанэр къызэрыхэтха щIыкIэр

- Уэсыр къуршым къытрилъхьа нэужь, Бзыбэ къуэладжэм дыхьэгъуейщ. Иджыпсту абы кIуэн машини цIыхуи тхузэщIэгъэуIуэныр фIэщщIыгъуейщ, - къызжаIат Сыхъум туристхэм дэлажьэхэм, бгылъэ-мэзылъэу дызыIуплъэхэм зэуэзэпсэу уэс къызэрытрилъхьам къыхэкIыу. 
НэгъуэщI Iэмал щызмыгъуэтыжым, гъуэгугъуазэхэм «я жьэм жьэдэмыкI» Мдзы хыжьейм (абы укIуэныр нэхъ зэгъыу зэрыщытыр я щхьэусыгъуэу) зи лъэр нэзыхусыну зызыгъэхьэзыра гупым захезгъэтхащ. Мы гъуэгуанэр Инал и Iуащхьэр зыдэт къуэладжэ абрагъуэм зэрыпэжыжьэ щыIэтэкъым…
АтIэми, Мдзы зи фIэщыгъэ псы хъурейр, Рицэр зыдэт тIуащIэм елъытауэ, хы псыIум куэдкIэ нэхъ щхьэщыIэтыкIащ. Къэдгъэлъагъуэмэ, иужьрейр - метр 950-рэ, япэр - метр 2053-кIэ. 
Пщэдджыжьым жьыуэ къыспежьа «УАЗ» машинэм япэ дыдэу итIысхьар сэращ. Гублащхьэдэсыр къызыхэкIа лъэпкъкIэ алыджт. «Чульфэ Константин. КостякIэ укъызэджэми хъунущ», - къызитыжащ абы жэуап. 
Сочэ лъэныкъуэкIэ Абхъазым узэрихьэ гъунапкъэм къыщыщIэдзауэ Сыхъум нэсыху узэрыщызекIуэ автомобиль гъуэгум асфальт дэгъуэ зэрытралъхьам и фIыгъэкIэ, дызэрыс машинэм и шэрхъхэр тыншу щIэжырти, Бзыбэ псышхуэр къызыдэж тIуащIэм и Iур хым «щыхуиущIым» дызэримыгугъауэ псынщIэу дынэсащ. 
Лъэмыжым дызэрытелъадэу, сызыбгъэдэс гублащхьэдэсым, абы пэплъа нэхъей, и нитIыр лыдрэ езыри гуфIэжу, «иджыпсту жьышхуэ къыкъуэунущ!» - жиIэри, машинэм исхэм я дежкIэ зригъэзэкIащ. Абы и псалъэхэр и кIэм нигъэсагъэнтэкъым, ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къызэрыкъуэха жьапщэр «къыщыджьэхэпыджам». 
Асыхьэтым ар гъэщIэгъуэн тщыхъуами, дегупсысыжа иужь, абы и щхьэусыгъуэр зыхуэтхьар мыращ: япэрауэ, Бзыбэ къызыдэж тIуащIэр, хьэкхъуафэжьым ещхьу, бгъуфIэщ икIи бгъунжырыкIуэ шытххэмкIэ лъагэу къэувыхьащ. ЕтIуанэрауэ, псыхъуащхьэр уэсылъэ бгыщхьэхэм гъунэгъубзэу жьэхэгъэкъуащи, абыкIэ щыIэ хьэуар, гъэмахуэм зэрынэхъ щIыIэтыIэм къыхэкIыу, хуабагъэр щытепщэ хы псыIумкIэ къоIэ. Апхуэдэ щIыкIэм тету километри II0-рэ зи кIыхьагъ къуэладжэр къызэзынэкIа хьэуам, и лъабжьэм къызэрысу, жьапщэшхуэу зыкъыщызэщIещIэ. 
Псышхуэр къызыдэж тIуащIэм дыдэлъэдащи, машинитIым исхэм, дигухэр къилъэтыным хуэдэу, дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэр тфIэщIэщыгъуэу къыдоплъыхь. ДакъикъипщI хуэдиз дрижауэ, тIуащIэр зэкIэщIэкIуэтыжри, «Рицэ реликтовэ лъэпкъ парк» мэзгъэфIэным дыкъызэрысам теухуа тхыгъэ зыкIэрылъ пхъэбгъум и деж дыкъыщыувыIащ. 
А щIыпIэм машини цIыхуи, фIэкIыпIэ ямыIэу, мэзкъуэдым и гъунапкъэхъумэхэм щатх, ихьэпщIи щат. ЩIыпIаплъэ къежьахэм зыдамыгъэгъэхъейуэ, а «Iуэхугъуэ жьгъейхэр» гублащхьэдэсхэм тщхьэщахри, машинитIыр адэкIэ дежьэжащ.
ГъущIыгухэмкIэ дэ иджыри ткIуну зытедухуа гъуэгуанэр мащIэтэкъым: Рицэ хыжьей цIэрыIуэм дыбгъурыкIыу, ижьырабгъу лъэныкъуэм декIуэкI джабэ задэм кIэрыхьэ гъуэгу нэшэкъашэмкIэ къуэладжитIым я зэхуаку зыщызыIэт шытхыжьым дыкъытехутэн хуейт.

Дыгъэр а махуэм куэдрэ «къыддэджэгуащ»

Зэдежьа гупитIым зыкъыддищIрэ зыкъытхуэзыгъэщIагъуэу къыкъуэцIуукIыжа дыгъэми дыщыгуфIыкIын щIэддзэжа къудейуэ, аргуэру уэгу лъащIэм зыщIигъэпщкIуэжащ. «Бетэмал, хъуатэкъым ари!» - хужытIарэ ди гугъэри хэтхыжауэ, уафэм щызэрызекъуэу ита пшэхэм зэрыкъуалъэфэжам езыри иризэгуэпыжа, сытми нур гуащIэ гуакIуэр къызыпхыпс и уэрдыхъу дахэшхуэр аргуэру къытхузэщIигъэблэжащ, и бзий пщтырхэмкIэ дипкъ пыщIахэр къытхузэщIигъэплъэжу. 
Бзыбэ и къуэладжэм Iув дэхъухь зыгъэпсэхуакIуэхэр малъхъэдисым хуэдэу зыщIэзышэ нэгузыужьыпIэхэм я деж дыкъыщыувыIакъым, ящыщ дэтхэнэри гулъытэ зыхуэщIыпхъэ пэтми. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ «Юпшар куэбжэ» бгы зэв дыхьэпIэр, «Пщащэм и нэпсхэр щыщIигъэкI» псы къыпыткIупIэхэр, бгъуэнщIагъ гъэщIэгъуэнхэр зыдэт къуэ бгъунжыр, нэгъуэщIхэри. КIуэ, Рицэ гуэл цIэрыIуэм и деж укъыщымыувыIэныр «емыкIу дыдэу» къыщIэкIынти, дыщынэсым гъущIышхэм «зэдалъэхъащ».
Хыжьей уардэм и Iуфэм дызэрыIута дакъикъэ 20-м къриубыдэу, Iэгъуэблагъэр зэрыдахащэр гукIи псэкIи зыхэтщIащ. Рицэ япэу узыхуэзэ и нэзыр мывэ джэхурэ плиткэ зэмыфэгъукIэ екIуу къызэрыращIыкIам зэуэ гу лъыботэ. Абдежым дыкъыщыувыIэри, сурэтхэр зытредгъэхащ, тщыщ языныкъуэхэр псы хъурейм и Iуфэм Iут тыкуэн цIыкIухэм щIыхьащ, мыдрейхэми Iэгъуэблагъэр лъэсу зэщIагъэхьащ… 
Лъапэрытыр хьэкхъуафэжьым ирагъэщхьу къэзыувыхьа джабэ нэкIухэр зи хэщIапIэ мэз щхъуантIэшхуэхэм, пшапэр зэхэуэмэ жейм хилъафэ зи хабзэ, хыжьейр щагъэбэяужыну гущэр ягъэхьэзырыжа фIэкIа умыщIэну, заущэхуарэ щымыбзэу псы Iуфэм къыIутт. 

АдэкIэ докIуэ 

Псы хъурей щхъуантIэшхуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэм дыдекIуэкIыу, къуэм дыдэту дыздэжэм, асфальт тебзэр зэуэ иухри, гъуэгур быркъуэшыркъуэ хъуащ. Дызытехьа «лъагъуэр» куэдкIэ зэрынэхъ дэгъэзеигъуэми занщIэу гу лъыттащ…
Гъуэгугъуазэхэри дыздынэсыр нэхъ телъыджэж къызэрытщагъэхъуным яужь ит зэпытт: «гъущIышхэр» щIэх-щIэхыурэ къытхуагъэувыIэрти, дызыкIэрыхьа джабэ нэкIур зэрызадэм, къызэднэкIа хыжьей абрагъуэр аддэ жыжьэу и лъащIэхэмкIэ зэрыщыIэм, дызытехьа сэнтхым хуэегъэзыхыгъуэу къыщIэущхъуэнтIыкI удзылъэ-гъуэфылъэм совет лъэхъэнэ лъандэрэ ит Ауэдхъарэ зыгъэпсэхупIэм къыхэна унэ цIыкIухэми гу лъыдагъатэрт. Апхуэдэу, дызэрыс гъущIышхэр папщэрэ-къыхэгъуэгъукIыу, «къат» зытIущкIэ зытIэта иужь, «мы дыкъыщыщIидзари дэнэ?!» хужытIэу, джабащхьэ лъагэфI гуэрым зэуэ дыкъытехутащ. 
«Мыри дэнэ? Сытуи телъыджэ!», – зыхуэтхьынур дымыщIэу машинэхэм дыкъипкIащ. «ПIыв щхьэдэхыпIэщ!» – къыдатыжащ жэуап абдежым щызэхэт цIыхухэм. 
Абдежым сегупсысащ: «Ярэби, япэ къэсыр пхудегъэхьэхыну пIэрэ мыпхуэдэ гъуэгуанэм!» - жысIэри. Дыкъызытехута шытх папцIэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ, гуагъэукIуриикIа фIэкIа умыщIэну, ех уэх-къуэладжэ кууужьыр, дауи, Бзыбэ (Бзыбь, Псыбэ) псышхуэм бгыщхьэхэмкIэ щиIэ и къуэпс нэхъ инхэм, Агурипстэ, хуезыIуэнтIэхщ. АбыкIэ узыщхьэщыплъэ къуэ кууужьым и щIэм къыщIэбгъуэтэну псы бгъунжыр Бзыбэ псышхуэм зэрыхэлъэдэжми шэч къытрыуигъэхьэртэкъым къуакIэбгыкIэ абрагъуэхэм я къызэрымыкIуэ зэхэухуэнэкIэм… 
 

 

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться:

Читать также: