Псыжь и макъамэ

Къэбэрдей-шэрджэс литературэм лъэужьыфI къыхэзынахэм ящыщщ Дыгъужь Къурмэн (1941-1984). Ар къыщалъхуащ Хъумэрэн (Абыкъухьэблэ) шэрджэс къуажэм, Псыжь (Кубань) Iуфэм Iусым. Къурмэн а псыр зыхилъхьэ щымыIэу, фIы дыдэу илъагъуу щытащ. Абы и образыр и усэхэм зыубгъуауэ хэтщ, уеблэмэ и япэ тхылъым «Псыжь и толъкъунхэр» щIыфIищари аращ.
КУЭД ДЫДЭ схужыIэнут а цIыху дахэм, гу къабзэм, ныбжьэгъуфIым теухуауэ, ауэ нэхъ сфIэигъуэщ и IэдакъэщIэкIхэм сытепсэлъыхьмэ.     Дыгъужь Къурмэн къытхуигъэнащ поэмэ, повесть («ТехьэпщIэ»), роман («Бжьыхьэ псыдзэ»), очерк, рассказ хьэлэмэтхэр. Абыхэм ящыщ гуэрхэри еджапIэм и программэм хэтщ. Ауэ Къурмэн тхэн къызэрыщIидзари и гъащIэ псом гъуэгу гъуэмылэу иIари усэхэрщ. Усэхэмрэ поэмэхэмрэ иту тхылъ щхьэхуэхэр къыдигъэкIащ Къурмэн – «Псыжь и толъкъунхэр», «Тхьэрыкъуэхэм я къафэ», «Журавли» (урысыбзэкIэ). Дыгъужьым и усыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытрадзэу щытащ газетхэм, журналхэм, тхакIуэхэм зэхуэхьэсауэ къыдагъэкI тхылъхэм.
Дыгъужь Къурмэн яхэтащ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм япэу запызыщIахэм. Хэхэс гъащIэм теухуауэ абы итхащ усэ зыбжани: «Тыркум щыпсэу адыгэм и гупсысэхэр», «Тенджыз ФIыцIэр», «Сыфлъыхъуащ», нэгъуэщIхэри. Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм яхуэтхэрт, я гур къиIэтырт. Адыгэ лъэпкъ гупсысэр, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр пхырокIыр Дыгъужь Курмэн и Iэужь псоми. СатыриплI фIэкIа мыхъу и усэм абы къыщигъэлъэгъуащ образ хъарзынэ: адыгэм и жьыр нэхъ ину къыщIихумэ, езым и «мафIэр нэхъри гуащIэу зэщIэплъэнущ», адыгэм папщIэ ямыгъэпсэумэ, «адыгэм папщIэ зигъэлIэнущ». Адыгэ лъэпкъым теухуауэ итхахэм имызакъуэу, Къурмэн еш имыщIэу телэжьащ дунейм тепхъа ди лъэпкъыр зэщIэкъуэжыным, зы гупсысэм хуэунэтIыным. Аращ Дыгъужьым и IэдакъэщIэкIхэм Адыгейми, Къэбэрдейми, Тыркуми, Абхъазми, Иорданиеми къыщыщIэупщIэу, езыми сэлам гуапэ къыхуагъэхьу дунейм щIытетар.
Дунейпсо литературэм ухэплъэмэ, усакIуэ, тхакIуэ куэд псэуащ зытетхыхьыр фIэщхъуныгъэ хэлъу къагъэлъэгъуэн щхьэкIэ IэщIагъэ гугъухэм зыхуагъасэу. Золя Эмиль, псалъэм папщIэ, фIамыщI къыщIэзыххэм теухуа роман итхыным ипэкIэ шахтхэм мызэ-мытIэу щIыхьащ, Ибсен Генрик лэжьапIэ зыбжанэ ихъуэжащ. Апхуэдэт Горький Максими.
ЗыкъомкIэ абыхэм ещхьт Дыгъужь Къурмэни. Курыт еджапIэр къимыух щIыкIэ мэлыхъуэу илъэситI лэжьащ, балигъ хъури- блынзэтелъхьэу, штукатурщикыу щытащ. Москва Литературэ институтыр къыщиухри, «джанэ къабзэхэм» ярихэтыну къулыкъу зыбжани иIащ: «Ленин нур» газетым и корреспонденту, радиом, ТхакIуэхэм я союзым и къулыкъущIэу, тхылъ щащэ тыкуэн нэхъ ин дыдэу Черкесск дэтым и унафэщIу щытащ, ауэ Къурмэн а псор IэщIыб ищIри, Химзаводым и хьэлъэзехьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ, фIыуэ цIыху къызэрыгуэкIхэм къалъагъуу, пщIэнтIэпсым и уасэр ищIэу. А псор сэбэп къыщыхуэхъуащ и творчествэм, езы Къурмэн и хъэтI, и тхэкIэ, и дамыгъэ зэригъэпэщыжынымкIэ. ТхакIуэм и поэмэхэр, повестыр, романыр зэриухуэм фIэщхъуныгъэ хэлъщ, сыту жыпIэмэ гъащIэр зищIысыр езым игъэващи, ар зэрищIэр хъыбаркIэкъым, атIэ илъэгъуахэмрэ зыхищIахэмкIэщ.
Къурмэн, ищхьэкIэ зэрыжысIащи, Псыжь хуихь гупсысэр гуэхыпIэ имыIэу хиухуэнащ итха псоми, а псым «нэхъыжьыпIэр» хуагъэфащэр ИнжыджитIми, Уарпи, Лаби, абы йоджэр «ди Псыжь-гъуэмылэжь»-кIэ. Псыжь и образыр хэтщ Дыгъужь Къурмэн уэсят пэлъытэу итха «ЛъэIу»-ми.
Псыжь и макъым хуэдабзэу, ди щIэблэр щIэдэIун хуейщ Дыгъужь Къурмэн и усэхэм щIэлъ макъамэм, дерс къыхихыпхъэщ хуейщ и гупсысэхэм, и хэкур, и лъэпкъыр фIы дыдэу илъагъуу, адыгагъэр дэни щигъэлъапIэу зэрыщытам.

БАКIУУ Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик.
Поделиться: