Процент 14,5-кIэ нэхъыбэщ

Урысей мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2023 гъэм хэгъэгум и гъавэгъэкIхэм сэгъуэ-къехьэлIэжыгъуэм трагъэкIуадэ ахъшэр хуэдэчых щIыкIэу ярет. 
Губгъуэ лэжьыгъэхэм ирахьэлIэн папщIэ, зи гугъу тщIы ахъшэ хъумапIэм мы гъэр къызэрихьэрэ сом мелуани 119,5-м нэблагъэ щIыхуэу итакIэщ. Абы щыщу сом мелуан 77,8-р мэкъумэшыщIэхэм зэрыIэрагъэхьар худэчых щIыкIэу щIыхуэ зэрырат программэм (льгот кредиткIэ) тетущ (илъэсым и кIуэцIкIэ проценти 5 нэхъыбэ щхьэщамытыкIыу). Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм зрагъэхъулIам нэхърэ процент 14,5-кIэ нэхъыбэщ. 
Урысей мэкъумэш банкым и щIыналъэ къудамэм щIыхуэ зэрыхущIэлъэIу тхылъу щIэлъым, псори зэхэту, сом мелуан 90-м щIигъу къызэщIаубыдэ. КъызэрабжамкIэ, 2023 гъэм сэгъуэ-къехьэлIэжыгъуэм трагъэкIуадэн папщIэ, банкым псори зэхэту, сом мелуан 200-м нызэрыхьэс щIыхуэу итыфынущ. 
Банкым ахъшэ къыIырах мэкъумэш предприятэхэм, фермер хозяйствэхэм, уней хьэрычэтыщIэхэм. КъаIэрыхьар къагъэсэбэп сэгъуэ-къехьэлIэжыгъуэм техникэр зыхуей хуагъэзэнымкIэ, дагъэ-гъэсыныпхъэхэр къащэхунымкIэ, щIыгъэпшэрхэр губгъуэм и чэзум ирашэлIэнымкIэ, жылэхэмкIэ зыкъызэрагъэпэщынымкIэ. 
«Урысей мэкъумэш банкыр ахъшэкIэ зэрадэIэпыкъур сэбэпышхуэщ щIыналъэр губгъуэ лэжьыгъэхэм щехъулIэнымкIэ, зэрыщыту къатщтэмэ, къэралым ерыскъы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэригъэпэщынымкIэ. Ауэ щыхъукIи, худэчых щIыкIэу щIыхуэ зэрыттыр яхуэмыщхьэпэныр Iэмал зимыIэщ мэкъумэшым пыщIа IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэ щхьэхуэхэмрэ зыкъаужьынымкIэ, я пщэ далъхьэж къалэнхэр и чэзум ягъэзэщIэнымкIэ, - къыхигъэщащ Урысей мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим. 
Мыри дэщIыгъужыпхъэщ. 2000 гъэм къызэрагъэпэща Урысей мэкъумэш банк акционер зэгухьэныгъэр (АО-р) мы зэманым къэралым и ахъшэ хъумапIэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ. 
 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также: