ХьэщIэ егъэжьэжыгъуей

Хьэбалэ и къуэш нэхъыжь Данил апхуэдизкIэ укIытэхти и къэшэгъуэ ныбжьым щиувам, зэгуакIуэ пщащэхэр мымащIэми, хэхауэ зыгуэрым бгъэдыхьэу зыкIи зыкъригъэщIэфынутэкъымэ, «зыIурамылъхьэж» жыхуаIэм хуэдэт. Ауэ езыр щIалэ гъэсат, жыIэдаIуэт, фIыуи еджат, IэпщIэлъапщIэт, фади тутыни ефэртэкъым икIи лъагъугъуафIэт.
Сытми, хыхьэхэкI зиIэ зы цIыхубз псэуакIуэ икIи теплъэкIэ езым хуэфэщэн пситI-псищ зэпиупщIщ, хамэ къуажэ къикIри, напIэ зэтелъхьэгъуэ хуэдиз нэхъ темыкIуадэу езым ишати, хьэблэр зэгуэудт. Зэгуэудт щхъухьпсыхь кърихарэ напIэзыпIэм псэ къабзэкIэ дихьэхарэ къахуэщIэртэкъыми. КIуэ пэтми я бампIэм хэхъуэ зэпыту илъэсхэр блэкIырт, Данил и унагъуэр, благъэр, Iыхьлыр игу къэкIыу лъагъунлъагъу къэкIуэжыртэкъыми.                            
И къуэш нэхъыщIэ хьэкIэпычым мурад ещI езыр кIэлъыгъуэзэну, и Iуэху зытетыр къищIэу бампIэм имыгъэпсэухэм ягу игъэзэгъэну.
Зыдыхьа жылагъуэм дэсхэм и къуэшыр щыпсэур Хьэбалэ къыщрагъэлъэгъуам, жиIэнури зыхуихьынури имыщIэу и жьэр Iурыхуащ, и бзэри тэлайкIэ иубыдащ. ИгъащIэм пщ1ыхьэпIэм хэту илъэгъуатэкъым хуэмыщIауэ зи гъащIэр зыхь шынэхъыщIэм апхуэдэ унэ-лъапсэ зэпэщ.  «Уэлэхьи, си къуэшышхуэ, иджы къызгурыIуам лъагъунлъагъу уныщIэмыкIуэжыр, жэщибл- махуиблкIэ Iэтауэ сывгъэхьэщIэми къыфтехьэлъэн хуэмей», - жиIэщ Хьэбали, пщIантIэм здидзащ.   КIэщIу жыпIэмэ, кIуэжым иIуэтэжу бампIэм ихь хьэблэр зэгуагъэудыну, зрагъэхъуэпсэну хуея, хьэмэрэ нэгъуэщI гуэр ягу илъа - ерыскъымрэ зэфэн-зэшхэнымрэ я нэхъыфIымрэ нэхъ лъапIэмрэ хьэщIэм и Iэнэр къикъутэрт. Хьэбали, лъэхъуэщым къикIыжам хуэдэу, шхэрт, ефэрт, жейрт, гъуэгу техьэжын Iуэху зэрихуэртэкъым. Апхуэдэу зы махуи, махуитIи, махуищи докI, ауэ хэт апхуэдэ тхъэгъуэр IэщIыб пхуэзыщIынур.    Хьэбалэ хуэм-хуэмурэ къаужэгъу. Уеблэмэ япэщIыкIэ: «УщыкIуэжкIэ гъуэгупщIэ пщIынщ, умэжалIэ хъумэ, шхапIэм ущIыхьэнщи ерыскъы гуэр пшхынщ, уи жыпми зыгуэр илъу уи унагъуэ уихьэжынщ», - жаIэри, зэм нэхърэ зэм нэхъыбэу сом зыкIэрытхэр IэщIакуэ. Ауэ дэнэт: Хьэбалэ нэхъри IэтIэлъатIэу итIысыкI фIэкIа, пIащIэгъуэ и Iуэхум хэлъкъымэ.
Аргуэру, махуэ зытIущ дэкIауэ, хьэщIэр щемыжьэжым, къызэрыгурыIуэнкIэ, и тхьэкIумэм ирагъаIуэ зэрахуэмышэчыжыр. Апхуэдэу щыхъум, Хьэбалэ зэ фIыуэ шхэжщ, ирата ахъшэр ибжыжри, и къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ яжриIащ: «Сэ икъукIэ фызыщыгуфIыкIын хъыбар фэзгъэщIэнущи, гуфIапщIэ къызэфтмэ, сежьэжыну сыхьэзырщ», - жиIащ.
Дуней гуфIэгъуэр зэрахьэу, зэщхьэгъусэхэм хьэщIэм и лъэIур игу загъэу ягъэзэщIащ икIи абы иужь и цIэм «мыгуэмыжьэ» псалъэр пагъэувэри, я унэбжэри куэбжэри IуамыгъэзэщIыкI хъуащ.

                                              Хъушэм яхухэмыхьэ жэмыжь

  Iэхъуэр хъушэм хухэмыхьэ зы жэмыжьым егъэлеяуэ игъэбампIэрт. УвыIэгъуэ имыIэу лъэсуи шууи кърихуэкIащ, арщхьэкIэ зыри мыхьэнэ иIэтэкъымэ.Зы махуэ гуэрым, икъукIэ къигъэгубжьауэ, кърихуэкIым-кърихуэкIыурэ Iэщ Iэлыр бгым щхьэщихуэри иригъэукIати, Iэщыхъуэ тхьэмыщкIэр гужьеижауэ: «Алыхьым зыми имейуэ къыщIигъэкI», - жиIэрт.

Зы гукъеуэ закъуэ           

Хьэжмусэрэ Хьэрэбийрэ зэныбжьэгъушхуэт, Iуэху щыIэми зэдащIэрт, зэгъусэу загъэпсэхурт. КIэщIу жыпIэмэ, я псэр зы чысэм илът. Ауэ зэрызэщхьэщыкIыр зы закъуэт – Хьэжмусэ футбол илъагъу хъуртэкъым, Хьэрэбий топджэгу Налшык стадионым щекIуэкIыу къызэрыбгъэувыIэфын щыIэтэкъым. И адэ-анэр абы ирибампIэрти: «Насып диIэм дыщылIа махуэм футбол щыIэнкъым, армыхъуамэ, ди хьэдэм ебакъуэу абы еплъыну кIуэфынущ икIи дэри езыми ди напэр трихыфынущ», - жаIэрт.  

Апхуэдэ зы махуэ гуэр Хьэжмусэ къуажэм къикIри, Налшык къэкIуащ, зэрысабий лъандэрэ и ныбжьэгъуу, и классэгъуу щыта Хьэрэбий и  деж. АрщхьэкIэ дэнэт, и ныбжьэгъур футбол еплъыну щIэкIыу ирихьэлIащ. Зэрыгъэмэхыным нэблагъэху зэдэуа иужь, Хьэрэбий и жыIэ тригъакIуэри, и ныбжьэгъур къытригъэхьащ топджэгу илъагъу мыхъум и гъусэу кIуэуэ еплъыну. Ди командэр къыхагъэщIауэ иухати, Хьэрэбий нэщхъей къэхъуащ. Ауэ, абы и «гуауэр» зэуэ щигъэгъупщащ, уеблэмэ игъэдыхьэшхыжащ «хэт текIуар?» - жиIэу и ныбжьэгъур къызэреупщIам.

Шафий Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ