Париж и Гранд операрГранд опера е Гарнье опера хъужыр – франджым и театр нэхъыщхьэрщ икIи ар дуней псом и оперэ сценэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Гарнье операм и тхыдэр Театрым и тхыдэр 1669 гъэм къыщожьэр, Людвиг XIV-м и тетыгъэум хиубыдэу. Гранд операр а зэманым Париж щаухуа концерт гъэлъэгъуапIэ 13-нэ хъуащ. Франджым къыщыхъуа революцэ иным щыщIэдзауэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ пщIондэ, театрым и фIэщыгъэр мызэ-мытIэу яхъуэжащ. Ар зэм ГъуазджэхэмкIэ театр, зэм Оперэ театр, зэм макъамэмрэ къафэмкIэ Пащтыхь академием хуэкIуэжырт. Гранд операм и теплъэр Гарнье операм и ипщэ лъэныкъуэр IуплъапIэщ, абы и дахагъэр цIыхухэм ягъэщIагъуэу. Ар пасэрей маскэхэмрэ дамыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Абы щыболъагъу композитор цIэрыIуэхэм я бюстхэр: Бетховен, Моцарт, Россини, нэгъуэщIхэри. Гранд операм и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щагъэуващ ухуэныгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Гарнье Шарль и бюстыр. А лъэныкъуэм хуозэ Наполеон III-р гуимэкIэ театрым Iухьэфын хуэдэу ящIа пандусыр. Абдеж иджы щытщ «Фантом» шхапIэр. Ищхъэрэ щIыхьэпIэращ театрым и лэжьакIуэхэм къагъэсэбэпыр. Театр пэшыр Гранд операм и лэжьыгъэ псори щагъэлъагъуэм нал теплъэ иIэщ икIи ар дыщафэ-плъыжьыфэщ. Унащхьэм фIадзащ тонний хъу абдж люстрэ абрагъуэр. Ар зрагъэува плафоныр 1964 гъэм зи Iэдакъэ къыщIэкIар ди хэкуэгъу художник Шагал Маркщ. Пэшышхуэм щIэтщ театреплъ 1900-рэ щытIысын къэдабэ шэнтжьейхэр. Метр зэбгъузэнатIэ 220-рэ хъу лэжьыгъэр зи плъыфэкIэ зэщхьэщыкI Iыхьитхуу гуэшат дэтхэнэми классикэ оперэ е балет теплъэгъуэ къищу. Апхуэдэщ «Тристан и Изольда», «Ромео и Джульетта», «Жар-птица», «Дафнис и Хлои», «Лебединое озеро» «Жизель», «Борис Годунов», «Волшебная флейта», «Пеллиас и Мелизанда» лэжьыгъэхэр. Апхуэдэу Марк гулъытэ яхуищIащ композиторхэу Бизе, Верди, Бетховен, Глюк сымэ я лэжьыгъэхэми. КъэфапIэр Театр сценэм адэкIэ, къэдабэ Iупхъуэхэр зыIулъ щхьэгъубжэхэм ухуэкIуэмэ, къэфапIэ утым уохьэ. Дыщафэ блынхэр зэбэкI пэшыр сыткIи хуэщIащ балет труппэхэр утыку ихьэн ипэкIэ зыкъызэщIагъэплъэным. А блынхэр ягъэдахэ Франджым, дуней псом я балеринэ цIэрыIуэхэм я сурэтхэм. Хъыбар гъэщIэгъуэнхэр Гранд-операм и щIыунэм, мафIэс къэхъу хъумэ жаIэу щагъэува псы гуэным карпхэр хэсщ. Бдзэжьейхэм театрым и лэжьакIуэхэм я нэIэ тетщ, ягъашхэ. Театрым и унащхьэм бжьэ матэхэр тетщ, Париж и нэгъуэщI унэхэми хуэдэу.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
27.04.2024 - 10:01 →
Макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэр
26.04.2024 - 15:39 →
ПащIэ Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр
|